ГъущIапщэ Арсен и пшыхь

Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академиемрэ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу къыхалъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI ГъущIапщэ Арсен и гъэлъэгъуэныгъэр Иджырей гъуазджэмкIэ унэм щекIуэкIащ. СурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр зрагъэлъагъуну щIэхъуэпсхэр КъБР-м и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу къызэIуаха паркым ит гъуазджэщым мы махуэхэм щопэкIу.

ГъущIапщэ Арсен и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъуам ирырагъэхьэлIащ гъэлъэгъуэныгъэр. Ар и лэжьыгъэм и зы теуэгъуэу къилъытащ скъарыщIым. ГъущIапщэм цIыхубэм я пащхьэ ирилъхьа и IэдакъэщIэкIхэм тхылъымпIэм, мывэм, гъущIым къыхэщIыкIахэр яхэтт. «ГъащIэ жыг», «ФIыгъуэ жыг», «ЗэпрыкIыпIэ» фIэщыгъэхэр зрита гъуазджэ зэужьхэм тегъэщIапIэ ящI лъэпкъым и блэкIар, къызэринэкIа тхыдэ гъуэгуанэр.

Гъэлъэгъуэныгъэм курых хуэхъуащ ГъущIапщэм «ГъащIэ жыг» зыфIища зэужь гупыр. Абы къызэщIиубыдэ мывэскъархэм, тхылъымпIэ Iэпэщысэхэм, гъущI Iэужьхэм нэгум къыщIагъэхьэ адыгэм и тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, ауэ нэхъ зыхэпщIэу къахэщыр Урыс-Кавказ зауэм лъэпкъыр зыпхыкIа нэщIэбжьэрщ. ГъущIапщэм зэрыжиIэмкIэ, «ГъащIэ жыгыр» адыгэхэм я IуэрыIуатэм щIыпIэшхуэ щызыубыд Iуэхугъуэщ. «Дунеищыр – уафэм щыIэр, щIыгум щызекIуэр, щIы щIагъым щекIуэкIыр – зэпещIэ гъащIэ жыгым. Ар щIэныгъэм и фащэщ, гупсысэм и щIэбзэщ, акъылым и тебзэщ. ГъащIэ жыгыр фIэщхъуныгъэм и дамыгъэщ. Сыт хуэдиз гуауэщхьэуэ лъэпкъым и щхьэ къримыкIуэми, къызэрызэфIэувэжын, зэрызиужьыжын, зыкъызэриIэтыжын гуащIэхэхыпIэщ гъащIэ жыгыр», – жеIэ ГъущIапщэм. СкъарыщIым и IэдакъэщIэкIхэр зэрыщыту и лэжьыгъэм курых хуэхъу а тегъэщIапIэм къуэпс нэрымылъагъу защIэкIэ къокIуэлIэж. ЩыIар, щыIэр, щыIэнур лъагъуэбэу зэкIэщIэкIми, щызэкIэщIэкI щIыпIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр гъэщIэгъуэну къеIуатэ.

КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ и псалъэмакъым къыщыхигъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм Кавказ Ищхъэрэм и сурэтыщIхэм къищынэмыщIауэ, Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ IэщIагъэлIхэр къызэрырихьэлIар, ГъущIапщэм и лэжьэкIэм иджырей дунейм и нэщэнэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэзыгъуатэ къэхутакIуэхэри зэрыхэтыр. Апхуэдэу Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием Гъуазджэм и тхыдэмрэ теориемкIэ и щIэныгъэхутэ институтым и унафэщI Ступин Сергей къызэрыхигъэщамкIэ, ГъущIапщэр зи хъэтI зиIэж, зыми емыщхь IэщIагъэлIщ.

«Къыхэгъэщын хуейщ ГъущIапщэм щIэныгъэфI зэриIэр, и диплом лэжьыгъэр дыщэ медалкIэ къыхагъэщауэ зэрыщытар. Абы лъандэрэ Iэджэ илъэси дэкIыжащ, ауэ дапщэщи Iэнкун уищIу и Iэм хьэлэмэтлажьэхэр къегъэщI. Ар къыщащIэр Урысейм и закъуэкъым, ар фIы дыдэу къыщацIыху Тыркуми, Иорданиеми, Израилми. Сыт къызыхэкIыр? Абы ублапIэ хуэхъур и лъэпкъ щIэжырщ, и дуней лъагъукIэрщ. Адыгэ хэхэс дунейр лъэпкъ къэгъэщIыгъэр къызэрацIыху нэщэнэхэр щыIэщи, ахэр ГъущIапщэм и IэдакъэщIэкIхэр IупщIу яхыболъагъуэ, ар занщIэу къызэрыхалъагъуэкIыфым къыхэкIыу хамэщI щыIэ и лъэпкъэгъухэр абыхэм къыщIэупщIэ зэпытщ. Си щхьэкIэ къапщтэмэ, ГъущIапщэм и лэжьыгъэхэм ящыщу «ГъащIэ жыг» зыфIищар зыхуэзгъадэ щыIэкъым – ар уардэщ, узыгъэгупсысэщ, фIэщхъуныгъэ куу къозытщ», – жиIащ Ступин Сергей.

ЩIэныгъэлIым къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэс 20-м къыщыунэхуа гъуазджэ лэжьакIуэхэм ящыщу Црым Руслан, Мэзло Эдуард, ГъущIапщэ Арсен сымэ сурэт щIыным и унэтIыныгъэм щыщу рецептуализмкIэ зэджэм фIыуэ зрагъэужьащ, я гъэлъэгъуэныгъэхэри гулъытэншэ зэи хъуркъым. «Нобэ гуэрми «ГъащIэ жыгкIэ» зэджэм и теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал имыIэу хьэлэмэту зэхэухуэнащ. ГъащIэр зэрымахэр, ауэ сыт хуэдизу мымахэми, ужьых зэримыIэр къагъэлъагъуэ тхылъымпIэми, мывэми, гъущIми къыхэщIыкIа Iэпэщысэхэм. Ауэ абдеж къыщыувыIэркъым – дэтхэнэми лъагъуэщIэ хэпшыну Iэмал къыуат, гупсысэм гъунэ зэримыIэр уи фIэщ ящI», – къыпищащ Ступин.

Урысейм и цIыхубэ тхакIуэ, академик Петров Константин псалъэ щратым, ГъущIапщэр скъарыщI-гупсысакIуэу зэрыщытыр къыхигъэщащ. «ГъущIапщэм ущIехъуэпсэн фIыгъуэ куэд бгъэдэлъщ. Сыт хуэдэ IуэхущIапIэри игъэдэхэнущ абы и IэдакъэщIэкIхэм, хэти игъэгупсысэнущ абыхэм. ГъущIапщэм и IэщIагъэм езым хилъхьа гупсысэр нэгъуэщIым къыхигъуэтэжын хуейуэ тригъэчыныхьыркъым. ЦIыхур игъэгупсысэ къудеймэ, и лэжьыгъэм игъэзэщIапхъэ къалэн нэхъыщхьэр зэфIихауэ къелъытэ. Сэ ар къызэхъулIэркъым, ауэ Арсен къохъулIэ», – жиIащ Петров Константин.

ЗэIущIэ дахэм кърихьэлIащ УФ-ми КъБР-ми я цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман. ГъущIапщэм и лэжьыгъэхэр зэрыIыгъыу иджы фIэкIа зэримылъэгъуамкIэ зиумысыжащ Пащтым. «СурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм яхилъхьэ гупсысэмрэ ящIилъхьэ щIагъыбзэмрэ къэплъыхъуэну, зэрызиужьам, зэрызихъуэжам, балигъыпIэм зэриувам укIэлъыплъыну Iэмал щыIэ хъуащ. Сыту гуапэ-тIэ къытщIэхъуэ щIэблэр зэрефIакIуэр плъагъуну. КъэкIуэн дызэриIэм ар и щапхъэщи, гуфIэгъуэщ, дэри тлъэкI къэдмыгъанэу щIэгъэкъуэн дахуэхъунущ», – жиIащ Пащты Герман.

Апхуэдэу зэхуэсым къыщыпсэлъащ Кавказ Ищхъэрэм щыIэ сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, я лIыкIуэхэр.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: