Iейм щахъумэ

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрымрэ ирагъэкIуэкIащ «Лъагъумыхъуныгъэмрэ зэбиинымрэ ди зэхэтыкIэм къезэгъыркъым» Iуэху щхьэпэ. 

 Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и колледжым и студентхэр, Налшык къалэм и лицей №№1, 2, 14-хэм, курыт еджапIэ №20-м я 7-11-нэ классхэм щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. 
ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIащи, ар хуэгъэпсащ лъэпкъ, дин зэпэщIэувэныгъэхэр къэмыгъэхъуным. 
Псалъэмакъ щхьэпэм къыхыхьащ Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэ Фырэ Анфисэрэ КъБР-м и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алимрэ
Хабзэхъумэхэм школакIуэхэм гурагъэIуащ экстремизмэр зищIысыр, яхутепсэлъыхьащ ар къызэрыунэху щIыкIэхэм, къыхураджащ хуит ямыщI интернет-сайтхэм имыхьэну, апхуэдэуи хамэ лъэпкъ щыщхэр ялъагъу мыхъуным къыхуезыджэ тхыгъэхэр езыхэм я напэкIуэцIхэм ирамылъхьэну. Полицейхэм ахэр щыгъуазэ ящIащ экстремист Iуэхум зыпызыщIэм хабзэм ипкъ иткIэ уголовнэ жэуап къызэрыпэплъэм. 
Управленэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэм жаIащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ узыншагъэмкIи икъукIэ зэрызэраныр, ягу къагъэкIыжащ апхуэдэхэр зэхьэлIэным шынагъуэшхуэ къызэрыпэкIуэр. 
КъаIэта Iуэхум зэреплъыр къыжаIащ школакIуэхэм, яфIэгъэщIэгъуэну ята упщIэхэми IэщIагъэлIхэм жэуап зэпкърыха къратыжащ. 
 Дин IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм еджакIуэхэм ягу къигъэкIыжащ яхэлъыпхъэ хьэл-щэнымрэ дунейр фIыуэ лъагъун зэрыхуеймрэ, щIалэгъуалэм экстремизмэм зыпащIэныр къэбгъэхъу зэрымыхъунур, адрей лъэпкъхэм ящыщхэм пщIэ зэрахуэфащэр. 
- ГъащIэм гуэгу тэмэм къыщыхэфх. Фи гъащIэм щIидза къудейщи, фи къэкIуэнур фэ езым фи Iэрылъыжщ, - жиIащ Фырэ Анфисэ. 
Iуэхум и кIэухыу лицейхэм я еджакIуэхуэм хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ зытепсэлъыхьа Iуэхум ехьэлIауэ ягъэхьэзыра, экстремизмэмрэ зэбиинымрэ хуаIэ щытыкIэр къызыхэщ сурэтхэр. 

 

 

 

 

 

 

 

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: