Адэ

Iуэтэж

- Адэ къысщхьэщымыту сыкъызэрыхъуар зи ягъэр уэращ, мамэ! Уэращ жьуджалэм хуэдэу дунейм сыкъызэрытенар зи ягъэр. Адэ лъагъуныгъэ, адэ щIыбагъыр зищIысыр сымыщIэу уэращ сыкъэзыгъэхъуар. Анэ гумащIагъри зыхэзбгъэщIакъым - уэ дапщэщи улэжьэн хуейти сыуиIуэхутэкъым… Къуэм жиIэ псалъэ джыдхэм кърагъэкIуа нэпс шыугъэр анэм илъэщIт, ауэ аргуэгу нэкIум тез къэхъужырт. «И адэм зэрещхьыпс! А нэхъ сызыщышынэр къысщыщIащ. Еу-уей, сэ сэщхьу мы щIалэм зыри хэмылъыр пэж?...»
- Си щIалэ, сэ щIэх-щIэхыурэ услъагъуну, уи Iуэху зэрытэмэмыр сщIэну сыхуейуэ аращ. ЗыкIи сыпщыгугъыркъым, уузыншэрэ уфIмэ, кысхуумыщIа щыIэкъым, - жеIэ ерагъыу анэм. 
 - Куэдщ, щыгъэтыж. Уэ сынодауэу сыщытыну зэман сиIэкъым сэ. Дызэрылъэгъуащи, ирикъунщ! Сэ сыхущIыхьэркъым, сылэжьэн хуейщ. Апхуэдиз нэпс щIыщIэбгъэкIыни щыIэкъым, си Iуэху щыхуэхъу сыкъэкIуэжынщ. 
 ЩIалэр унэм пIащIэу щIэкIри, унэбжэр ину къридзылIэжащ.
ПщIантIэм дэт машинэм зридзэри, хьэлъэу жьы ишащ. Абы и губжьыр хуэмурэ теужырт. ЩIалэм и нэгу къыщIыхьэжащ и сабиигъуэр, нэхъ пэжу жыпIэмэ, и сабиигъуэм иIа гукъеуэхэр.
 Абы иджыпсту и нэгу щIэтщ сабий садым щIэсу хъуар яшэжауэ езым и закъуэ зэрыщIагъэсауэ щытар.
- Мамэ, апхуэдизрэ сыт пщIар? Псори я унэ зэрашэжрэ Iэджэ щIащ… Сэ си закъуэ си щхьэ пIийуэ сыщысщ! - и нэпсхэр ирилъэщIэкIыурэ жиIэт абы.
- Къысхуэгъэгъу, си псэ, лэжьапIэм сыщагъэгуващ,- къетыж анэм жэуап.
- Уэ махуэ къэс уагъэгувэ…
Абыхэм унагъуэ дахэу псэун щIадзат, зэщхьэгъуситIым я щIалэ гъэфIэныр насыпыфIэу зэдапIырт. Къуэ псоми зэрахьэлу, щIалэ цIыкIур и адэм кIэрыст, абы и кIэм ит зэпытт.
«Дауэт ди унагъуэр зэрыкъутэжар?» упщIэр щIалэм и щхьэм щокIэрахъуэ. 
 Мис а сабий садым кърамышыжу щагъэгува махуэрщ псори къыщежьар. А махуэм сабийм зэхищIат и адэ-анэм яку къыдэхъуа псалъэмакъыр.
 
***
Адэр а махуэм гувауэ къэкIуэжат, сабийр жейжакIэт. Жейжатэкъым, апхуэдэу балигъхэм я гугъэу арат.
- Дэнэ ущыIа? - зэхех сабийм и анэр зэрыупщIэр. – Сынэпсэлъати… абы иджыри къыпищэну къыщIэкIынт къызэпамыудамэ… 
 Бзылъхугъэм удын зыгъуэта и Iэпкълъэпкъыр къеузми, абыхэм зызэщIакъуэри унэр ябгынащ. 
 Абы яужь анэм нэпс куэд щIигъэкIащ. Куэд дэмыкIыу абыхэм я адэм деж ягъэзэжами, зыми зихъуэжатэкъым, анэр гъырт, адэм ар иукIырт. «Уэращ лажьэ зиIэр» жиIэурэ адэм анэр щиукIкIэ: «Къуаншагъэ гуэр ищIащи аращ, армыхъу, щхьэусыгъуэншэу яукI щыIэ?» - жиIэу щIалэ цIыкIур егупсысырт.
Махуэ гуэрым ар школым къикIыжмэ, и анэр щIэстэкъым. Анэшхуэм зэрыжиIамкIэ, ар сымаджэщым яшат. Тхьэмахуэм щIигъукIэ щIэлъащ ар сымаджэщым, абы иужькIи цIыхубзым куэдрэ зыкъыхуэужьыжакъым. ГъэщIэгъуэнракъэ, и адэри къыкIэлъыкIуэртэкъым е къэпсалъэртэкъым. Махуэ гуэрым ар хьэблэ сабийм джэгуу яхэту зыгуэрым фIэнати: «Сыт, уи анэм уи адэр лъэхъуэщым зэрыригъэтIысхьам хуэдэу, сэри сыбгъэтIысынура?» - жиIэри къещащ. Мис абдеж щыщIэдзауэ щIалэ цIыкIум и анэм гужьгъэжь хуиIэ хъуащ. Ухуейрамэ, абы и анэм лъагъумыхъуныгъэ хуищIат. Ар дапщэщи щыгугъырт и адэр лъэхъуэщым къикIыжу и деж ишэжыну, ауэ зэманыр кIуэрт, адэр къыкъуэкIыжыртэкъым. Абы лъандэрэ илъэс дапщэ дэкIа, щIалэ цIыкIум и адэр зэи илъэгъуакъым. Ар абы зэрыхуэныкъуар зыщIэр езым и закъуэщ…
Анэр зэпыу имыIэу лажьэрт. Хьэуэ, абы и къуэр фIыуэ илъагъурт, къедэхащIэрт, IэфIу игъашхэрт, ауэ мо цIыкIум къемэщIэкIырт армыхъу.
Школ нэужьым, ар дэнэ щIэтIысхьэми идэрт, унэм пэжыжьэ хъумэ. 
Мис иджы езым и унагъуэ зэриухуэжрэ псэ тыншыгъуэ нэхъ игъуэтат. Сабийхэм трагъэуну щыгугъыу унэм щIыхьэжа щIалэм хьэщIэ иIэт. ПщэфIапIэм щIэт стIол кIыхьым и жьантIэм дэст ар илъэс куэд щIауэ зэжьэ и адэр.
- Ар дауэ?! - щIалэ гуфIэщам и адэм зридзауэ IэплIэ быдэу хуещI.
- СыкъаутIыпщыжа иужь япэу уи дежщ сыкъыздэкIуар, си щIалэ, сыщыбгъэIэн? – щIоупщIэ лIы хэкIуэтар.
- Ахъ, иджыри къэс уисаура? Илъэс дапщэ хъуа си анэм узэригъэтIысрэ?
ЛIы хэкIуэтар зэрылъэлъу дыхьэшхащ. 
 - Сэ сызэрагъэтIысрэ илъэситхущ зэрыхъур, сыщIагъэтIысари нэгъуэщI Iуэхущ. Уи анэм абы щыгъуэ игу къысщIэгъури самыгъэтIысу сыкъригъэлат.
 - Дауэ жыпIа? Апхуэдиз илъэс хъуауэ сэ сыножьэ, уэ хуиту уэрамым удэтщ, ара?
 - Сыт сэ уэ щхьэкIэ сыщIэгузэвэнур? Узеиншэкъым, уфакъырэкъым, сом гуэри уи анэм кIэщIэздзэрт. Сэ, къыбгурыIуэмэ, езым си унагъуэ сиIэжт…
ЩIалэр пIащIэу къэтэджащ:
- Мэ мыр хьэщIэщ уасэщ.
- СыщIыбохуж ара?
- Иджы сэ сыпхуэныкъуэжкъым. Махуэ дапщэкIэ сыножьами пщIэрэ уэ, сэ сыпхуэныкъуэху си анэр псомкIи згъэкъуаншэу?!
- НтIэ ахъшэм къыдэщIыгъу иджыри, жиIащ хьэщIэм.

***
И закъуэу унэм къыщIэна анэм и гукъеуэ бжыгъэншэхэр зэтрищыпыкIыу щхьэгъубжэм кIэрытт, ар егупсыст а щIалэр цIыху нэсу ипIын папщIэ гугъуехьрэ хьэзабу зыхэтам, и щхьэ зыхуигъэныкъуа псом. Хьэуэ, абы и щIалэр игъэкъуаншэртэкъым зыкIи, ар и щхьэт зыхуэхъущIэр. А гупсысэхэм ар къыхашыжащ и унагъуэр и гъусэу пщIантIэм къыдыхьэжа и къуэм.
- Ди анэ, къысхуэгъэгъу! Уарэзымэ, уи гъусэу дыпсэуну дыкъэкIуэжащ – щIалэм щыжиIэм, тIуми я нэпс яхуэIыгъакъым, гуфIэгъуэ нэпст ар. 
 

P.S. «Жьым фымыщI и жагъуэ».
 Интернетым къитхащ.

 
 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: