Зэпеуэхэм къыхэжаныкIхэр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым уэрэд жыIэнымрэ дирижированэмкIэ и кафедрэм и 5-нэ курсым и студентхэу Сиихъу Данэ, Рамазановэ Каринэ, Пшенкин Виктор сымэ гъэ еджэгъуэщIэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьащ.

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэу Сиихъу Данэрэ Рамазановэ Каринэрэ Москва областым академическэ уэрэдхэр жыIэнымкIэ щекIуэкIа урысейпсо зэпеуэм и лауреат хъуащ. Данэ игъэзэщIащ Чайковский Пётр и «Пиковая дама» оперэм хэт Лизэ и ариер. Каринэ игъэзэщIащ Римский-Корсаков Николай и «Снегурочка» оперэм щыщ ариер.

- Зэпеуэр зэпэIэщIэу екIуэкIами, сыгузэващ, абы куэд зэрелъытар зыхэсщIэрти. Аращ зэхьэзэхуэм зыхуэдгъэхьэзырыным зэманышхуэ щIытедгъэкIуэдар, - жеIэ Данэ. - Ди егъэджакIуэхэу Гъэсашэ Наталье, Гуртуевэ Лейлэ, ХьэхъупащIэ Аннэ сымэ фIыщIэ яхуэфащэщ, я щIэныгъэмрэ чэнджэщхэмрэ папщIэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я илъэсым и мызакъуэу, зэпымыууэ ди егъэджакIуэхэр дгъэгуфIэну, ди институтым и цIэр зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ дяпэкIи фIыкIэ щыдгъэIуну ди мурадщ.

Истамбыл щекIуэкIа «Гъэм и зэманхэр» лъэпкъыбэ зэпеуэм и лауреат хъуащ Пшенкин Виктор. Абы игъэзэщIащ Глинкэ Михаил и «Руслан и Людмила» оперэм хэт Ратмир и романсыр. Апхуэдэ гъуазджэ зэхыхьэшхуэхэм я фIыгъэкIэ зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм я Iэзагъэр утыкушхуэхэм щагъэлъагъуэ икIи дуней псом къыщалъытэ. Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ тхылъ хуагъэфэщащ лауреатыр зыгъэхьэзыра, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, кафедрэм и унафэщI, профессор Гъэсашэ Наталье.

- СэркIэ жэуаплыныгъэ, щIыхьрэ пщIэрэ зыпылъ Iуэхущ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и цIэкIэ лъэпкъыбэ европей зэхьэзэхуэм сыхэтыныр. Абы теухуа гукъэкIыж гуапэхэр сигу щызогъафIэ! Институтым япэ увыпIэр къызэрыхуэсхьам срогушхуэ! - жеIэ Пшенкин Виктор. - Зэпеуэр зэпэIэщIэу екIуэкIащ. КъэпщытакIуэ гупым хэтащ Тыркум щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуэлажьэ и цIыху цIэрыIуэхэр. Профессор Гъэсашэ Наталье и зэмани щIэныгъи емыблэжу зэпеуэм сыхуигъэхьэзыращ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: