Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр щIыналъэ зэхуэсым

 «Новгород Ищхъэрэм и жармыкIэ» АО-м и хэщIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм щIыналъэ инвестицэ мардэхэр зэрыщагъэзащIэм теухуа зэхуэс. Абы щыхэплъащ щIыналъэхэм мылъку къыхрагъэлъхьэн папщIэ инвесторхэр дэзыхьэхын хуэдэу абыхэм щыщыIэ экономикэ щытыкIэхэм, бизнес Iуэхухэр зэрыщыдэкIым, зэлэжьыпхъэхэм, щIыпIэ хабзэхэр зэрылажьэм, нэгъуэщIхэми.
ЩIыналъэхэм я зэхуэсу Новгород Ищхъэрэм къыщызэрагъэпэщам кърихьэлIат къэралым и федеральнэ, щIыналъэ гъэзэщIакIуэ властхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм я лIыкIуэхэр, бизнесым хэтхэр, нэгъуэщIхэри. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Бэждыгъу Темыркъан, КъБР-м и Сату-промышленнэ палатам и тхьэмадэ ГъукIэлI Хьэсэн, «КъБР-м зыужьыныгъэмкIэ и корпорацэ» АО-м и унафэщI Чочаев Ахъмэт, «Маяк» зыгъэпсэхупIэм и директор Мамаевэ Айшат, «Шэджэм АГРО» ООО-м и унафэщI Берлин Лев сымэ. 
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм. Къапщтэмэ, къэралымрэ бизнесымрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэр, абыхэм зэхуаIэ зэпыщIэныгъэхэр, ахэр егъэфIэкIуэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр. Апхуэдэуи къызэхуэсахэм зэпалъытащ щIыналъэ инвестицэ стандартхэр щIыпIэхэм щыхэпщэным теухуауэ екIуэкI лэжьыгъэхэр. 
Урысей Федерацэм щIыналъэ инвестицэ стандартыр щылажьэу къалъыта и щIыналъэ 70-м хабжащ Къэбэрдей-Балъкъэрри. Абы хыхьэн папщIэ республикэм Iуэху пыухыкIахэр иригъэкIуэкIащ: КъБР-м инвестицэхэмкIэ декларациер къыщащтащ, инвестицэ проект ягъэхьэзырхэм дэIэпыкъуу, иужькIэ ахэр зэрыхапщэр и нэIэ щIэту, щыIэ ныкъусаныгъэхэр къыхигъэщу КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ 2006 гъэм щегъэжьауэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЗыужьыныгъэмкIэ и корпорацие» АО-р мэлажьэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и деж щыIэщ Инвестицэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ совет.
Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм зэхилъхьа инвестицэ картэм иратхащ КъБР-м инвестицэ и лъэныкъуэкIэ и зэфIэкIхэр, республикэм щылажьэ проектхэр, ирагъэжьэну ягъэхьэзырахэр, абыхэм ират къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр зыхуэдэр икIи абы ягъэхьа хъыбархэр зэпымыууэ къэгъэщIэрэщIэж. 

 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: