Сыт ехъулIэныгъэм и лъабжьэр?!

ГъащIэм зэрыщыхабзэщи, языныкъуэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрагъэхьэф, я зэфIэкIым къызэрымыкIуэу хагъахъуэ зэпытщ. Сыту пIэрэ ар зэлъытар? ЦIыхур къыщыхъу унагъуэра, хьэмэ езым и егугъуныгъэра? 

Мы упщIэм и жэуапыр хыдолъагъуэ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» къэрал дамыгъэм и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Емуз Нинэ дызэрепсэлъа зы интервьюм. 
КъБКъУ-м и егъэджакIуэу, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министру, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу лэжьа бзылъхугъэр зынэса лъагапIэхэм я щэхум, щIэдзапIэ яхуэхъуам ди гуапэщ фыщыдгъэгъуэзэну:
- Совет зэманым зэрихабзэти, щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ щагъэлъапIэ, абыхэм хуэпабгъэ унагъуэхэм дэри дащыщт. А IуэхугъуитIым пщIэшхуэ иIащ. Ди адэр журналистт. Тбилиси къэрал университетыр къиухауэ, ди щIыпIэ радиом ирагъэблагъэри, абы япэу щылэжьахэм ар яхэтащ. И гъащIэ псор а IэнатIэм триухуащ. Радиом и дыщэ фондым абы и цIэр зэрыхэтым срогушхуэ. Си анэр егъэджакIуэт. Челябинск щIыналъэм къикIри, педагогикэ еджапIэр къиуха нэужь, Ботэщей къуажэм щылэжьэну къагъэкIуат. Ар ди адэм и къуажэрати, апхуэдэу а тIур зэIущIэн хуей хъуащ, - жеIэ абы. - Дыбынунагъуэшхуэт, хъыджэбзиплI дапIащ. Ди адэ-анэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуащIу щытащ зэшыпхъухэр дызэрыIыгъыу дыкъызэрагъэхъуным. Ар зы лъэныкъуэкIэ Совет зэманым и гъэсэныгъэм и лъабжьэ хуэдэу щытт, цIыху зэхущытыкIэхэр икъукIэ ягъэлъапIэрт. Абы щхьэкIэ ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэшхуэ яхузощI. 
Согупсысыжри, ди къэухьым зрагъэужьын щхьэкIэ, абыхэм дыздамыша къэнэжауэ къыщIэкIынтэкъым. Уеблэмэ балетымкIэ гупжьей нэгъунэ сыхэтащ. Гугъу дыдэу фIэкIа къызэмыхъулIэми, Налшык къалэм дэт музыкэ школ №2-м сыщеджат. Апхуэдэуи сурэт щIыным зэчий лъэпкъ хузимыIэми, сурэтыщI цIэрыIуэу щыта Ткаченкэ Андрей абы щыгъуэм ди курыт школ №9-м щригъаджэрти, абы и дерсхэми сыкIуат. А IэщIагъэхэр сысымейми, сыщIэкIуэр зыт - къезгъэжьа Iуэхур и кIэм нэзмыгъэсауэ зэи къысхуэгъанэртэкъым. Пионер Iуэхухэм, Орлёнок, Артек лагерхэм - куэдым дыхэтыну, дыщыIэну Iэмал диIащ. Апхуэдэуи абы щыгъуэм Пионерхэм я унэм епхауэ лажьэу щытащ къалэ пионер, къалэ комсомол штабхэр. Арати, абыхэм дыхэту, Совет Союз иным япэу зыщытплъыхьауэ щытащ. Киев жыпIэми, Молдавие, Белоруссие щIыналъэхэрами - къэралыр сурэткIэ мыхъуу, дэ езым ди нэкIэ зэдгъэну а зэманым апхуэдэ Iэмал диIащ. Ахэр псори уи къэухьым зезыгъэужь Iуэхути, си гукъэкIыж нэхъыфIхэм ящыщщ нобэми. 
Ди адэ-анэр, зэрыжысIащи, зэпымыууэ къыдэгугъуащ, нэхъ тфIэфI, дызыхуей IэщIагъэ къыхэтхынымкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и япэ курсыр къыщызухам щыгъуэ, япэу хамэ къэрал си адэ-анэм сагъэкIуэфауэ щытащ. Къапщтэмэ, абдеж ирихьэлIэу сэри унагъуэм хэхъуэ гуэр къыхуэсхьын щIэздзат - етIуанэ курсым Лениным и цIэкIэ щыIэ стипендиер къызатт, абы щыгъуэм ар егъэджакIуэу лэжьэн щIэзыдзэгъащIэм и улахуэм хуэдиз хъурт. 
А зэманыр уи нэгу къыщIэзыгъэфыхьэну нэгъуэщI зы Iуэхугъуи щыIэщ. Абы щыгъуэм ику иту, егъэлея хэмыту псори зэхуэдэу псэурт. Ахъшэм апхуэдиз мыхьэнэ иIакъым. Сэ сызэреплъымкIэ, ахъшэ нэхъыбэ къэлэжьыныр цIыхум мурад нэхъыщхьэ щыхуэхъум деж, лъапIэныгъэ куэд IэщIоху, фIокIуэд. 
Дэ ди унэр Налшык къалэм ПащIэм и уэрамым япэу тращIыхьауэ щытахэм ящыщт. Ар радиом и лэжьакIуэхэм папщIэ яухуат. Ди гъунэгъухэу щытащ Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Дэбагъуэ Рае сымэ хуэдэ цIыхухэр. Аращи, куэд сигу къэбгъэкIыжащ иджыпсту.
Совет зэманым и нэщэнэхэм ящыщу нэгъуэщI зы гукъэкIыж сфIэфIу сиIэщ, си Ботэщей анэшхуэм деж гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм дыщыкIуэжу щытам епхауэ. Абы и унэр къуажапщэм, Елъхъуэт лъэныкъуэкIэ ущыкIуэкIэ, хуэзэрт. ПщIантIэм укъызэрыдэкIыу, ди гупэмкIэ губгъуэ нэщIышхуэм уIуплъэрт. А щIэпIэрат пщыхьэщхьэкIэ цIыхухэр гуп-гупу щызэхуэсыр - нэхъыжьхэр зэгъусэт, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ щхьэхуэт. Зэрыгъэгушхуэу, зэдэуэршэру зэхэтт. КIэщIу жыпIэмэ, уаIуплъэныр гухэхъуэт. Ар сурэт теплъэгъуэ хуэдэу си нэгум къыщIохьэж щIэх-щIэхыурэ. ШэщIэху Iэмэпсымэр зиIэм деж хьэблэ псор зэрыщызэхуэсу щытар-щэ! Ар сыт хуэдэ телъыджэт сэркIэ, си анэшхуэм абы сыщыздишэр. Нобэрей зэманым ебгъапщэмэ, абыхэм я дежкIэ апхуэдэ пщэдджыжьхэр дунейпсо Интернет хуэдэт - къуажэм, районхэм, цIыхухэм ятеухуауэ сыт хуэдэ хъыбар щыIэми, абдеж къыщащIэфынут. Къалэм и псэукIэр апхуэдэкъым, нэгъуэщIщ. Аращи, си анэшхуэм деж къуажэ гъащIэр зэрыщытын хуейм хуэдэу зэрыщыслъэгъуам сэ мыхьэнэ изот. Щапхъэу къэсхьахэр Iуэху къызэрыгуэкI хуэдэу, мыхьэнэшхуэ ямыIэу къыпщыхъункIи хъунщ, ауэ а зи гугъу сщIахэм хуэдэхэращ, сызэреплъымкIэ, цIыхум и къэухьыр зэфIэзыгъэувэр. 
Сыт хуэдэ лэжьыгъэ сыпэрымыхьами, зэи сышынакъым щIэрыщIэу Iуэхум зыхэзгъэгъуэзэным. Арауэ къыщIэкIынщ нэхъыщхьэ дыдэр. Сэ щIалэгъуалэм сыт щыгъуи яжызоIэ, сыт хуэдэу лъагэу зумыIэтами, языныкъуэхэм деж лъэбакъуэ зытIущкIэ укъикIуэтыжыным шынагъуэ зэрыпымылъыр. Псалъэм папщIэ, сэ еджапIэ нэхъыщхьэм сыщыщылэжьэну сымыгъэзэжатэмэ, абдеж си щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ зэрыхэзгъэхъуам зыгуэр кIэричыну къыщIэкIынт. ЕгъэджакIуэу къыщIэздзэу, иужькIэ Педагогикэмрэ психологиемкIэ кафедрэм и унафэщIу сызэрыщыта илъэсийм си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ. Абдеж щIэныгъэ-къэхутэныгъэ Iуэху зесхуэну Iэмал щызгъуэтати, кандидат, профессор цIэхэри къакIэлъыкIуащ. АдэкIэ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министру, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу сызэрылэжьар - дэтхэнэри сызэрыгушхуэ ехъулIэныгъэщ. IэнатIэ уиIэр лъагэми лъахъшэми емылъытауэ, уи пIэм уимыуджыхьу, ипэкIэ укIуэтэнырщ ехъулIэныгъэм и хэкIыпIэр.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: