Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и языныкъуэ актхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м Налшык къалэ №232-ПП

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэщтэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и языныкъуэ актхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и языныкъуэ актхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэу мы унафэм ипкъ иткIэ къащтахэр гъэзэщIэныр, зэхъуэкIыныгъэхэм я 1-нэ пунктым къызэрыщыгъэлъэгъуауэ, зэфIегъэкI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ и министерствэм штатым хэт и лэжьакIуэ бжыгъэмкIэ, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ и министерствэм щыхухэха мылъкумкIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал IуэхущIапIэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм епхахэм я лэжьакIуэхэм улахуэхэр яхуэгъэувыным теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м Налшык къалэ №235-ПП

 «Языныкъуэ лэжьакIуэхэм улахуэхэр етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №35-РЗ-м, 2010 гъэм накъыгъэм и 19-м къащтам, и 3-нэ статьям, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал, кIэзонэ, бюджет, автономнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэр IэнатIэхэм зэрытрагуашэ щIыкIэхэм хуэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2008 гъэм шыщхьэуIум и 19-м къыдигъэкIа унафэ №196-ПП-м япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэщтэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал IуэхущIапIэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм епхахэм я лэжьакIуэхэм улахуэхэр яхуэгъэувыным теухуа Положенэу мы Унафэм щIыгъур.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм чэнджэщ етын муниципальнэ IуэхущIапIэхэм щIалэгъуалэ политикэм епхауэ щыIэ лэжьакIуэхэм я улахуэхэр мы Положенэм къызэрыщыгъэлъэгъуам ирагъэзэгъэну.
3. Мы унафэм къару егъуэт 2024 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур къэлъытэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 13-м Налшык къалэ №236-ПП

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №70-РЗ-м, 2001 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м къащтам, и 16-нэ статьям и 16-нэ пунктым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэщтэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур къэлъытэным теухуа Положенэу мы унафэм щIыгъур.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм, къэрал властым и нэгъуэщI органхэм, щыIэ законодательствэм ипкъ иткIэ апхуэдэ хуитыныгъэ зиIэ нэгъуэщI зэгухьэныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мылъкуу зэгурыIуэныгъэ щIызэращIылIэр, Положенэм къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъку псори щатха реестрым иту щытын зэрыхуейр гъэувын.
3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм, апхуэдэуи абы и унафэ щIэт юридическэ цIыхухэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкум (е абыхэм тратхыкIахэм), а Iуэхур зезыгъакIуэ органхэм, IуэхущIапIэхэм, цIыхухэм ятеухуахэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIы Iуэхухэмрэ мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министерствэм Iэрагъэхьэн хуейщ щIэупщIа нэужь махуипщI пIалъэм къриубыдэу.
Зи гугъу ящI дэфтэрхэм (е абыхэм тратхыкIахэм) щIоупщIэ икIи зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм ягъэхь электроннэ дэфтэр мардэм тету, дэфтэрхэм я электрон щапхъэм иту (я реквизитхэри къыщыгъэлъэгъуауэ, щIэтхыкIкIэ сурэт трахауэ, тхылъымпIэм тету), апхуэдэуи шэч къызытумыхьэн электроннэ IэщIэдзкIэ щIэгъэбыдауэ.
4. Къару ямыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм мы къыкIэлъыкIуэ и унафэхэм:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур къэлъытэным епха Iуэхухэр егъэфIэкIуэным теухуауэ» 2010 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м къащта унафэ №65-ПП-м;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2010 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м къищта унафэ №65-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2010 гъэм мэкъуауэгъуэм и 8-м къащта унафэ №131-ПП-м.
5. Мы унафэм къару егъуэт 2024 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и администратор нэхъыщхьэхэр къыщыгъэлъэгъуахэм
зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 13-м Налшык къалэ №237-ПП

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и администратор нэхъыщхьэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым хущыщIэхэр къызэзыгэпэщ администратор нэхъыщхьэхэр къыщыгъэлъэгъуахэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэ щIыкIэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм накъыгъэм и 4-м къыдигъэкIа унафэ №100-ПП-м ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и администратор нэхъыщхьэхэр къыщыгъэлъэгъуахэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №216-ПП-м ипкъ иткIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным зэритым хуэдэу къэхьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: