Тенджызым и сурэтыщI

Айвазовский Иван дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщIщ. Тенджызым и теплъэр нэхъыбэ дыдэрэ къэзыгъэлъэгъуар аращ - и IэдакъэщIэкIхэм дамыгъэ щыхъуащ тенджызыр. Айвазовскэр Луврым зи IэдакъэщIэкI щIалъхьа япэ урыс сурэтыщIщ. И гъащIэм къриубыдэу абы ищIащ сурэт 6000 нэс - ар куэд мэхъу. Илъэсым къриубыдэу сурэт 90 хуэдиз дунейм къытригъэхьэрт. Гъэлъэгъуэныгъэу иIащ 120-рэ. Айвазовскэм сурэт зэрищI щIыкIэр гъэщIэгъуэнт. Теплъэр игу ириубыдэрти, сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу е махуэ зыбжанэкIэ ар гурыгъуазэкIэ тхылъымпIэм нигъэсырт. Сурэт щхьэхуэ щелэжьым деж абы ирихьэлIэ гуащIэм езым и гур игъэнщIыжырт. И письмохэм сыт щыгъуи къыхэщырт, «сурэт нэхъыфI дыдэм елэжьу». Дэтхэнэ лэжьыгъэри нэхъыфIу къилъытэрт.

ТхакIуэ, журналист, тхыдэтх Кривенкэ Василий Айвазовскэм и лэжьэкIэм теухуауэ жиIагъащ: «ТхылъымпIэм щабэу зэрытеIэбэмкIэ, и Iэпэхэр тыншу зэрызэригъакIуэмкIэ, и нэкIум кърих арэзыныгъэмкIэ уолъагъу а ищIэр абы и дежкIэ зэрыгурыфIыгъуэшхуэр». СурэтыщIыр куэду икIи псынщIэу лажьэрт. Зы сурэтым махуэ зытIущ тригъэкIуадэу арат нэхъыбэм. Къапщтэмэ, яхэтт сыхьэтитI-щыкIэ нигъэсхэри. «Момент мирозданий» сурэтыр зы махуэкIэ итхащ, псалъэм папщIэ, «У берегов Кавказа» зыфIищар - сыхьэтищкIэ. Рылов Аркадий зэгуэр итхауэ щытащ Айвазовскэм и сурэт щIыкIэм теухуауэ: «Сыхьэтрэ дакъикъэ тхущIрэ ипэкIэ къабзэу щыта тхылъымпIэм, иджы хыр къыщоукъубей».

Егъэлеяуэ псынщIэу зэрылэжьэфыр и фIыгъэт илъагъур и гум щIэхыу зэрыриубыдэфым. ЩIыуэпсым и теплъэр щищIым и деж, абы дунейм и плIанэпэ зэхуэмыдэхэр, зытхьэкъуа щIыпIэхэр къызэхиплъыхьурэ ищIыртэкъым. АтIэ, япэщIыкIэ зригъэлъагъут, а илъэгъуар и гум ириубыдэрти, гурыгъуазэкIэ сурэтыр ищIырт. «Девятый вал» сурэт цIэрыIуэр апхуэдэут зэрищIар. «ЩIыуэпсым и къэхъугъэ телъыджэ гуэрым, зы нэху къэхъуэпскIыгъуэ е жьы къыкъуэугъуэ гуэрым срихьэлIамэ, а слъэгъуар си гум къонэри, илъэс куэдкIэ си гъусэщ», - жиIэрт езым. Айвазовскэм къилъытэрт къэхъукъащIэ гуэрыр а къыщыхъу дыдэм ирихьэлIэу и теплъэр къыумыгъэлъэгъуэфыну, сыту жыпIэмэ а дакъикъэхэм уи гупсысэр а къэхъум къыпхутечынукъым. Ауэ къэхъукъащIэр уи щхьэмкIэ зэбгъэзэхуа, уи гум ибубыда, зыхэпщIа нэужь, уетIысылIэу тыншу пхуэщIыну жиIэрт. «УзыкIэлъыплъ къэхъукъащIэ телъыджэхэр уи Iэм къыхуэубыдынукъым асыхьэту: уафэхъуэпскIыр, жьапщэр, толъкъуныр зэрыхъейр уи гум ибоубыдэ япэщIыкIэ. Си гупсысэм къыхыхьэ теплъэр нэхъ лъэщщ асыхьэту слъагъумрэ зыхэсщIэмрэ нэхърэ», - жиIэрт.

Нэхъыбэ дыдэрэ Айвазовскэр зэлэжьар «Среди волн» сурэтырщ – махуипщI тригъэкIуэдащ. Ар щищIам илъэс 81-рэ и ныбжьт. Лэжьыгъэр икIи нэхъ ин дыдэщ. И гъащIэ псор а сурэтыр къигъэщIын зэрыхуейм хуэзыгъэхьэзыра зы пIалъэ гуэру къилъытэрт.

Айвазовскэм щIын иуха сурэтыр зэригъэзэхуэж и хабзэтэкъым, и гъащIэм къриубыдэу и Iэдакъэ къыщIэкIам хэIэбэжыну плIэ къудей къыхуихуауэ аращ. Зы лэжьыгъи ныкъуэтхыу къигъанэртэкъым. Пэжщ, зы закъуэщ нимыщIысауэ къэнар. 1900 гъэм къэхъуащ апхуэдэ: «Взрыв корабля» сурэтым пщэдджыжьым щIидзэри пщыхьэщхьэм ар нимыгъэсыпауэ, жэщым езым и гур къэувыIащ.

СурэтыщI Сарьян Мартирос жиIащ: «Айвазовскэм къигъэлъэгъуа жьапщэу хъуам къарууэ яхэлът нэхур».

СурэтыщI Крамской Иван жиIащ «Чёрное море» лэжьыгъэм теухуауэ: «Абы зыри хэткъым уафэрэ псырэ нэмыщI, ауэ псыр – ар гъунэ зимыIэ тенджызщ, зи щIыфэр уфафэщ, ткIийщ, узынэмыплъысщ, уафэращи - нэхъ гъунэншэжщ. ИгъащIэм сурэту слъэгъуам ящыщу нэхъ лъэщ дыдэу къэслъытахэм ящыщщ». «Абы и жьапщэм кIэ зимыIэ дахагъэ хэтщ, абы сурэтым еплъыр IуощIэ асыхьэту къыкъуэуа жьапщэ дыдэ хуэдэу – ар телъыджэщ», - жиIащ Достоевскэм.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: