Къэралым и щIыхьыр яхъумэнущУрысей Федерацэм Спорт бэнэкIэхэмкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, Албанием и къалащхьэ Тиранэ жэпуэгъуэм и 23 - 29-хэм щызэхэтынущ бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. ЦIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ абы щыщIэбэнынущ медаль комплекту 30-м. Ди гуапэ зэрыхъущи, УФ-м и командэ къыхэхам и тренерхэм зэхьэзэхуэм хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменитI. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 70 зи хьэлъагъхэм я деж къэралым и щIыхьыр щихъумэнущ Урысей Федерацэм бжьыпэр щыубыдыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэпеуэм илъэс 23-рэ иримыкъуахэм я деж япэ увыпIэр къыщызыхьауэ щыта Шэру Иналбэч.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|