Унэхэр зэрагъэпэщыж

Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуэныкъуэ щымыIэу щызэрагъэпэщыжащ фэтэр куэду зэхэт унэу 44-рэ. Иджыпсту 46-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI икIи 2023 гъэм и кIэм нэсыху ахэри зэфIагъэкIынущ. Абы хыхьэу лифтхэр, унэ кIуэцIым и инженер системэхэр, унащхьэхэр зэрахъуэкI, унэ IуплъапIэхэр къагъэщIэрэщIэж.

Къыхэдгъэщынщи, унэхэр зыхуэныкъуэ щымыIэу зэгъэпэщыжынымкIэ щIыналъэ операторым иджыблагъэ къыхилъхьащ 2023 гъэм и щэкIуэгъуэ - дыгъэгъазэ мазэхэм къриубыдэу цIыхухэм къатын хуей ахъшэмкIэ щIыхуэу ятелъу хъуар зэуэ япшыныжу щытмэ, и чэзум зэрыхамылъхьам щхьэкIэ къытралъхьа къуэдыр худачыхыну.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: