КъуалэбзухэрТхыкъупщхьэ, лъакъуитI зиIэ псэущхьэхэщ, зы хэкIым къызэщIиубыдэу. Къуалэбзухэр зи гъащIэр щIым, псым епха, джэдыкIэ къэзыкIэцI, лъэтэным къыхуэгъэщIахэщ (махъшэбзухэм, пингвинхэм, нэгъуэщI гуэрхэми а лъэкIыныгъэр яфIэкIуэдащ). Я къупщхьэ зэрыIыгъыр псынщIэщ, быдэщ, фIалъэ лъакъуэхэр дамэхэм хуэкIуэжауэ. Цы ятетщ пкъыр имыгъэупщIыIуу. Я пкъыр шэрыпIхэм, нэгъуэщI лъы хуабэ псэущхьэхэм ейм нэхърэ нэхъ пщтырщ. Щопсэу дэнэ щIыпIи, щIыуэпсым и гъэпсыкIэ псоми зрагъэкIуу – арктикэ къумхэм, тропик мэзхэм, къущхьэ лъагэхэм.
Къуалэбзухэм къызэщIаубыдэ лIэужьыгъуэ 28-рэ: махъшэбзухэр, борэнпежьэхэр, къаз теплъэхэр, жыгыуIу теплъэхэр, унэбзу теплъэхэр, нэгъуэщIхэри. Псори зэхэту къуалэбзухэр дуней псом лIэужьыгъуэ 8600 щохъу, абы щыщу мини 5-м щIигъур унэбзу лIэужьыгъуэщ. Ди къэралым уащыхуозэ лIэужьыгъуэ 750. ЛIэужьыгъуэ псоми щыщ къуалэбзухэр зэхэтмэ, миллиарди 100-м нос.
ЩIыуэпсым зэрызихъуэжым (мэзхэр зэрыраупщIыкIым, шэдхэр зэрагъэгъущым, щIыщIэхэр зэравэм), ар зэрауфIейм къапэкIуащ лIэужьыгъуэ куэд дунейм текIыжыныр, бзухэм я бжыгъэм куэду хэщIыныр. А шынагъуэр щыIэщ иджыри лIэужьыгъуэ 300-м нэсым я дежкIэ (бабыщжьэгъуплъыр, кърухэр, кIупхъыр, нэгъуэщIхэри).
ИкъукIэ инщ къуалэбзухэм щIыуэпсымрэ цIыхухэмрэ я дежкIэ мыхьэнэуэ яIэр. Ижь-ижьыж лъандэрэ ахэр къаущэкIу. Ящыщ гуэрхэр IэрыпI ящIри къытрагъэхъукIащ унэ лIэужьыгъуэхэр – джэдхэр, бабыщхэр, гуэгушхэр, къазхэр, тхьэрыкъуэхэр. Бзухэм я теплъэ щIэращIэмкIэ, макъ жьгърумкIэ мэзхэр, жыг хадэхэр, паркхэр ягъэдахэ; къэкIыгъэ гъэгъам тетIысхьэкIэрэ, абыхэм я жылэхэр зэбграхкIэрэ ахэр бэгъуэным, щIыпIэщIэхэм къыщыкIыным хуощхьэпэ. Удзыжь жылэхэр, егъу псэущхьэхэр (псом япэу дзыгъуэхэр) яшхкIэрэ, абыхэм я бжыгъэм хагъэщI. Зоологием щыщ Iыхьэу къуалэбзухэр зыджым орнитологиекIэ йоджэ.
Къуалэбзухэм цIыхум и гъащIэм увыпIэшхуэ щаIыгъщ. Адыгэ псысэжь гуэрхэм я деж (псалъэм папщIэ, «Мыщэ и къуэ Батыр» таурыхъым) бгъэшхуэм дунейр зэпхын къалэныр щегъэзащIэ, нэгъуэщI къуалэбзу лIэужьыгъуэхэми цIыхум Iуэхутхьэбзэ къыхуащIэ, къыкъуэтщ. Лъэпкъ куэдым я дежкIэ къуалэбзур дыгъэм, жьыбгъэм, хьэуам, пшэхэм, уафэгъуагъуэмрэ хъуэпскIымрэ я дамыгъэщ. Мысыр тхыдэм цIыхущхьэ зыфIэт къуалэбзум и сурэтыр гъащIэ пэублэм, и мыхьэнэкIэ «псэм» екIуалIэм ирагъэщхь. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я дамыгъэ мыхьэнэри ирахьэлIэ, цIыху екIуэлIапIэншэхэм, Iэхъуэхэм, зекIуэхэм я гъащIэм хуагъадэкIэрэ.
Къуалэбзухэм ижь лъандэрэ я «тIысыпIэщ» къэрал дамыгъэхэр (гербхэр, эмблемэхэр). Хэгъуэгу щхьэхуэхэми езыхэм я дамыгъэ яIэжщ я деж нэхъыбэу узыщрихьэлIэ къуалэбзу, псэущхьэ, къэкIыгъэ – жыг, удз гъэгъахэр щыгъэнэIуауэ. Псалъэм папщIэ, США-м и дэтхэнэ штатми и эмблемэм тетщ къуалэбзу, удз гъэгъа, жыг лIэужьыгъуэ хэха гуэр.
КъинэмыщIауэ, псысэжьхэм къахощыж цIыхум и хъуапсапIэхэр, нэгъуэщI гурыщIэхэр зрихьэлIа къэгупсыса къуалэбзухэр е дамэ, лъэбжьанэ, кIэ, пэ зи пкъым хэт псэущхьэхэр: василиск, дракон, грифон, пегас, феникс, нэгъуэщIхэри.
Къуалэбзум и символикэм пэщытщ шылъэгур, блэр… Совет тхакIуэ Горький Максим ейщ цIэрыIуэ хъуа жыIэкIэр: «Пщыну къалъхуам лъэтэн лъэкIыркъым». Хьэпшып е ерыскъы щымыIэм щхьэкIэ «бзу кхъуей» жаIэ, щIагъыбзэ щIэлъу: «Бзу кхъуей къинэмыщIа, Iэнэм темылъа щыIэкъым». Зи фIэщыгъэхэм щIагъыбзэ мыхьэнэ ехьэлIа къуалэбзухэу IуэрыIуатэм къыхощыр адакъэр, бгъэр, жьындур, къанжэр, кIыгуугур, кърур, къыур, кIуркIуняур, пцIащхъуэр, тхьэрыкъуэр.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|