Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъу

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъу щыта езанэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 17-м я спортсмен ныбжьыщIэу 180-рэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медали 8 къыщихьащ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Жыласэ Рустам (кг 61-рэ), Джыджий Тамирлан (кг 86-рэ).

ЕтIуанэ увыпIэм дэкIуеящ Къалэбатэ Абдул (кг 57-рэ), Гергоков Саид (61-рэ), Хасауов Смаил (кг 70), сымэ.

Ещанэ хъуахэщ Къэнэмэт Алихъан (86-рэ), Щоджэн Ислъам (92-рэ), ЕхъулIэ Азэмэт (97-рэ) сымэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: