Май щIыналъэм щохьэщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Май щIыналъэм иджыблагъэ щыхьэщIащ къэралым и щIыхьыр спорт утыкушхуэхэм лъагэу щызыIэта спортсмен цIэрыIуэхэр. 

Абыхэм яхэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, Олимп джэгухэм я чемпион, Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Къардэн Мурат, ­КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэ­дзэ, дзюдомкIэ дунейпсо чемпионатым етIуанэ увыпIэр къыщызыхьа, спортым дунейпсо классымкIэ и мастер Анаев Аслъэн, Олимп джэгухэм фехтованиемкIэ мызэ-мытIэу чемпион щыхъуахэу СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Гороховэ Галинэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерхэу Логуновэ Татьянэрэ Ермаковэ Оксанэрэ. 
Спортым ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызы­Iэ­рызыгъэхьахэр яIущIащ Май районым и еджакIуэ цIыкIухэм. Шэч хэмылъу, абыхэм я мащIэтэкъым ныбжьыщIэхэм зэрадэгуэшэн гукъэкIыжхэр. Спортым зэры­хы­хьам, къыщызэпача гъуэгуанэм, къэралым, дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм щекIуэкIа зэпеуэ гуащIэхэм, Олимп джэгухэм зэрыхэтам, абыхэм зэрыщыте­кIуам - куэдым я гугъу ящIащ хьэщIэ лъапIэхэм. ЦIыкIухэри яфIэгъэщIэгъуэну едэ­Iуащ абы­хэм къа­Iуэтэжахэм икIи упщIэ зэхуэ­мы­дэхэмкIи зыхуагъэзащ. Апхуэдэ лъагапIэ­хэм унэсыным къару куэд зэрытекIуадэм и мызакъуэу, ерыщагъ, ­егу­­гъ­уныгъэ къызэ­рымыкIуэ пхэлъын зэ­рыхуейри гурагъэIуащ ныбжьыщIэхэм. ЗэIу­щIэм и кIэухым абыхэм цIыкIухэр къыхураджащ я ­гуращэхэр зрагъэхъулIэным (ар спортми нэ­гъуэщI IэнатIэхэми ехьэлIауэ щрети) ерыщу хуэкIуэну, махуэ къэс щIэ гуэр къызэращIэным хуэпабгъэу щытыну. 
Зэхуэсым кърихьэлIахэм сурэтхэр зытра­гъэхащ гукъинэжу екIуэкIа зэIущIэм и ­фэеплъу. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: