Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2014 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м къыдигъэкIа унафэ №142-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м Налшык къалэ №228-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и IуэхукIэ» 20I4 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м къищта унафэ №142-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, 2-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхауэ: «2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм зыщIигъу мыхъуну цIыху 73-рэ хуэдизу, абыхэм ящыщу 71-р къулыкъукIэ я улахуэм тещIыхьауэ сом мин 779,045-рэ я лэжьапщIэ фонду Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым Аппаратыр Iыгъыным къыщыгъэлъэгъуа мылъкум и хьэкъкIэ яIыгъыу, 2-р сом мин 20,806-рэ хъууэ я лэжьапщIэхэм я мазэ фондыр я полномочиехэр пхагъэкIын папщIэ федеральнэ бюджетым къиутIыпщ субвенцэхэм я хьэкъкIэ яIыгъыу гъэувын.». 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм теухуа Положенэу къэдгъэлъэгъуа унафэмкIэ къащтам и 7-нэ пунктым и япэ абзацыр мыпхуэдэу тхын: «7. Министерствэм и унафэщIщ гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органым и уполномоченнэм гурыIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къулыкъум игъэув министрыр.». 3. 2024 гъэм щIышылэм и 1-м къару зыгъуэт 1-нэ пунктыр хэмыту мы унафэр гъэзэщIэн щIадзэ официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|