ЗэфIэкI ин иIащ

Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ, фи лъэIукIэ тыдодзэ усакIуэ Щоджэн Хьэбас и усэ къыхэхахэр. 
Хьэбас ГИТИС-м щеджэ лъэхъэнэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым щекIуэкI творческэ семинархэм хэтащ. Къэбэрдей драмтеатрым и актёру щытащ, иужькIэ – телевиденэм и режиссёру. А лэжьыгъэхэм зэфIэкIышхуэ щигъэлъэгъуами, абы сыт щыгъуи игу нэхъ зыхуэкъабзэр усэнырт. Щоджэным и япэ тхылъыр – «Гурылъ IэфIхэр» - дунейм къытехьат 1959 гъэм. Поэмэхэр, пьесэхэр итхат. «К свадьбе все готово», «Большая медведица», тхылъхэр Москва, «Хьэмидрэ абы и пыхъуэпышэхэмрэ», «Гум и хъуаскIэ», «Земное притяжение» зыфIищахэр Налшык къыщыдэкIащ.
Щоджэн Хьэбас уэрэд тхыным хуэIэзэт. Абы и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр цIыхухэм фIыуэ ялъагъу, нобэр къыздэсым щIэщыгъуэу мэIу.
Гъэмахуэ уэшх
МафIэ чынутIыр уафэ лъащIэм еуэри,
Пшэ ныбэф фIыцIэжьхэр къызэгуиудащ.
Жыр пкъо зэгуэчу
Уафэ гъуагъуэр ежьэри
Уэшх иныр,
Уэшх гуэныр
Къыщиудащ.
Дыгъэм гъыныфэу къигъэна щхъуантIагъэм
Я нэгухэр нэщхъыфIэу къахузэIуехыж.
Уэшх дыжьыныфэм
Лыдхэу уэсэпс щыгъэм,
Губгъуэми
Жыгхэми дахагъэ хелъхьэж…
Тоуж уэлбанэр.
Къуалэбзу цIыкIухэми занщIэу заIэтыж,
Iэщхэри хъуакIуэу тафэм техьэжащ.
ЩIы гъунапкъитIыр  зэрипх къыпфIигъэщIу
Плъыржьэру,
Жьэражьэу месыр лэгъупыкъум
КъуэкIыпIэм дежкIэ зэришэкIыжащ…
Сабий пкъы жанхэр
Уэрам гу лъагъуэм 
Деж псыхьэлыгъуэхэм
Джэгухэу къыщажыхь.
 
***
Гъатхэр зыгъэбжьыфIэу 
ФIыр зи бзэ мыух,
Къеблэгъэж нэщхъыфIэу
Пшыналъэр зэIух.
 
Къуалэбзу, уи абгъуэр
Узыхуейм тещIыхь.
УэркIи хуитщ ди губгъуэр
Мес къыщылъэтыхь.
 
ПсынщIэщ ди жьы къабзэр,
Дамэр пхылъэтынщ,
IэфIщ ди псынэ бзабзэр,
ДэнкIи щывгъуэтынщ.
 
ВгъэIу ину пшыналъэр
ЕкIуу фыздежьу,
Щхьэхуитщ ди щIыналъэр
ЩIыгу псо къывдожьу…
 
Пшэ
Къыр дзакIэр песыкIыр
Пшэплъыр ныщIидзауэ,
Iугъуэу бгым тосыкIыр
Пшэм жьым зыридзауэ.
 
Уэгум ар хуэпабгъэм
Хьэуа къабзэм щоткIу,
Зихьмэ щIыгум и бгъэм
Ар бэвыгъэу поткIу…
 
***
Жей куум къуршыжьхэр хилъафэу,
Жьыбгъэм гумащIэу къелъэтыхь,
И нэгу хужьыгъэр щIиуфау,
Ди IуащхьэмахуикI ещI пшэкIухь.
 
Хъыджэбз щэныфIэу пшэху данэпсым
Мазэр щэху дыдэу хокIуэсыкI,
ПсыIуфэ банэхэр къуршыпсым
Къэукъубияуэ щIелъэсыкI.
 
УдзыпцIэ бэвым нарт тхъуэжьейхэм
Мылыфхэр дзэпкъкIэ щыпаупщI,
Нарт Ашэмэз и лIыгъэ щIэгъухэм
Мэзыбгъум шыхэр щыхагъэпщ…
 
ПIалъэншэу дэнкIи гуэдз бэв хьэсэм
Ныбгъуэ зэпэджэр щызэхох,
Уэршэрхэу мес аргъынэ кусэм
ПхыкIау хъыджэбзхэр бгым щхьэдох…
 
Махуэм лэжьами щIалэ гупыр
ПщыIэр джэгуншэу щымысыф…
УсакIуэ, плъэкIмэ, уэ жэуапыр 
А псоми зэуэ етыжыф!..
 
Къуршыпс
Губжьауэ, щатэу къуршыпс уардэр
Шыгъэжэш хъыжьэу зэикI йолъ,
Жьэхолъэр нэпкъхэм, жэнщ и мардэр,
Къыр дзакIэ Iувхэм щхьэпролъ.
 
Зэм мывэ гуэнхэм зихъунщIэжу
КъимыкIыжыфу къонэр тхъуау,
Къэплъэн губжьауэ зимыщIэжу
Йолъэр къыр блынхэми утхъуау.
 
Уафащхъуэм бгъэгукIэ ар ныхуэлъэу
И мывэ щIакIуэр зыщехыж,
Мывэ пкIэлъейхэм къелъэ-нелъэу
Къурш куэбжэ иныр зэIуехыж…
 
Хьэндыркъуэкъуалъэу ар къэнауэ
Бгы дорэш кIыфIхэм щумылъагъу.
И бжьэпэр щхъуантIэу ихуэпауэ
ЦIыху гупсэм фIыуэ хъуащ илъагъу.
 
***
Мес, къурш дамэм дыгъэр щытетIысхьэм
ЗэдухылIа щIыпIэм сыкъэсащ,
ЖыпIа псалъэр бгъэпэжын си гугъэу
Уэ сыножьэу куэдрэ сыщысащ.
Дыгъэри ешауэ къыспэмыплъэу
Сэ ауан сыкъещIри зегъэпщкIуж,
И пшэплъ бзийми гур зэщIимыгъаплъэу
Уафэ гъунэм хуэмурэ щоткIуж.
Iэхъуэр яужь иту унэ жэмхэр
Къуажэм пIащIэу нызэрыдохьэж,
Хьэргъэшыргъэм хэту ди уэрамхэр
Сэри гуауэщхьэуэу сыдохьэж…
 
Пагэныгъэр щырет уэ бдэщIыгъуу,
Ауэ гу пэжагъкIэ сыптекIуащ,
Гуауэу сиIэр зыми имылъагъуу
Пщыхьэщхьэпэ кIыфIым игъэпщкIуащ.
 
***
Дэгу сыхъуами, уи псы жэр Iу щабэр
Сигу адыгэ пшынэу щыушэнщ.
Нэф сыхъуами, ди щIы фIыцIэ хуабэр
Сэ бэвыгъэ хадэу зыхэсщIэнщ.
 
Къырхэм ныфIэблауэ уи жэщ вагъуэр
IэгукIэ сэ зырызу къэсщыпынщ.
Ныпхыжамэ уэсыщIэм щыхь лъагъуэр,
ЩакIуэм сэ ар псэкIэ щысхъумэнщ.
 
Уи цIыхуфI акъылым уэрэдыфIу 
Си гум усэ гъуэгухэр щызэблаш.
Уи мэз щхъуантIэм гумрэ псэмрэ фIэфIу
Бзухэм я пшыналъэр къыщраш.
 
Уи жьэгу щIакхъуэ жьэрымэр
Си анэ быдзышэу спкъырымыкIщ,
Ди хъыджэбзхэм я нэ лыд сырымэр
Гухэлъ вагъуэу си гум схухэмыкIщ.
 
Си гум фрихьэщIэщ зэпымычу,
Си гум ивогъэщIыр ислъэмей.
Гъуэгу фэр папщIэ сэри зэпызмычу
КъэзгъэщIэнум зыкIи сыхуэмей.
Поделиться:

Читать также: