Щэлэуатыр нэхъыбэху нэхъыфIщ

Щэлэуат хъужыр ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам Алыхьталэм и фIыгъуэр къеуэлIэну узэрыхуэлъаIуэ псалъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, нэмэзым хэт Iэтэхьиятым и кIэм жаIэ хабзэ «Iэллахьуммэ, щэлли гьэла Мухьэммэдин…» псалъэхэри щэлэуатым и зы лIэужьыгъуэщ. Апхуэдэхэр куэд дыдэ мэхъу, кIыхьи кIэщIи яхэту. Ауэ шэч закъуи къытумыхьэу, уигу илъыпхъэр зыщ: щэлэуат нэхъыбэ къэпхьыху, уи дежкIэ нэхъыфIщ. Бегъымбар лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам Алыхьталэм и пащхьэм щиIэ увыпIэр апхуэдизкIэ лъагэщи, уеблэмэ ар зыгъэлъапIэ хъуэхъу къызыкIэлъымыкIуэ духьэм жэуап имыIэнкIэ шынагъуэщ.

Щэлэуат псалъэр и мыхьэнэкIэ «ехъуэхъун» псалъэм нэхъ пэгъунэгъущ. «Щэлэуат щIын», «хуэхъуэхъуэн» щыжытIэм деж, къидгъэкIыр «Алыхьым и нэфI къыщигъэхуэну хуэлъэIуэн» мыхьэнэрщ. «Щэлли гьэла Мухьэммэдин» псалъэхэр жыпIэмэ, ар духьэуэ е зэчыру щрет, а унафэр гъэзэщIа мэхъу.

Дин щIэныгъэлIышхуэ Iэл-Гъэзалий Iэбу Хьэмид «Дин щIэныгъэхэм зегъэужьыжын» тхылъым мэрем махуэм ехьэлIапхъэ Iэдэбхэм я гугъу щищIкIэ, щэлэуатым и фIыгъуэми щытопсэлъыхь: «Мы махуэм зэрыхъукIэ нэхъыбэрэ Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэм щэлэуат къыхуэпхьыныр фIыщ, сыту жыпIэмэ, ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам жиIащ: «80-рэ мэрем махуэм щэлэуат къысхуэзыхьым Алыхьталэм илъэс 80-м и гуэныхьхэр къыхуигъэгъунущ».

Зыгуэр щIэупщIащ: «Уа Алыхьым и ЛIыкIуэ! Дапхуэдэу Алыхьым дызэрыпхуелъэIуну щIыкIэр?» «Мыпхуэдэу жыIэ», - къыжриIащ: «Алыхьу си Тхьэ! Уи пщылI, Уи Бегъымбар икIи Уи ЛIыкIуэ Мухьэмэду тхэкIэ-еджэкIэ зымыщIэм уи хъуэхъур лъыгъэс!» - ар зы щэлэуат мэхъу».

Iэл-Гъэзалий иджыри зы щэлэуат къехь мэремиблкIэ жыпIэмэ (зы мэремым хуэзэу - блэ, апхуэдэу мэрем махуиблкIэ), Къемэт махуэм ЛIыкIуэ лъапIэр къыпщхьэщыжыну гугъэ щыIэу: «Алыхьу си Тхьэ! Мухьэмэдрэ Мухьэмэд и лъэпкъымрэ Уэ арэзы узыщIын, сэри абы хуэгъэзауэ къыстехуэ къалэныр сщхьэщызыхын хъуэхъукIэ ехъуэхъу, къызэрыбгъэгугъа увыпIэ лъагэри лъыгъэс! Ди цIэкIэ фIыщIэм я нэхъыфIыр хуэщIыжи, и Iумэтым щхьэкIэ псапэ къэзылэжьа бегъымбар къэс хуэбгъэфащэ фIыгъуэм я нэхъ лъапIэр къыбгъэдэлъхьэ. Уа Алыхьу псоми гущIэгъукIэ ефIэкI! Ехъуэхъу абыи, абы и къуэш адрей бегъымбархэми, цIыху пэжхэми».

 ЩIэх-щIэхыурэ зи тхыгъэхэм дыхэплъэ дагъыстэн хьилмышхуэ Хьэсэн Хьилмий Ефэнды «Алыхьталэм гъунэгъу ухуэзыщI куэбжэхэр Iузыхыну хуейм хэлъыпхъэ щэныфIагъыр» зыфIища тхылъым къыщехь щэлэуатым къыдэкIуэ фIыгъуэхэр.

Iэбу Хьурэйрэ ихъума хьэдис: «Фысхуэхъуахъуэ, Алыхьталэр къывэхъуэхъунщ». Ардыдэр нэгъуэщIыпIэ деж мыпхуэдэу къыщокIуэ: «Фысхуэхъуахъуэ, шэч хэмылъу, фызэрысхуэхъуахъуэр фи дежкIэ сэджыт мэхъу, ар багъуэ зэпытщ». ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Пэжращи, сэ къысхуэхъуахъуэ цIыхум Алыхьталэр йоплъ, Алыхьталэр зэплъам хьэзаб ишэчынукъым». Иджыри жиIащ: «Сэ зэ схуэхъуахъуэм Алыхьталэмрэ мелыIычхэмрэ 70-рэ къехъуэхъужынущ». НэгъуэщI зы хьэдисми къыщокIуэ: «Сэ 100-рэ схуэхъуахъуэм и набдзитIым я зэхуакум Алыхьталэм тритхэнущ ар фэрыщIыгъэмрэ жыхьэнмэмрэ къызэрыригъэлар, диным папщIэ зи псэр зытахэм я гъусэу къызэригъэтэджыжынур». «Фи щэлэуатхэр вгъэбагъуэ. Абыхэм фи гуэныхьхэр фкIэрахыжынущ».

Мыпхуэдэ хьэдиси къокIуэ: «Пэжращи, Алыхьталэм мелыIыч иIэщ, цIыху псоми жаIэр зэхихыу. Дунейм сехыжа иужь, ар си мащэ Iуфэм Iусынущ. ЦIыху гуэрым гурэ псэкIэ щэлэуат къысхуихьмэ, абы къызжиIэнущ: «Уа Мухьэмэд! Мыпхуэдэ цIыхум щэлэуат пхуещI». Апхуэдэу хъумэ, абы Алыхьталэр 10-рэ ехъуэхъужынущ, езыр сэ схуэхъуэхъуэху къэс, мелыIычхэр хуэхъуэхъуэнущ».

«Жэщ-махуэ къэс щэрыщэ къысхуэхъуахъуэм Алыхьталэм а жэщымрэ а махуэмрэ къихьа гуэныхьхэр кIэрихыжыну къигъэгугъащ».

Иджыри хьэдис зыбжанэ ардыдэм теухуауэ: «Щэлэуат зыщIым и гуэныхьхэр псым мафIэр зэригъэункIыфIым нэхърэ нэхъ псынщIэу егъэункIыфI. Сэ фIэхъус-сэлам къысхуебгъэхьыныр пщылIхэр бутIыпщыжыным нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Сэ фIыуэ сыкъэплъагъуныр диным папщIэ узэуэным е уи псэр птыным нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Алыхьталэм унафэ ищIащ: и фIэщу фIыуэ сыкъызэрилъагъум къыхэкIыу, зэ фIэкIа нэхъ мыхъуми щэлэуат къысхуэзыхьым жэщищ-махуищкIэ и гуэныхьхэр ятхынукъым».

«Шэч хэмылъу, Къемэт махуэм къыздихьыну шынэмрэ гужьеигъуэмрэ къелынур мы дунейм сэ нэхъыбэрэ щэлэуат къыщысхуэзыхьырщ. Пэжращи, Алыхьталэмрэ мелыIычхэмрэ хуэныкъуэкъым фи щэлэуатым, ар къалэн къыщIыфщащIар фэ езым фIыгъуэ къэвлэжьын папщIэщ».

 Языныкъуэ хьэлимхэм зэрыжаIэмкIэ, мыбдежым «нэхъыбэрэ» псалъэм къригъэкIыр махуэм - 700, жэщым - 700 бжыгъэрщ. Адрейхэм а бжыгъэр 350-м хуахь. ЛIыкIуэ лъапIэм жиIэу щытащ: «Алыхьталэр къыхуэарэзыуэ IущIэжыну хуейм щIэх-щIэхыурэ щэлэуат ирырещI».

Иджыри псалъэ дахэ куэд щыIэщ Бегъымбар лъапIэм хуэхъуэхъуэным, фIэхъус хуегъэхьыным теухуауэ: «Iэмал имыIэу си псынэм къекIуэлIэжынущ щэлэуат куэд къэзыхьахэр».

«Жэщ кIуам цIыху гъэщIэгъуэн си нэгум щIэкIащ. Абы зэм щэлэуат схуищIу, зэм схуимыщIу щытащ. Арати, и щэлэуатыр къыбгъэдыхьэщ, и Iэр иубыдри, жыхьэнмэ лъэмыжым и адрей лъэныкъуэм зэпришащ».

«Махуэ къэс 1000-рэ схуэхъуахъуэ цIыхур дунейм ехыжынукъым, жэнэтым щиубыдыну увыпIэр имылъэгъуауэ».

«Махуэ къэс 100-рэ схуэхъуахъуэм и гуныкъуэгъуи 100 Алыхьталэм щхьэщихынущ. Я нэхъ цIыкIур - жыхьэнмэм къызэрыригъэлынурщ».

«Фи зэхуэсхэр щэлэуаткIэ вгъэщIэращIэ. Ар Къемэт Махуэм нэхуу вгъуэтыжынущ».

«Нэхъ гъунэгъу фыкъыщысхуэхъур щэлэуат щысхуэфщIкIэщ».

«Щэлэуат къыстезыщIэм и гур фэрыщIыгъэм ибгынэнущ, щыгъыным илъ бжьыгъэр псым зэрырихыжым ещхьу».

«Алыхьталэм и фIыгъуэр къызэIузых куэбжэ 70 къыхузэIукIынущ щэлэуат зыщIым. Алыхьталэм ар псоми фIыуэ ялъагъуу ищIынурэ, зы цIыхуи къыщIэгубжьэнукъым, зи гум фэрыщIыгъэ илъым фIэкIа».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: