Хабзэр и тегъэщIапIэрэ пэжыр и плъапIэу

Иужьрей зэманым, дызэрыщыгъуазэщи, цIыхум сом бжыгъэ къыIэрыхьэр бохъ­шэм дилъэхьэжу щыскъым. Дызы­хуэкIуар аращи, жьыми, щIэми сом гъэ­тIылъыпIэу яIэр банк зэхуэмыдэхэм къы­дагъэкI картэхэрщ. Зы лъэ­ныкъуэкIэ зи ­гугъу сщIы «картэхэр» тыншщ уиIэну, сыту жыпIэмэ зэуIу хъууэрэ, сом бжыгъэр абы нэхъ щыхъу­ма ­мэхъу. Ауэ банкхэм щIы­хуэ къыIахарэ ирамы­тыжмэ, зэбгъэдэкIыжа зэщхьэгъусэхэм язы­хэ­зым сабийм папщIэ алиментхэр имытмэ, кар­тэм илъ ахъшэр яубыд. 

Суд зытращIыхьа цIыхухэм тралъхьа тезырыр гъэзэщIа зэрыхъумкIэ лэжьыгъэхэр пщэрылъ зыхуащIыр хеящIэ приставхэрщ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы лэжьыгъэм пэрыувэ цIыхухэм IэщIагъэ яхуэхъуар пасэрей Урымым къызэрыщежьар. ЩIыпIэ жыжьэм къыщежьами, дызэрыс Урысей Федерацэми и мащIэкъым апхуэдэ лэжьакIуэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ ТIэмашэ Исмэхьил ипхъу Жаннэ. Ар хеящIэ приставу илъэс пщыкIутхум нэблэгъауэ мэлажьэ. Тхьэм ирещIи, мы цIыхубз гуащIафIэр къэсцIыхуну къыщIэкIынтэкъым, ипэкIэ зи гугъу сщIа щытыкIэхэм языхэзым щыуагъэкIэ срагъэувэу си картэм илъ ахъшэр ирамыхамэ. 
Пщыхьэщхьэпэм къыслъыкъуэкIа а Iуэхугъуэм сригубжьауэ, пщэдджыжьыпэм сыщеувэхащ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт суд приставхэм я IуэхущIапIэм. Пэжым ухуеймэ, цIыхухэм зэрыжаIэм тесщIыхьри, сыгугъащ къысIущIэну, сызэпсэлъэну приставыр бзаджэ дыдэу, сызримыгъэкIуалIэу пэIэщIэ дыдэу зыкъысхуигъэзэну. Ауэ зи бжэ сызытеуIуэу сыздыщIыхьа пэшым щIэсыр зи нэгум гуфIэр къилыдыкI, гуапэ дыдэу фIэхъусыр къызэзыха цIыхубзт. ЗыкъызэзыгъэцIыхуа цIыхубзыр ТIэмашэхэ Жаннэт. СыщIэкIуа Iуэхур занщIэу схузэфIэзыгъэкIа, апхуэдизу цIыху зэпIэзэрыт, гуапагъэкIэ сыкъэзыхьэхуа ТIэмашэм упщIэ зыбжанэ езмыту сыкъыщIэкIыжыфакъым. 
- Сэ зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыхухэм сащыщщ. СызэрыцIыкIурэ сызыщIэхъуэпсу щыта IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтащ. Юрист, пристав IэщIагъэхэм Москва сыщыхуеджащ, - жеIэ Жаннэ. - Дзэлыкъуэкъуажэ хеящIэ пристав сыщыхъун ипэкIэ, Черкесск илъэс куэдкIэ сыщылэжьащ, приставым и дэIэпыкъуэгъуу. Лэжьыгъэм и купщIэр къызгурыIуа нэужь, сэри пристав сыхъуащ. 
ТIэмашэм и лэжьыгъэр нэхъыбэу зэпхар зи бынхэр зэдэзымыпIыж адэ-анэхэм ящыщу алиментхэр зытын хуейм а и пщэрылъ къалэныр къызыхуэтыншэу игъэзэщIэным кIэлъыплъынырщ. Гу зылъыстаращи, бзылъхугъэ Iущыр йолIалIэ зэтекъута унагъуэхэр зы щIыжыным. Апхуэдэу ар хуэнабдзэгубдзаплъэщ сэ схуэдэу зэрымыщIэкIэ суд Iуэху къызылъыкъуэкIа е щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ дэхуэха цIыхухэм. Дауи, къокIуалIэ е зи дэфтэрхэр судым къыпIэщIилъхьэ дэтхэнэми апхуэдэу уелIэлIэныр тыншкъым, атIэми, а лэжьакIуэ гумызагъэм ар хузэфIокI. 
Жаннэ зэрыжиIэмкIэ, цIыхубзым и дежкIэ тыншкъым а IэнатIэр, атIэми, уи IэщIагъэр фIыуэ плъагъумэ, зэфIэпх Iуэху­гъуэхэм гукъыдэж ядэбгъуэтмэ, лэжьыгъэр насыпым и Iыхьэу аращ абы и дежкIэ. IэнатIэм зэрыпэрыт илъэсхэм къриубыдэу цIыху куэдым яIущIащ, ядэлэжьащ, унафэщI зыбжанэми я нэIэм щIэтащ. Жаннэ гуапэу топсэлъыхь и лэжьэгъухэм, цIыхуфIкIэ Тхьэр къыхуэупсэу къыхигъэщу. Псом хуэмыдэжу цIыху зэтету къелъытэ илъэс куэдкIэ зыдэлэжьа, куэдым сэбэп яхуэхъуа Къущхьэ Резуан. Приставхэм я IэнатIэр мы зэманым зи унафэм щIэт Хромов Вячеслав. Ар лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэщ, апхуэдэуи зэхэщIыкI куу зыбгъэдэлъ унафэщI акъылыфIэщ.
Пристав IэкIуэлъакIуэ ТIэмашэм и пэшым сызэрыщIэса, абы сызэрепсэлъылIа зэман мащIэм къриубыдэу хьэкъ сщыхъуащ ар тэмакъкIыхьу, губзыгъэу, гущIэгъурэ шыIэныгъэрэ зыхэлъ лэжьакIуэу зэрыщытым. ЗыгъэпIейтей Iуэхугъуэ гуэркIэ гузавэу абы къыхуэкIуэ дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуе­гъуэтыф а бзылъхугъэм. Абы и нэгум иболъагъуэ дэтхэнэми сэбэп хуэхъуну зэрыхуейр, хабзэр и тегъэщIапIэрэ пэжыр и ­гъуазэу. 
Апхуэдэу псэ зэIухауэ цIыхухэм ядэлажьэ ТIэмашэ Жаннэ сохъуэхъу и гуащIэ хьэлэлым къыхуихь гузэгъэгъуэм ехъу­лIэныгъэфIхэр къыхуихьыну, и IэнатIэ мытыншым узыншэу куэдрэ пэрытыну. 

МАХУЭЛI Беслъэн. Дзэлыкъуэ щIыналъэ.
Поделиться: