Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм ягъэнэIуащ тхьэмбылыр лышхым зэриубыдар къызэращIэ щытыкIэхэр.
ЩэкIуэгъуэ мазэр тхьэмбылыр зыубыда лышхым пэщIэтынымкIэ дунейпсо мазэу къалъытэ. Ар тегъэщIапIэ ящIурэ медицинэм и лэжьакIуэхэм цIыхухэр къыхураджэ а узыфэ шынагъуэм пэщIэтыну, и чэзум къахутэфу зрагъэсэну.
Гу лъытапхъэщ лышх лIэужьыгъуэу щыIэм уахэплъэжмэ, лIэныгъэ нэхъыбэ дыдэ къызыхэкIыр тхьэмбылым епхар зэрыарам. Абы къыхэкIыу, зи гугъу тщIа щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм цIыхухэр къыхуреджэ къыкIэлъыкIуэну щытыкIэхэм темыплъэкъукIыну: лъы хэлъу Iупс бзаджэ уи бгъэм къытекIмэ; жьы къыппиубыдмэ; уи бгъэгур узмэ; уи макъыр икIамэ, уэд ухъуамэ; къызыхэкIар умыщIэу угукъыдэжыншэмэ; плъыржьэрым ухидзэмэ, уи гур пыхумэ, псынщIэу уешмэ - мыбыхэм ящыщ гуэр зыдэфлъэгъужамэ, терапевт, пульмонолог е онколог зэвгъэплъ, рентген сурэт фи бгъэгум тревгъэх е компьютер томографие евгъэщI.
- Сыт хуэдэ лышх узыфэми хуэдэу, тхьэмбылым ар къызэреуэлIар нэхъ псынщIэIуэу къэпщIэху, нэхъ тыншу пхуэгъэхъужынущ. Зи уз хэтIэсам хуэпщIэфынур мащIэщ. Къыхэгъэщыпхъэщи, мы лIэужьыгъуэр и чэзум къыумыгъэувыIэмэ, хуабжьу къуэпсышхуэхэр еутIыпщ. Ауэ игъуэм къэпхутар тынш дыдэу операцэ пхуощI, лъэужьыншэуи пхуогъэхъуж, - жеIэ Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и унафэщI Кит Олег.
Дохутырхэм къыхагъэщ 1 - 2-нэ лIэужьыгъуэм (лышхыр нэхъ щахуэгъэхъуж) иту ар къэпхутэну зэрыгугъур. Сыту жыпIэмэ, зыкIи зыкъыуигъащIэркъым. Аращи, илъэс къэсыху дохутырхэр зыкIэлъыбгъэплъын, рентген зытребгъэхынырщ Iэмал закъуэу щыIэр. Псом хуэмыдэу зи ныбжьыр илъэс 40-м щхьэдэхахэм зыхуагъазэ, я узыншагъэм хуэсакъыну.
- Зи тхьэмбылыр лышхым иубыдахэм я процент 90-р тутынафэхэращ. Ар тынш дыдэу зэуэлIэфынухэм ящыщщ зэран зыпылъ лэжьапIэм Iутхэри. Аращи, зи IэщIагъэр цементым, асбестым, сабэм епхахэм нэкIуIулъхьэ зэрахьэн, шхын узыншэ яшхын, зэпымыууэ дохутыр зыкIэлъагъэплъын хуейщ. Узыфэ зэрыцIалэ, пыхусыху фиIамэ, абы къыдэкIуэу фи унагъуэм лышх зэфыкI исмэ, ар лъэпкъ узу фиIэмэ, нэхъ набдзэгубдзаплъэу фызыхущытыжыпхъэщ, - къыхегъэщ мы институтым и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщI Харагезов Дмитрий.
Зэщывмыгъэгъупщэ, тутыныр, кальяныр, вейпыр IэщIыб фщIымэ, лышхым нэхъ щыхъума фыхъунущ. Илъэс къэс дохутыр зыкIэлъывгъэплъмэ, узыфэ шынагъуэр и чэзум къыфхуэхутэнущ.