Республикэм и мылъкур ягъэбелджылынущ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Му­суков Алий иригъэкIуэкIащ республикэм и бюджетым теухуа проектхэм щыхэплъа, нэ­гъуэщI Iуэхугъуэхэми щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 

2023 гъэм, дызыхуэкIуэ 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьа республикэ бюджетым зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр хэлъхьэным теухуа проектыр ­игъэхьэзыращ КъБР-м и Правительствэм. Ар зыхуэдэнум тепсэлъыхьащ КъБР-м финанс­хэмкIэ и министр Лисун Еленэ. 
- Дызэрыт илъэсым налог, мыналог хэхъуэ­хэм зэрызахъуэжым теухуауэ республикэм и бюджетыр зыхуэдэнур гъэбелджылын зэры­хуейм, бюджетыр зытекIуэдапхъэхэр къэпщы­тэным тещIыхьащ проектыр. Абы къыщыхьащ мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр: 2023 гъэм республикэм и хэхъуэр нэхъыбэ ящIыну хуагъэфащэ сом меларди 3-рэ мелуани 167,7-кIэ. Налог, мыналог хэхъуэхэр сом мелард 1,5 хуэди­зынущ, дызэрыт илъэсым и мази­бгъум абы щIигъуу къызэрыхэхъуар къэплъы­тэмэ. Налог хэхъуэр - сом мелуан 958,3-м, мыналог хэхъуэр - сом ­мелуан 509,2-м нэсынущ. 
Бюджетыр нэхъ ягъэбагъуэ хъуащ хэхъуэм, мылъкум, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр къызэрыщIахым, зэхуэзыгъэдэж хэхъуэм яте­хьэ налогхэм, цIыхухэм ятхэм. 
Мыналог хэхъуэхэм ящыщу бюджетыр нэхъыбэу егъэбагъуэ къэралым и мылъкур къызэрагъэсэбэпым къыпэкIуэм. 
Зымыгъэзэж хэхъуэр, федеральнэ IуэхущIапIэхэм зэрагъэувам тету, нэхъыбэ хъунущ сом мелард 1,7-кIэ. 
Республикэ мылъкур зытекIуэдэнум теухуауи зэхъуэкIыныгъэхэр щыIэщ. ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ фондым къыхэкIыу Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм ятещIыхьауэ къагъэсэбэпыну ­мылъкур нэхъыбэ хъунущ сом мелард 1,7-кIэ. 
2023 гъэм тещIыхьа ассигнованиер тэмэму къэгъэсэбэпа хъун папщIэ, республикэ бюджетыр зытекIуэдэнухэр дгъэбелджылащ, бюджет зэхуаку трансфертхэр муниципалитетхэм зэратегуэшапхъэр зэхуэдгъэхъуащ, 2023 гъэм и пэщIэдзэм Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм текIуэдэн ­хуеяхэм къыдэхуа республикэ мылъкум щыщкIэ республикэм и бюджет ассигнованиер нэхъыбэ зэрыхъунур къэтлъытащ. Абы щыщу пыухыкIа гъуэгу фондым бюджетым къыхигъэ­хъуэн хуейщ сом мелуан 535-рэ, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ фондым - сом мелуан 509,4-рэ, структурнэ проектхэм - сом мелуан 428-рэ. 
КъБР-м и Правительствэм и унафэм тету, кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм щыла­жьэхэм я улахуэр хэхъуащ дызэрыт илъэсым, шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ. Абы папщIэ лейуэ зыхуеину сом мелуан 830-р щхьэж къызэрылъысым теухуауэ трагуэшащ. 
Илъэсым республикэм къищтэнущ бюджет кредитхэр: цIыхубэ транспорт къащэхун папщIэ сом мелуан 398,6-рэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр - щэнхабзэмкIэ унэмрэ художественнэ школым­рэ - зыхуей зэрыхуагъэзэн сом мелуан 25,5-рэ.
Инфраструктурэ проектхэм папщIэ илъэсищым тещIыхьауэ кредит къищтэнущ республикэм. 2023 гъэм - сом 1 мелардрэ мелуан 70 - рэ, 2024-м - сом мелард 1,3-рэ, 2025-м - сом мелуан 301-рэ. 
Республикэм и къэрал щIыхуэр 2024 гъэм тещIыхьауэ къабжащ сом меларди 7,7-рэ хъуну. Ар налог, мыналог хэхъуэу иIэнум и процент 47-рэ хъунущ. 
Къэппщытэжмэ, 2023 гъэм и бюджетыр мыпхуэдэу гъэбелджылащ: хэхъуэр - сом мелард 61,3-рэ, къигъэсэбэпыр - сом мелард 64,5-рэ, хуэчэмыр - сом меларди 3, 2-рэ, - жиIащ министрым. 
2024 гъэмрэ 2025, 2026 гъэхэм ятещIыхьа республикэ бюджетыр адрейхэм къазэрыщхьэ­щыкIыр игъэбелджылащ Лисун Еленэ. 
- Илъэсищ пIалъэм и республикэ бюджетыр къэрал программэхэм ятещIыхьащ, УФ-м и бюд­жет кодексым и пщалъэм йозагъэ. Дызыте­псэлъыхь пIалъэм тет республикэ бюджетыр щызэхэдгъэувэм УФ-мрэ КъБР-мрэ я бюджет налог политикэм и хабзэхэм дытетащ, социально-экономикэ зыужьыныгъэр илъэсищым тещIыхьауэ зэрыщытынкIэ хъунур къэтлъытащ. 
ПроектымкIэ къэдгъэлъэгъуа бжыгъэхэр щапхъэу дгъэуву аращ, дыхэплъэжу зэхъуэкIыныгъэхэр хэтлъхьэжынуи дыхуитщ. 
Республикэм и хэхъуэр 2024 гъэм тещIыхьауэ сом мелард 50,7-рэ хъунущ, 2025 гъэм - сом мелард 43,3-рэ, 2026 гъэм - сом мелард 44,4-рэ. Налог, мыналог хэхъуэхэр мыпхуэдэу тедгуэшащ: 2024 гъэм - сом мелард 18, 2025-м - сом мелард 19,6-рэ, 2026-м - сом мелард 20,5-рэ. Зымыгъэзэж хэхъуэр 2024 гъэм сом мелард 32,8-рэ, 2025 гъэм - сом мелард 23,8-рэ, 2026 гъэм - сом мелард 23,9-рэ хъунущ хуэгъэфэщауэ. 
Субсидиер, субвенцэр, нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр дгъэбелджылащ федеральнэ бюджетым тещIыхьа законым тету. 2024 гъэм субсидиер хуэгъэфэщауэ сом мелард 13,8-рэ хъунущ. Абы щыщу щIыналъэхэм трагуа­шэ социальнэ ахъшэр - сом мелард 4,3-рэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэ­щыным - сом меларди 2,9-рэ, мэкъумэш хуэIу­хуэщIэхэр ядэIыгъыным - сом меларди 2,1-рэ, цIыхухэр шхын хуабэкIэ къызэгъэпэщыным - сом мелуан 571-рэ, КИФЩI-м зегъэужьыным теухуа программэ щхьэхуэхэм папщIэ - сом ­мелуан 332-рэ ихьынущ. 
Субвенцэр сом мелуан 774,6-рэ хъун хуейщ. Абы щыщу цIыху щхьэхуэхэм псэупIэ комму­нальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хущIатыр - сом мелуан 308,7-рэ, лэжьыгъэ IэнатIэ зимыIэхэм иратыр - сом мелуани 170-рэ хъунущ. 
НэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр сом мелуан 659,5-рэ хъунущ. Апхуэдэу класс щхьэхуэ зыIыгъ егъэджакIуэхэм иратынур - сом мелуан 448-рэ, республикэм и къалэ цIыкIухэр гъэдэхэным - сом мелуани 184-рэ текIуэдэнущ. 
Хуэгъэфэщауэ хэхъуэр зэрыхъунум тещIы­хьауэ ар къызэрыдгъэсэбэпынури дгъэбелджылащ. 2024 гъэм - сом мелард 54,2-рэ, 2025 гъэм - сом мелард 44-рэ, 2026 гъэм - сом мелард 45-рэ къагъэсэбэпынущ. 
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэнымкIэ и министр Асанов Алим республикэм и цIыху щхьэхуэхэм къэралым яхуи­щIэфынум теухуа проектитI игъэбелджылащ. 
КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим «КъБР-м и цIыхухэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ, псэупIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэ­щIэ­нымкIэ» проектыр зыхуэдэнум тепсэ­лъы­хьащ. 
Урысей Федерацэм къэрал лъэпкъ политикэр щагъэзэщIэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр 2025 гъэм нэсыху къызэрапщытар къэлъытауэ, 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м КъБР-м и Правительст­вэм къищта унафэм тету, КъБР-м а Iуэхур зэрыщызэфIахыну щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнущ. Абы теухуа проектым тепсэ­лъы­хьащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор. 
2023, 2024, 2025 гъэхэм КъБР-м и цIыхухэм пщIэншэу медицинэ Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ къэралыр шэсыпIэ зэрихьэм теухуа програм­мэм тепсэлъыхьащ КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къармэ Марат. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: