НэхъыфIхэм ящыщщ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм и курыт еджапIэм и музейр нэхъыфIхэм ящыщу къыщалъытащ «Школьный музей – взгляд в будущее» урысейпсо зэпеуэм. Ар УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ ТекIуэныгъэм и музейм жэрдэмхэмкIэ и фондыммрэ къызэрагъэпэщащ, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу.
КъызэгъэпэщакIуэхэм я мурад нэхъыщхьэр – къэралым и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ хъумэнырщ, щIыналъэхэм щыIэ егъэджэныгъэ, Хэку лъагъуныгъэ, гъэсэныгъэ Iэмал, Iуэху бгъэдыхьэкIэ нэхъыфIхэм зегъэубгъунырщ. 
Псори зэхэту Урысейм и щIыналъэ 76-м я музей 530-рэ зэхьэзэхуэм хэтати, нэхъыфIу къалъыта 50-м язщ Кыщпэк къуажэм ейр.
- Ди тхыдэ-лъахэхутэ музейр - егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ илъэс II и пэкIэ къызэрагъэпэщащ. Абы щызэхуахьэсауэ щахъумэ школым и хабзэ нэхъыфIхэр, ехъулIэныгъэхэр, текIуэныгъэхэр, тхыгъэхэр, - жеIэ Балъкъэр Дадусэ. – И пэ махуэхэм щыщIэдзауэ егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ хуэсакъыу абы щызэхуахьэс артефакт гъэщIэгъуэнхэр, хьэпшыпхэр, сурэтхэр. Языныкъуэ хьэпшыпхэм илъэси I00-м щIигъуащ я ныбжьыр. Апхуэдэщ Кыщпэк къуажэр къызэзыгъэпэща Дыжьхэ я лъэпкъ фащэр. КъищынэмыщIауэ, япон-урыс зауэм хэта къуажэдэсхэм ящыщу Георгий жорыр зыхуагъэфэщахэм теухуахэри гъэщIэгъуэнщ. Нэхъ лъапIэ дыдэу абы щытхъумэхэм ящыщщ I94I-I945 гъэхэм Хэку зауэшухэм и лIыхъужьхэм къыхуагъэфэща орденхэмрэ медалхэмрэ, фронтым къратхыкIа тхыгъэхэр. Музейм увыпIэфI щаубыд тхыдэ хьэпшыпхэмрэ тхыгъэхэмрэ. Ахэр псом нэхъ лъапIэщ, щIыналъэм, къуажэм я тхыдэм къыгуэхыпIэ иIэкъыми.
Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм курыт еджапIэм и унафэщI Балъкъэр Дадусэ фIыщIэ тхылъ къыхуагъэхьащ, IуэхущIапIэм и унафэщIхэмрэ музейм и лэжьакIуэхэмрэ щIэблэм я гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуащIым, «Школьный музей Победы» урысейпсо Iуэхум зэрыхэтым папщIэ. Музейм зи нэIэ тетхэр жэпуэгъуэм и кIэм Москва ирагъэблэгъащ текIуахэр щагъэфIэну пшыхьым хэтыну. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: