ТкIийуэ хабзэм тетт

Адыгэхэм нэмысышхуэрэ хабзэшхуэрэ яхэлъу лIэщIыгъуэкIэрэ къогъуэгурыIуэ. Лъэпкъым и дэтхэнэ Iуэхури ткIийуэ хабзэм тету ирагъэкIуэкIырт. ЖыпIэнурамэ, адыгэм и псэуныгъэр зэрыщыту хабзэкIэ псыхьат. Сабийр дунейм къыщытехьагъащIэм щегъэжьауэ цIыхум и иужьрей махуэр къэсыху ар и Iэпэгъут. Ди зэманым хабзэр япэм хуэдэ дыдэу псоми зэрамыхьэжыфми, иджыри абы тетыр нэхъыбэщ. Газетым и щIэджыкIакIуэхэм я лъэIур дгъэзащIэу, нобэ фигу къыдогъэкIыж адыгэхэм я Iэнэ тIысыкIэр, абы и лъэныкъуэкIи хьэщIэм кIэлъызэрахьэу щыта хабзэри къыхэщу. Ар къыщыгъэлъэгъуэжащ МафIэдз Сэрэбий и Адыгэ хабзэ» тхылъым.

ГуфIэгъуэкIэ цIыхухэр зэхыхьамэ, абы щызэрихьэлIа псори зы гупу зэхэтIысхьэртэкъым. Нэхъыжь здэщыс Iэнэм щIалэгъуалэ щытIысыну хабзэм къезэгъыртэкъым. Ар нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ зэхуащI нэмысым къыхэкIыу арат. Нэхъыжьхэм яхуэфащэ нэхъыщIэхэр щхьэгъэрыту яIэт. ЩIалэгъуалэри ныбжькIэ зэрызэхуэхъункIэ зэхагъэкIырти, гуп щхьэхуэурэ унэхэм щIагъэтIысхьэрт.

ХьэщIэхэр щагъэтIыскIэ бысымхэм я нэхъыжьым, Iэнэм и тхьэмадэм, и ижьырабгъум хуэзэу хьэщIэхэм я нэхъыжьыр игъэтIысырт. Абы бысым тхьэмадэм къыкIэлъыкIуэр къыбгъэдагъэтIысхьэжырт. Тхьэмадэм и сэмэгурабгъум хьэщIэ нэхъыжьым ныбжькIэ е хуэфащэ пщIэкIэ къыкIэлъыкIуэр ягъэтIысырт. Зэрыхъур арат, бысым тхьэмадэр хьэщIитIым я зэхуаку дэсу, хьэщIэ нэхъыжьыр бысымитIым я зэхуаку дэсу. Мыдрейхэр щхьэж зэрыхуэфащэкIэ хэт жьантIэ лъэныкъуэмкIэ, хэти жыхэфэгу лъэныкъуэмкIэ щетIысэкIхэрт. Ахэр зэлъытар гъуэгу къызэпачамрэ псыуэ къызэпаупщIамрэт. КъыщыкIуэм псы нэхъыбэ къикIар нэхъ хьэщIэ лъапIэу ягъэувырт адыгэхэм. КъинэмыщIауэ, Iуэхур щекIуэкI лъэпкъым я пхъурылъхухэм нэхъ жьантIэр лъагъэсырт, езы лъэпкъым щыщхэмрэ абы нэгъуэщI благъагъэкIэ къабгъэдыхьэхэмрэ нэхърэ а пхъурылъхур ныбжькIэ мыдрейхэм нэхърэ нэхъ щIалэми.

Iэнэ хъурейхэм къыпыкIыу Iэнэ кIыхьыр щагъэув щыхъуами, а тIысыкIэм зихъуэжакъым. Бысымым нэхъыжь Iэнэм и тхьэмадэм и ижьырабгъум хьэщIэ нэхъыжьыр егъэтIыс, абы хэгъэрей къыкIэлъыкIуэр бгъуротIысхьэж, хэгъэрей нэхъыжьым и сэмэгурабгъум хьэщIэхэм я нэхъыжьым къыкIэлъыкIуэр мэтIыс…

 Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ унэ щхьэхуэ щIэс пэтми, я Iуэху зыIутыр зрагъащIэрт. ЩIалэгъуалэ Iэнэм щыщу щIалитI, фадэбжьэрэ шхын тепщэчрэ яIыгъыу нэхъыжьхэм я деж ягъакIуэрт: «ФыкIуи ди нэхъыжьхэр зэвгъэлъагъу, я Iуэху зыIут зэвгъащIэ, ди хъыбари яхуэфхь», - жаIэрти. Абы ещхьыркъабзэу, нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэм якIэлъыкIуэрт. Апхуэдэу ягъэкIуахэр хуабжьу къащыгуфIыкIыу ирагъэблагъэрт, я фадэбжьэри Iахырти техъуэхъухьырт. ЛIыкIуэхэр ягъэтIысыртэкъым, фадэбжьэ нэужьым фIыщIэ къыхуащIу, къыдэкIуатэу хъуэхъу хужаIэурэ къыщIагъэкIыжырт. МыдэкIэ къыздэкIуэжам: «Гуп махуэ апщий!» - жаIэрти къахыхьэжырт. Зыхуэфащэхэри тэджырти кърагъэблэгъэжырт. Унафэр зэрагъэзэщIам папщIэ къэкIуэжахэм фIыщIэ хуащIырти, я пIэ ирагъэтIысхьэжырт.
ГуфIэгъуэр зейр гупхэр зыщIэс унэхэм щIыхьэурэ яхэплъэрт, зыхуей-зыхуэныкъуэхэр зригъащIэрти, щхьэгъэрытхэм унафэ яхуищIырт псори къызэрагъэпэщыну.

Iэнэм щызекIуэр тхьэмадэм и унафэт. Гупым ящыщ щIэкIын хъумэ, щхьэгъэрытхэм ящыщ гъусэ хуэхъурт. ЩIэкIахэр къыщыщIыхьэжкIэ, япэ итым сэлам къитырт. Гуп махуэбжьэр а сэлам къэзытам иратырт, абы гъусэ иIэмэ, бжьэр абы иритырти иригъафэрт. Фадэр кърагъахъуэрти, ефам къратыжырт, абы ар къезытам IэщIигъэувэжырт, мыдрейми бжьэр къезытам хуишиижырти, итIанэ и тIысыпIэ игъуэтыжырт. Бжьэр езым и ужь итым ириту иригъэфэныр Джылахъстэней хабзэщ. Къэбэрдей лъэныкъуэм езы зратам иреф.

Гупым яхэмысауэ зыгуэр къыщIыхьамэ, зыхуэфащэхэр тэджырт. Тхьэмадэр тэджу хабзэтэкъым. КъыщIыхьар нэхъыжьми нэхъыщIэми, фIэхъусыбжьэр иримыфауэ тIыс хъунутэкъым. ФIэхъусыбжьэм техъуэхъухьыртэкъым. Ар ирифрэ бжьэр къезытам иритыжа нэужь, хуэфащэ тIысыпIэр хуагъэлъагъуэрт.

Гуп тхьэмадэр щIэкIын хъумэ, къыщIыхьэжыху унафэр и пщэ дэлъу зыгуэр и пIэм къринэрт. Езы тхьэмадэм щхьэгъэрытым и мызакъуэу, гуп зыхэсым ящыщи дыщIэкIырт, нэмыс хуащIу. Ар къыщыщIыхьэжкIэ гупыр псори тэджырт. Гуп махуэбжьэ ирату иримыфауэ тIысыжыну хуиттэкъым. Абы ещхьыркъабзэт, хьэщIэр щIэкIын хъуми.

Iэнэм фадэр щызекIуэми, адыгэхэр чэф хъуным щышынэу щытащ. «Чэф игъуэтащ» зэрызыхужрамыгъэIэным хущIэкъурт.

Зыгъэхьэзырар

ЩхьэщэмыщI Изэщ.

Поделиться: