Iуащхьэмахуэ ирагъэщхь

ЩIэныгъэлIхэм я гупэр Мазэм зэрыхуагъазэрэ фIыуэ щIа пэтми, абы ихъумэ щэхухэм ялъэIэсын папщIэ къэхутэныгъэу ирагъэкIуэкIым гъунэ иIэкъым.
Мазэгъуэ жэщу, мазэм и «нэгур» псоми щахузэIуих зэман мащIэм хэти хуиту елъагъу абы къытещ IэпапIэ фIыцIафэхэр. Ар мазэм и щхьэфэм иIэ къуакIэбгыкIэхэмрэ зэгуэр къикъуэлъыкIа вулкан пкъыгъуэхэр щызэтежыхьа щIыпIэхэмрэщ. Мазэм щIыпIэ гъэщIэгъуэну 8 иIэу къагъэлъагъуэ. Абыхэм ящыщщ нэхъ лъагэ дыдэу къалъытэ Гюйгенс щыгур, метр 5500-рэ зи лъагагъыр. Ар щIэныгъэлIхэм Iуащхьэмахуэ хуагъадэ.
Абы нэхърэ нэхъ лъагэж щIыпIи щыIэщ ди гъунэгъу мазэм. Ар метр 10786-рэ мэхъу икIи Эверест бгым нэхърэ километри 2-кIэ нэхъ лъагэщ, арщхьэкIэ ар бгыхэм хабжэркъым, и лъащIэр лъахъшэ кIыхьу зэрыщытым къыхэкIыу.
Мазэм и ипщэ тIыгум хуэзэ кумбыгъэм (кратер) и инагъыр километр зэбгъузэнатIэ мелуани 3,8-м нос. Ар Индием и инагъым нэхърэ нэхъ инщ, и кууагъыр километри 8 мэхъу. Языныкъуэ щIыпIэхэм яIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр километр 12-м фIеш, Марианскэ уэхым нэхърэ нэхъ куущ. Мазэм и хышхуэм, «Бурь»-кIэ зэджэм, и инагъыр километр зэбгъузэнатIэ мелуани 4 мэхъу икIи ар хы Курытым нэхърэ тIукIэ нэхъ инщ. Мазэм щыIэ хыхэр, дауи, псыншэщ - вулкан къыщихуахэр щэзэтежыхьа щIыпIэу аращ.
ЩIым ещхьыркъабзэу, Мазэм и щIыпIэ хуабэ дыдэр зыхуэзэр экваторырщ. Атмосферэ здэщымыIэ а щIыпIэм и жэщ-махуэр сыхьэт 29-рэ зэрыхъум къыхэкIыу махуэр щыпщтырщ - дыгъэм хуэгъэза щIыпIэм хуабэр градуси 130-м, жэщым щIыIэр градуси I70-м щынос, ауэ псом нэхърэ нэхъ щIыIэр дыгъэр здынэмыс уэх куухэм хуэзэхэрщ. Апхуэдэ щIыпIэхэм щIыIэр градус 200-м нэхърэ нэхъ мащIэ щыхъуркъым - зэи къэмыткIу мыладжэщ. «Аполлон» спутникым къихьа пкъыгъуэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, нэхъапэ дыдэу зэпцIа Мазэм и щIым илъэс меларди 4 и ныбжьщ. ЩIым и ныбжьыр зэрыхъуу къалъытэр илъэс меларди 4,6-рэщ. Мазэр абы къызэрыкIэрыхур илъэс мелуан 30-м къыщыщIэдзауэ 200-м нэсщ. Нэхъ щIыщIэу къалъытахэм я ныбжьыр илъэс мелард1,2-рэ хъууэ нэхъапэхэм хуагъэфэща щхьэкIэ, ар тэмэм дыдэу зэрыщымытыр (уэххэр щIэзыуфа метеоритхэм я ныбжьырт зытращIыхьар) иужькIэ къахутащ.
 Мазэм и кур куэд щIауэ упщIыIужащ, вулканхэм я къэукъубеиныр иухри. Апхуэдэу щыщыткIэ, щIэныгъэлIхэм шэч къытрахьэркъым метеоритхэм я лъабжьэм щIэлъ базальт зэтежыхьахэм зэрылъэIэсыфынум. Абыхэм щыуагъэншэу къыбжаIэфынущ мазэм и ныбжьыр зэрыхъур.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: