Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм мазаем и 26-м къыдигъэкIа Указ №13-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2020 гъэм мазаем и 26-м къыдигъэкIа Указ №13-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Советым хэгъэхьэн мы къэкIуэнухэр:

Громушкин П. Н. - Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Ковалев М. В. - Тезырхэр щрырагъэхьэкI федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)

Мельников И. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Арбитраж Судым и УнафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету).

б) Советым хэгъэкIын Воронин С. В., Геляхов А. С., Къуэдзокъуэ З. Б., Лыхь А. Ч.

2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м

№109-УГ

Поделиться: