НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 22, бэрэжьей

♦Къуэхэм я дунейпсо махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ Психологхэм я махуэр

♦1933 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, РАЕН-м и академик, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэлджыр Мушэхьид.

♦1940 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Шыбзыхъуэ Азэмэт.

♦1943 гъэм къалъхуащ КъБР-ми АР-ми щIыхь зиIэ и артист Иуан Владимир.

♦1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Арсен.

♦1949 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Владимир.

♦1969 гъэм къалъхуащ адыгэ лъэпкъ фащэр дынымкIэ дизайнер, модельер, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Сэралъп Мадинэ.

 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градуси 7 - 10, жэщым градуси 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Ахъшэр зым кърепхъых, адрейм къещып.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ