НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 28, гъубж

ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ

1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ.

1926 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ.

1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрэ.

1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «Къэббалъкъремстрой» ОАО-м и унафэщI ГъуэплъащIэ Алексей.

1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэфакIуэ Iэзэ Шортэн Аллэ.

1963 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Налшык» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен.

1964 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист ДыщэкI Мадинэ.

 

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.   Хуабэр махуэм   градуси 3 - 6, жэщым  1 градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Делэр псоми я Iыхьэгъущ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ