Удз гъэгъам дэгъужхэр

рассказ

ЕплIанэ Iыхьэ

Даринэ и гур йохуэх. Хьэсэн къэкIуауэ, и жагъуэ зэрищIар теужауэ къыщохъу. И пIэм ижыхьащ, ищIэнур ищIэркъым. Бжэм адэкIэ къыщытыр IукIыжыну игу илъ хуэдэкъым. Нэхъри нэхъ иныжу къытоуIэ. Къытрекъутэ. Даринэ тогушхуэри, бжэр Iуех. Курыт ныбжьым ит цIыхубз щытщ… КъекIущ, зыIэщIэлъщ, щхьэц фIыцIэр щхьэгум щышыхьащ. Езым и ныбжьынщ,  хьэуэ, тIэкIу нэхъыжьынщ. ЗыщIыпIэ щилъэгъуам хуэдэщ. ИцIыхуу къыщохъу. Дауэ мыхъуами, и нэгум ицIыху гуэр илъщ. Езыри къоплъ. Къызэпеплъыхь, уеблэмэ. Гузэвэгъуэ гуэр и нэгум къощ, щтэIэщтаблэщ. ЖиIэнуIами, темыгушхуэрэ, къыхудэмышейрэ?!

- Даринэр уэра? – щэхуу къыжьэдокI иужьым.

- Сэращ, - пыгуфIыкIыну хэтщ Даринэ.

- Сэ… Сынопсэлъэну сыхуейт. (ЗэрыукIытэр уолъагъу).

- Къысхуэгъэгъу, дызэрыцIыхурэ?

- Сэ Хьэсэн срианэщ, - нэхъыщхьэ дыдэр жиIащи, и гур дэпсэхуа хуэдэу, ину къыхощэтыкI.

- КъыщIыхьэ, - Даринэ йокIуэтэкIри, фызыр къыщIегъэхьэ.

Мэшынэ. ИкIи мэукIытэ. Сыту пIэрэ къыжриIэнур, хьэмэрэ зыгуэр къэхъуа?! ХьэщIэщымкIэ щIешэри, тIури йотIысэх. Зыри жаIэркъым. Я напIэр ехьэхауэ щысщ.

- КъыщыщIэздзэнур сщIэркъым, - мэгузавэ икIи зекъуз хьэщIэм.

- Уи гум илъ псори жыIэ, сэ зыщIыпIи сыпIащIэркъым, - трегъэгушхуэ икIи зэхихынум щошынэ Даринэ.

- Хьэсэнрэ уэрэ фи Iуэхур къызэрежьэрэ, псоми сыщыгъуазэщ, мызэ-мытIэу уи деж сыкъэкIуэну, си къуэм укIэрыкIыну сынолъэIуну сыхэтащ, пэжыр жысIэмэ. Сытри сщIэнут, абы хуэфэщэн, и ныбжь цIыхубз цIыкIу къишэн щхьэкIэ. Си псалъэхэр уи жагъуэ мэхъу, уи гур имыуIэу къэнэнукъым, дауи, ауэ псори жысIэну сыхуейт, - Даринэ къоплъ фызыр.

- ЖыIэ, - укIытэпауэ и щхьэр ирехьэх мыдрейми.

- Iэджэрэ депсэлъащ щIалэм зэлI-зэфызыр. ПщIантIэм дэдмыгъэхьэжыну дгъэшынэну иужь дитащ. Зыри сэбэп тхуэхъуакъым, зыри къикIакъым ди псалъэмакъхэм.

- Сэ зыри хэсщIыкIакъым абы! Тхьэ дыдэ, хэзмыщIыкIа. Зэи зыри къызжиIакъым абы теухуауэ. КъызгурыIуэт, зы анэми зэрыфIэмыфIыр езым и ныбжь и къуэм пэшэгъу зэрыхуэхъуар, ауэ…

- Нэхъ Iеиж гуэр жетIами, зыкъуигъэщIэнутэкъым. Уэри уощIэ абы и хьэлыр. Ауэ аракъым иджыпсту сыкъыщIэкIуар. НэгъуэщIщ, - и нэпсыр къытелъэдащ анэм.

- Зыгуэр къэхъуа? – и гур щIэпхъуащ Дарини.

- Къэхъуащ. Хьэсэн машинэ зэжьэхэуэ хэхуащ… КъызэрызгурыIуамкIэ, пщыхьэщхьэм псалъэмакъ фиIащ. И фэм итыжтэкъым. Псалъэ жимыIэу, и пэшым щIыхьэжри, пщэдджыжь хъуху къыщIэкIакъым, зыри дызригъэпсэлъакъым. ЕтIуанэ махуэм, лэжьапIэ кIуэуэ, машинэ гуэрым жьэхэуащ.

- Псэу? – зимыгъэхъейуэ, жэуап къыпэкIуэным щышынапэу щIэупщIащ.

- Псэущ… Яхуэмыгъэхъужын фэбжь телъу къахуэгъуэтыркъым, ауэ… ЗыкъищIэжыркъым. Махуэ зыбжанэ хъуауэ и нэр къызэтрихыркъым.  Иджы сегупсысащ, уэ зыгуэркIэ сэбэп ухъуфыну пIэрэ жысIэри, - и гугъапIэ псори Даринэ къыхуэгъэзам хуэдэу къеплъащ.

- Сыт сщIэн хуейр? – и нэпсым къызэпежыхь.

- НакIуэ сымаджэщым. Къэмыплъэ щхьэкIэ, жытIэхэр зэхихыу, зыхищIэу фэ изоплъ. Си быныр соцIыхуж, фи иужьрей зэIущIэм къикIар гукъеуэшхуэ хуэхъуащ. Псалъэр удын мыгъущыну гум къытонэ. Абы ихьыжи щыIэщ. КхъыIэ, накIуэ. СынолъэIу. ЗыкIи зэран сыфхуэхъункъым, фи зэхуакуи сыдэмыхьэну псалъэ узот. Уэ абы фIыуэ укъелъагъу, уэ нэмыщI зыми хуейкъым. Фызэдэпсэунщ, нэчыхь евгъэтхынщ.  Быныншэу къэнэнущ жыпIэрэ, къэфхьынщи, зеншэ гуэр фпIынщ, ахэри адэ-анэ хуейщ. ПсэкIэ, кIуэцIкIэ игъэв удынымрэ аварэм хихамрэ зэхыхьэжауэ, къимыутIыпщу аращ. Уэ узэрыгъунэгъур зыхищIэмэ, уи макъ зэхихмэ, зыкъищIэжыну си гугъэщ. Си фIэщ мэхъу! АдэкIэ, дохутырхэм я Iуэхужщ. Сыт жыпIэр?

- НакIуэ. Сыхьэзырщ, - зызэпелъэщIыхьри, къотэдж Даринэ.

И IэкIэ, и делагъэкIэ щIалэри иукIт, езыми зиукIыжт. Псори зэхикъутэрт бетэмалкIэ. ЗымащIэ тIэкIу иIэжатэмэ, зэи хузэмыгъэпэщыжыну гъащIитI зэIищIэрти!

Даринэ щIалэр зыщIэлъ пэшым щIохьэ. Щылъщ. Сытым дежи къарууфIэу, нэжэгужэу щыта лIышхуэр, къарууншэу, фэ пыкIауэ, зимыгъэхъейуэ, псэ хэти хэмыти къыпхуэмыщIэу щылъщ. И щIыфэм фIыцIагъэхэр тезщ, и нэIум уIэгъэ дыжаи иIэщ, къупщхьэ къутахэри и пIэ ирагъэувэжащ. Псэун хуейт ауэ, зигъэхъейкъым. Даринэ и лъэм къызэрихькIэ абы хуэжэу къыщыхъурт, ауэ и лъакъуэхэр ерагъыу зэблихыу арат. Гъунэгъу хуохъу. И нэкIум йоIусэ. Хуабэщ. Псэущ, хуабэмэ. Уэху! Псэущ. Сыт и лажьэми, сыт хуэдэ уз хихами содэ, псэумэ. Дгъэхъужынщ, тхузэфIэкI къэдгъэнэнкъым, ди къарум къихьыр хуэтщIэнщ, псэу закъуэмэ.

- Хьэсэн! Си псэ закъуэ! Къысхуэгъэгъу! Къысхуэгъэгъу! – Iущащэурэ йодэхащIэ.  

ЩIалэм и Iупэр мэпIэжьажьэ, зыгуэр жиIэным хуэдэу. И щхьэри мащIэу мэхъей. ПщIыхь Iей илъагъум хуэдэу, и напIэхэр зокIуэ. ИтIанэ къоплъэ. Къоплъэ… 

- ИджыпстукIэ зыри жумыIэ, Хьэсэн. ЗыкъыщыпщIэжакIэ, адэкIэ дохутырхэр къоIэзэнщ, нэхъыфI укъэхъужынщ, - моуэ, IэфI гуэру, уи гур дэпсэхуу пыгуфIыкIыу, и нэгум нэху къищу жеIэ Даринэ. – Псори и пIэ изэгъэжынщ. Уи нэр зэтумыпIэ закъуэ…

Абы хэту дохутырыр къыщIохьэ. ЩIалэм щхьэщохьэ, зэпеплъыхьри, и Iуэхур зэрынэхъыфIыр къыгурыIуарэ арэзыуэ, Даринэ къыхуоплъэкI:

- Иджыри къэс дэнэ ущыIа?!

Даринэ и щхьэр ирехьэх. Дохутырым зэран хуэмыхъуу къыщIокI, жэуап гуэрым ежьэу кIэлындорым тет анэм хуогуфIэ, псори хъарзынэщ жыхуиIэу, нэкIэ къыгурегъаIуэ, Iуэхур зыIутыр, къызэтемыувыIэуи, сымаджэщыр ебгынэ.

Гупсысэ къомыр аргуэру толъкъуну къытоуэ… Хьэсэн зыкъыщищIэжакIэ, етIуанэу къытригъэзэжын хуейкъым а щытыкIэм. ЗыкъищIэжащ. Даринэ и макъ зэрызэхихыу. Абы сыт къикIыр? Къежьат. ФIыуэ къелъагъу. ПцIы, фэрыщIагъ хэмылъу. Езыми елъагъу. И гъащIэм нэхърэ нэхъыфIу. Аращ щIибгынэри. Хуейкъым щIалэм и насып  икъутэну. Абы и гъащIэм Даринэ хэтын хуейкъым. Иджыри къэс хэтами, игъэзэкIуэжынщ а Iуэхур. Езыр иджыри къэс и закъуэу псэуащ. ЛIакъым, хуэшэчащ. Иджыри хуэшэчынщ. ЦIыхубзымрэ цIыхухъумрэ зыкъым. ЦIыхухъур цIыхубзыншэу псэуфынукъым, и щытыкIэри, и псэукIэри фагъуэ, гурымыхь мэхъу. ЦIыхубзыр и щхьэ кIэлъоплъыжыфри, апхуэдэ дыдэкъым.

                                                                              

Е бын хуилъхуфынукъым, зэманым дэщIэрэщIэфынукъым, дэгъужыну мыхъумэ. Дуней хабзэхэм зэи зыри пэщIэувэфакъым, зыри текIуэфакъым. Дарини жьыгъэм текIуэнукъым. Абы и къарум къихьынур зыщ: Хьэсэн и гъуэгу текIыу, хуит ищIыжынырщ. ЦIыхубз дахэ Iэджи щыIэщ, Iущу, гуапэу, гурыхьу. ЩIалэу. Даринэрэ Хьэсэнрэ псэунщ… Зырызу. ИутIыпщынщ. ФIыуэ елъагъури, аращ IэщIыб щIищIыр. Лъагъуныгъэм къару кърет. КъыгурыIуэнщ ар Хьэсэни зэгуэр…

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться:

Читать также: