ЕкIуу къагъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ГТФ, Олимп джэгухэм хыхьэркъым) чемпионатрэ пашэныгъэр щыубыдыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Къэзан къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 63-м я спортсмен 2400-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэту абы щызэуащ цIыху 32-рэ икIи абыхэм щыщу Дыкъ Алим, Абазэ Ислъам, Науржан Ясминэ, Мамхэгъ Эмир, Къалэ Самирэ, КIашэ Ислъам, ПащIэ Заурбэч, Трегубов Герман сымэ япэ увыпIэр къахьащ. 
ЕтIуанэ хъуахэщ ХьэтIэхъу Къантемыррэ Назарчук Русланрэ, ещанэ увыпIэр Къуэдз Залымрэ ТхьэилI Темырланрэ яубыдащ.
КъБР-м и командэм и тренерхэр Бэлахъуэ Елдар, Абазэ Азэмэт, Мамбэт Аслъэн сымэщ. 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: