Гулъытэмрэ гуапагъэмрэ зэхэту

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэр илъэс 20 лъандэрэ Урысейм тхылъ къыдэзыгъэкI и IуэхущIапIэ нэхъыфI дыдэхэм халъытэ. Дэтхэнэ зы къыдэкIыгъэми узыIэпишэу, унагъуэ тхылъ гъэтIылъыгъэхэр игъэдэхэну, нэхъыщхьэращи, купщIафIэу, лъэпкъ щIэжыр къаIэтрэ зрагъэужьу апхуэдэщ Котляровхэ дунейм къытрагъэхьэ тхылъхэр. Тхылъыр зи Iэпэгъуу зи гъащIэр зыхь зэщхьэгъуситIым я цIэр иджыблагъи фIыкIэ къраIуащ.

Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкIа Дунейпсо тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм и утыкум Котляровхэ иралъхьащ франдж гупсысакIуэ икIи тхакIуэ цIэрыIуэ Сент-Экзюпери Антуан и Iэдакъэ къыщIэкIа, «Пащтыхьыкъуэ цIыкIу» фIэщыгъэр зиIэ таурыхъыр адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи зэдзэкIауэ. Зэхуэсым хэтахэм гъэщIэгъуэн къащыхъуам и закъуэкъым къыдэкIыгъэхэр, атIэ и зэхэлъхьэкIэ зэрыхъуамрэ и зэхэухуэнэкIэм къыхуагъуэта Iэмалымрэ фIы и лъэныкъуэкIэ къыхагъэщат. Апхуэдэу псом игу лъатащ тхылъыр бзитIкIэ къызэрыдэкIар: зы лъэныкъуэм урысыбзэкIэ итщ, адрей лъэныкъуэм лъэпкъыбзэхэр къыщыхьащ. КъищынэмыщIауэ, зэхэшакIуэхэр тепсэлъыхьащ къыдэкIыгъэр гъэщIэрэщIа зэрыхъуа сурэтхэр – ахэр Сент-Экзюпери и IэдакъэщIэкIт, япэ дыдэу дунейм къытехьа тхылъым, иджы классикэ къыдэкIыгъэу къалъытэм, фIыуэ пэджэж Iэмалт.

Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм фIыщIэгуапэ тхылъыр къыщIрата тхыгъэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ, балъкъэрыбзэм къизылъхьар Геккиев Магомедщ. Къыхэгъэщын хуейщ Сент-Экзюпери и таурыхъыр бзэм 538-кIэ зэрызэрадзэкIар, абы иджы адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ къазэрыхэхъуар.

Мэхъэчкъалэ щекIуэкIа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм ипэ къихуэу Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъхэр щагъэлъэпIащ «Тхылъ еджэ дунейр» зыфIаща, Лъэпкъ тхылъхэм я хэгъэгупсо пэхуэщIэу рязань къалэм щекIуэкIам. «Илъэсым и тхылъ» цIэ лъапIэр таурыхъ цIэрыIуэр зэрыт тхылъым къыщыхуагъэфэщащ. Абы къыдэкIуэу Котляровхэ я жэрдэмкIэ къыдэкI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэхэмрэ и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа сурэт зэужьми гулъытэ дахэ къыхуащIащ. «Гъусэ утщIынщ…» зыфIаща пэхуэщIэр тхылъиплI хъунущ. Япэ Iыхьэр Дзэлыкъуэ щIыналъэмрэ Iуащхьэмахуэ и ищхъэрэ лъэныкъуэмрэ ятеухуащ. Лъахэр фIыуэ зылъагъухэм, ЩIы хъурейм и къэгъэщIыгъэхэм лъапIэныгъэ езытхэм я дежкIэ мы къыдэкIыгъэм уасэ иIэкъым. Ар къыхагъэщащ Рязань щызэхэта зэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэми.

Ди Хэкум и цIэр фIыкIэ зыгъэIу, ди лъэпкъхэм я щэнхабзэр лъагэу зыIэт Котляровхэ я лэжьыгъэр нэхъри ефIэкIуэну, сыт хуэдэ гъэлъэгъуэныгъэми къыщыхэщыну ди гуапэщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: