Зыуэ щыт пособиер

Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм 2023 илъэсыр къызэрихьэрэ зыуэ щыт пособиер хуигъэуващ сабий мини 140-м щIигъум я адэ-анэхэм, апхуэдэуи цIыхубз уэндэгъу  мини 6,5-м.
ОСФР-м зыуэ щыт пособиер яхуегъэув социальнэ казначействэ мардэм тету. Аращи, ахъшэр къаIэрыхьэн папщIэ адэ-анэхэм, хабзэ зэрыхъуауэ, «Госуслуги» порталымкIэ лъэIур ятыну аращ. НэгъуэщIу абы пыщIауэ зыхуеину дэфтэрхэр ведомствэхэм я зэпыщIэныгъэхэмкIэ къапщытэ.
  Мазэ къэс иратыну пособиер зыхуэдизыр елъытащ унагъуэм и хэхъуэм икIи ар мэхъу:
- сабийр псэун папщIэ нэхъ мащIэу зыхуеину щIыналъэм щагъэувам и процент 50;
- псэун папщIэ сабийр нэхъ мащIэу зыхуеину щIыналъэм къыщащтам и процент 75-р хуагъэув, унагъуэм исхэм ящыщу дэтхэнэми а зэманым ирихьэлIэу тегуэшауэ я хэхъуэр псэун папщIэ зыхуеину нэхъ мащIэм нэмысмэ;
- псэун папщIэ сабийр нэхъ мащIэу зыхуеину щIыналъэм щагъэувам и проценти 100-р иратынущ, сабийм папщIэ щIыналъэм къыщащтам и процент 75-р щагъэувкIэ дэтхэнэми тегуэшауэ я хэхъуэр псэун папщIэ зыхуеинум нэхърэ нэхъ мащIэжмэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, зыуэ ят пособиер и пIэ иуващ нэхъапэм хуэныкъуэ унагъуэхэр дэIыгъынымкIэ ялэжьа Iэмалхэм: - япэ, ещанэ сабийхэр илъэси 3 ирикъухукIэ мазэм тIэу ирату щытам, илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэси 8-м, илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ илъэс 17-м нэсыхукIэ мазэм ирату щытахэм, апхуэдэуи зэрыуэндэгъум пэкIуэу цIыхубзым мазэ къэс зэрыдэIэпыкъуа ахъшэм.
Зыуэ щыт пособиер къаIэрыхьэным щыхуэкIэкIэ унагъуэхэм къыIах хъунущ къедбжэкIа ахъшэр, ар щыхуагъэува пIалъэр икIыху. Адэ-анэхэр зыуэ ят пособиер къеIыхыным щыхуей дыдэм деж хуэкIуэ хъунущ.
  Зыуэ ят пособиер щыхуагъэувкIэ къалъытэ унагъуэм исхэм илъэс блэкIам яIа хэхъуэр. Ар къызэрабжынур лъэIур щатам къыщыщIэдзауэкъым, атIэ зы мазэкIэ зэIэбэкIынущ,
Iэмал имыIэу къэлъытэн хуейщ зыуэ щыт пособиер зэрагъэпэщын папщIэ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ УФ-м и гражданхэу икIи Урысейм щыпсэууэ зэрыщытыпхъэр. Къыхэдгъэщынщи, зэпалъыт унагъуэм и хэхъуэхэмрэ мылъкумрэ, къалъытэ адэ-анэхэр лажьэмэ, апхуэдэуи IэнатIэ щIамыIэм и щхьэусыгъуэр , - къет фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.
УпщIэ зиIэхэм мы номерымкIэ зыхуагъазэ хъунущ КъБР-м щыIэ ОСФР-м и центрым: 8-800-200-06-70.
ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: