Жей ущымыщIэн папщIэ

Еджагъэшхуэ куэдым къызэралъытэмкIэ, цIыхум и гъащIэм и Iыхьэ щанэр жейуэ ехь. Ауэ щыхъукIэ, цIыхуитI къэс ещанэр жейм зэремызэгъым е гувауэ фIэкIа зэрыIуримыхым иротхьэусыхэ. Мыпхуэдэ щыщIэныгъэм гугъу иригъэхьхэм папщIэ къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкIахэм я чэнджэщхэм фыщыдгъэгъуэзэнщ.

Япэу. Фыгъуэлъыжын ипэ фи ныбэр шхынкIэ фымыкудэ. Ар шхалъэм тохьэлъэ, лъыр зекIуэгъуей ещI.

ЕтIуанэу. Бжьэхуц зыкIуэцIылъ уэншэку къэбгъэсэбэпмэ нэхъыфIщ.

Ещанэу. Угъуэлъыжын ипэ пэшым жьы къабзэ къыщIегъахуэ. Унэ кIуэцIыр хуабэIуэу щытмэ, уи Iэпкълъэпкъым тыншу зигъэпсэхунукъым. Нэхъ тэмэмыр градус 15 - 16-щ.

ЕплIанэу. Угъуэлъыжауэ телевизор уемыплъ, абы уи жейр треху.

Етхуанэу. Быдэу ужеинымкIэ сэбэп хъунущ шэ хуабэ фокIэ зэхэщIауэ уефэмэ.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: