«Тхылъхэр – саугъэт папщIэу»

А фIэщыгъэм щIэт псапэ Iуэху щекIуэкIащ нэфхэм папщIэ республикэм щылажьэ библиотекэм. Тхылъеджэ ныбжьыщIэхэм тхылъхэр тыгъэ хуащIащ «РусГидро» IуэхущIапIэм и къудамэу ди щIыналъэм щыIэм и лэжьакIуэхэм. Iуэху дахэр къызэрагъэпэщащ Гуапагъэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ.

Библиотекэм и гъэтIылъыгъэхэм хагъэхъуащ «Путешествие по странам и континентам», «Сказки народов России» тхылъхэмкIэ. НыбжьыщIэхэм а тхылъхэр сэбэп яхуэхъунущ дунейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ зыхагъэгъуэзэнымкIэ. Тхылъхэм ящIыгъущ зэрыджэгу, акъылыр зыгъэлажьэ лэжьыгъэхэр, тхылъхэм къыщыхьа кодхэр, тхыгъэхэмрэ макъамэхэмрэ къызэIузых «Волшебный карандаш» электрон Iэмэпсымэхэр. Зи нэм сэкъат иIэ цIыкIухэм я дежкIэ ахэр щхьэпэщ.

 - Ди сабийхэми дэри тфIэгъэщIэгъуэну а тхылъхэмкIэ дылэжьэнущ. Апхуэдэ сабий литературэр куэд хъуркъым. Ди тхылъеджэ ныбжьыщIэхэм а къыдэкIыгъуэхэр ягу дыхьэну сыщогугъ, - жиIащ библиотекэм и унафэщI Хьэмдэхъу Жаннэ.

«РусГидро» IуэхущIапIэр «Иллюстрированные книжки для маленьких слепых детей» псапэ фондым и гъусэу илъэс 16 хъуауэ хэтщ «Тхылъхэр - саугъэт папщIэу» псапэ Iуэхум. Къэбгъэлъагъуэмэ, мы гъэм Гуапагъэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, Урысейм и щIыналъэ 21-м, Волгоград щыщIэдзауэ Камчаткэм нэс, а IуэхущIапIэм яхуригъэшащ зи нэм сэкъат иIэ сабийхэм я зыужьыныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрыхагъэхъуэну тхылъ зэгъэуIуауэ 272-рэ. КъыдэкIыгъуэхэр тыкуэнхэм щащэркъым, атIэ пщIэншэу зэбграгъэкI, псапащIэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я фIыгъэкIэ.

 «РусГидро» IуэхущIапIэр щылажьэ щIыналъэхэм исхэм я гъащIэр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ, псапэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ,  егъэджэныгъэ, узыншагъэ, спорт, щэнхабзэ, щIыуэпсыр хъумэн, зи Iуэху хуэмыщIахэм  ядэIэпыкъун, щIыналъэхэм зегъэужьын жыпIэми, гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэу.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: