Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Зи ныбжь хэкIуэта цIыхухэу, ныкъуэдыкъуэхэу зезыхьэн хуэныкъуэхэм пIалъэ кIыхькIэ щакIэлъыплъ IэнатIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрыщызэрагъэпэщым ехьэлIа Iуэхухэм хэплъэну ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гуп зэхэгъэхьэным теухуауэ
2023 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м Налшык къалэ №215-ПП
 Зи ныбжь хэкIуэта цIыхухэу, ныкъуэдыкъуэхэу зезыхьэн хуэныкъуэхэм пIалъэ кIыхькIэ щакIэлъыплъ IэнатIэ «Демография» лъэпкъ проектым хыхьэ «Нэхъыжьхэр» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щызэтеухуэнымкIэ проект пажэр ягъэзэщIэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Зи ныбжь хэкIуэта цIыхухэу, ныкъуэдыкъуэхэу зезыхьэн хуэныкъуэхэм пIалъэ кIыхькIэ щакIэлъыплъ IэнатIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрыщызэрагъэпэщым ехьэлIа Iуэхухэм хэплъэну ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гуп зэхэгъэхьэн.
2. Мы унафэм щIыгъущ мыпхуэдэхэр къэщтэн:
 зи ныбжь хэкIуэта цIыхухэу, ныкъуэдыкъуэхэу зезыхьэн хуэныкъуэхэм пIалъэ кIыхькIэ щакIэлъыплъ IэнатIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрыщызэрагъэпэщым ехьэлIа Iуэхухэм хэплъэну ведомствэ лэжьакIуэ гупым теухуа Положенэр;
зи ныбжь хэкIуэта цIыхухэу, ныкъуэдыкъуэхэу зезыхьэн хуэныкъуэхэм пIалъэ кIыхькIэ щакIэлъыплъыну IэнатIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрыщызэрагъэпэщым ехьэлIа Iуэхухэм хэплъэну ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гупым хэтхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: