И хьэкъ зытемыхуэ щыIэкъым

Хыпс щхъуантIафэр щоIэуэлъауэ

Перу къэралыгъуэм и къухьэпIэ гъунапкъэхэм хыпс щхъуантIафэр увыIэгъуэ имыIэу щоIэуэлъауэ. Псы Iуфэр гъущэщ, къум нэщIщ, къэкIыгъэкIэ къулейсызщ, псэущхьэкIи къулейкъым. Ауэ хьэуар макъ зэмылIэужьыгъуэ IэджэкIэ гъэнщIащ: гъудэбадзэ бжыгъэншэхэр, къуалэбзу хъушэшхуэхэр щызэрызохьэ. Абдежым Гумбольт и цIэр зезыхьэ тенджызыпсыр щыблож. Ар адрей хыпсым нэхърэ градуси 10-кIэ нэхъ щIыIэщ. Гъэмахуэм абы къыхуэкIуэу къожэх Эль-Ниньо псы хуабэр. Нэхъыбэм а псыежэхитIыр зэхуохуэжри зэхозэрыхьыж. Ауэ къыщыхъу щыIэщ жьыр Гумбольт и псыежэхым щыпэщIэувэ икIи лъэныкъуэкIэ псы Iуфэм щыIуиху. Абы щыгъуэ Эль-Ниньо и пхъэр къокIри псы Iуфэр зыIэщIеубыдэ. Арыххэу хьэуар къызэщIоплъэ, псы зэхэщIар хуабэ мэхъу. Псы хуабэм, зэрынаIуэщи, кислородыр нэхъ псынщIэу хокIуэсыкI. Абы хэс бдзэжьейхэм, псэущхьэхэм кислородыр къаймэщIэкI зэрыхъуу, щIыпIэ нэхъ зэгъ къалъыхъуэурэ, псы Iуфэм зыIуадзри, йокъури йожьэж. Абыхэм ящакIуэ къуалэбзухэри яужь иту IуолъэтыкI. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ псым къыхэна бдзэжьейхэр, кислородыр зэрахуримыкъум къыхэкIкIэ, тенджызым хобэмпIыхьри, хы сыджхэм псы Iуфэм къытрадзэж. Хьэуар бдзэжьей фа бамэм зэщIещтэ. 
Къум гъунэгъур зэщIэгъэгъащ. Ауэ абы гу щахуэну Перум щыпсэухэм я гугъэр хахыжат: бгыхэм телъ мылджейхэр ткIурт, абыхэм къащIэж псым мывэ абрагъуэхэр кърихьэхт, къыгуэухэмрэ псыдзэхэмрэ гъуэгухэр зэтракъутэрт, климат гъущэм тещIыхьауэ яухуа псэуалъэр зэтещахэрт, апхуэдиз уэтIпсытIыр яхуэмыхьу. ИгъащIэ лъандэрэ къуалэбзухэм зэтралъхьа щIыгъэпшэр бэлыхьыр Iисраф хъужырт. А псомкIи къуаншэр псы хуабэрат. А къэхъукъащIэм природэм хэIэбэу зыгуэрхэр щызэзыхъуэкIыну ихъу-илъхэм къажриIэми ярейт: «щIыуэпсым Iэ щIыIэкIэ дыхэIэбэн ипэ, абы и щэхухэр куууэ дывгъэдж, и макъым гупсэхуу дыщIэвгъэдэIу, итIанэ къыдгурыIуэнщ ди ЩIы-анэр нэхъ дахэж, къулеиж хъун щхьэкIэ лэжьыпхъэхэмрэ абыхэм я инагъыр зэрыхъун хуейр зыхуэдизымрэ».
Языныкъуэ щIэныгъэлIхэр Iэмал имыIэу ЩIыр зэрыщыту ирагъэфIэкIуэну хэтщ. Ахэр зэреплъымкIэ, абы щхьэкIэ узыхуейр зы закъуэщ – климатым зегъэхъуэжынырщ. Инженер гуэрым къыхилъхьауэ щытащ абы щхьэкIэ ракетэ куэд щIыпхъэу. Ахэр уэгум яIэтынщи, орбитэ («уэрдыхъу гъуэгу») щхьэхуэ зырызым тету, ЩIым и хъуреягъым порошок хужь щызэбграпхъынщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ЩIым хуащIа «уэрдыхъу» IэрыщIым дыгъэ бзийхэр зэщIишэнурэ, ар лъэныкъуэ псомкIи идзыжынущ. Абы и фIыщIэкIэ жэщхэр махуэкIэ зэхъуэкIа хъунщи, ЩIым хуабэ нэхъыбэ къыIэрыхьэнщ. Абы къыхэкIкIэ щIым илъэс къэс гъавэ 2-3 хэпщIэ хъунущ. Ауэ, Iуэхуракъэ, хуабэм Антарктидэмрэ Арктикэмрэ я мылхэри къурш мылджейхэри игъэткIунущ. Апхуэдизыпс зыхэлъадэ Дунейпсо хыр къиунурэ, тафэхэм къытелъэдэнущ, къэнэнур лъэгапIэхэм я закъуэщ. Ахэм ущыпсэунуи гъавэ щытепщIэнуи тыншкъым. Псым псэ зыIуту хэкIуэдэнумрэ мылъкуу ихьынумрэ зыхуэдизыр гъунапкъэншэщ. Апхуэдэ гупсысэкIэ мыхъумыщIэхэм къулейсызыгъэшхуэхэм ухуашэнкIэ хъунущ. 

Дунейпсо хышхуэм 

ЦIыху гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ абы. Ди губгъуэхэмрэ хадэхэмрэ къитх бэвыгъэри зэпхар Дунейпсо хышхуэм къыщежьэ жьым къыздихь псыIагъэращ. ГъэщIэгъуэнщ абы щыпсэухэм я цIэхэри. ЦIыхухэм хы псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ щIылъэм щыпсэухэм зыгуэркIэ ирагъэщхьурэ, абыхэм цIэ хьэлэмэтхэр къыхуагъуэтащ: «тенджыз вагъуэ» («морская звезда»), «тенджыз цыжьбанэ», «бдзэжьей-пхъэх», «бдзэжьей-уадэ», «хы жэм», «хы джэду», «тенджыз шы цIыкIу», «хыкхъуэ» (апхуэдэущ дельфиным кIахэ адыгэхэр зэреджэр), нэгъуэщIхэри. ЩыIэщ «тенджыз шейтIани»…
ЩIэныгъэлIхэм хыр яджкIэрэ, къахутащ макъкIэ зэпсалъэ бдзэжьейхэри зэрыщыIэр. Куэд щIащ, теджыз ФIыцIэм тет бдзэжьеящэхэм ставридэм «уэрэд» зэрыжиIэфым гу зэрылъатэрэ. А бдзэжьейм и «уэрэдым» щIэдэIукIэрэ, ар къэзубыдыну ещэхэм гугъу дыдэ демыхьу ставридэ куэд здэщыIэ щIыпIэхэр къагъуэтыф.
Малаи хытIыгу гупым бдзэжьей щещэхэм яхэтщ тхьэкIумэ жан дыдэ зиIэхэр. Бдзэжьеящэхэр кхъуафэжьейхэм япэ иту йос, пIалъэ-пIалъэкIэрэ псым зыщIагъауэу, итIанэ я щхьэхэр къыхагъэжрэ, яужь итхэм хъыбар ирагъащIэу: «Хъыр хэвдзэ!»
Хым хэсхэр мэфий, мэкъугъ, зэподжэж, я дзэхэр зэрагъэшх, шынагъуэ щыIэмэ, зым адрейм хъыбар ирегъащIэ. Ахэр мэбауэ, мэбагъуэ. Ауэ хым хэхуэж псыежэххэм здахь щхъухь тонн бжыгъэншэхэм хы псэущхьэхэм хэщIыныгъэшхуэ ират. Псом хуэмыдэу абыхэм я дежкIэ шынагъуэщ щIыдагъэзешэ кхъухьхэр щIэх-щIэхыурэ зэрыкъутэм къыхэкIкIэ, хым и щIыIум къытенэ щIы дагъэр. Абы къуалэбзууцым кIэрылъ дагъэр егъэткIу. Хы тхьэрыкъуэм, псалъэм пащIэ, апхуэдэпсым зыщIигъауэмэ, и ажалыр къэсауэ аращ. Ар щIыдагъэм къыхэмыкIыжыфурэ, щIыIэм егъэдыкъ.

Псым дыщысхь щхьэ мыхъурэ, маржэ ?!

Къум щIыпIэхэм псым пщIэшхуэ щыхуащI. Уэгъу зыхуэлъэ Ираным куэд щIащ хабзэ зэрыщыхъурэ псы къабзэм хэубзытхэм нэлат ирахыу. Мысырхэм Нил тхьэ пэлъытэу къащыхъуу, лIэщIыгъуэ Iэджэ екIуэкIащ. Ахэр сытым хуэдэу хуэпIащIэрэт гъатхэр къэсу псым къиун щыщIидзэну махуэхэм! Абы щыгъуэ Нил тIуащIэшхуэм псыкIэ зитIыжт. Псы къиуар щыжэщIыжкIэ, ятIэ щIэтIысыкIахуэхэр куэду къанэрт. Ар гъавэ бэвым и нэщэнэт. 
Илъэси 180-рэ ипэкIэ париждэсхэр Сенэ пэгункIэ псы къыдахыурэ ефэу щытащ. Иджы абы бдзэжьей щыбгъуэтыжынукъым, уэздыгъэ нэхукIэ улъыхъуами, апхуэдизкIэ псыр яуцIэпIащи. 
XIX лIэщIыгъуэм сурэтыщI гуэрым къыщIэнащ сурэт хьэлэмэт, инджылыз парламентым хэтхэр Вестминстер лъэмыжым деж бдзэжьей зэрыщещэу щытар щыплъагъуу. Иджы абдеж ущIэкIуэн щыIэжкъым, къунтхкIэ бадзэ уемыщэнумэ, апхуэдизкIэ псыр фIейм итхьэлащи.
Зэгуэр Флоридэ штатым къеуалIэ Эскамби хыжьэм (псыдыхьэм) къыщыхъуар гущIыхьэщ. Хьэуэ, мыбы щIыр щыхъеяуэ, вулкан къыщыуауэ е жьапщэшхуэ къыщыкъуэуауэ аратэкъым. КъэхъуамкIэ къуаншэр химие заводхэр зи унафэ щIэт цIыхухэрат. ЗэманыфIкIэ заводхэр щытхъушхуэ яIэу лэжьащ, хущхъуэ, щIыгъэпшэр, краскэ, нэгъуэщI Iэджи къызэрыщIагъэкIым щхьэкIэ. Сэбэп хъу хьэпшып гуэр щагъэхьэзыр дэтхэнэ производствэми пыдзахуэ къыщIэмынэу хъуркъым, химие заводхэм щхъухь зыхэлъ растворхэр, шлакхэр щобагъуэ, асбест пыдзахуэхэри щымащIэкъым апхуэдэ щIыпIэхэм. Пэжщ, шлакхэри асбест пыдзахуэхэри унэ е гъуэгу щыбухуэкIэ хъарзынэу къэбгъэсэбэп мэхъу. Абдж къутахуэ щабэхэр пшахъуэм и пIэкIэ бетоным халъхьэ, шлакым блок ахъырзэманхэр къыхащIыкI, целлюлозэм щыщу къанэмкIэ Iусыпхъэ ягъэхьэзыр. АрщхьэкIэ щхъущкIэ псыхьа растворхэм яхуещIэшхуэ иджыри щыIэкъым. Растворхэр псы ежэх, хыжьей (гуэл) хуэдэхэм хаутIыпщхьэ. Аращ ящIар Эскамби псыдыхьэм и Iуфэм Iут заводхэм я Iэтащхьэхэми. Ауэ абдежым щыкI языныкъуэ къэкIыгъэхэм ар зыкIи я «жагъуэ зэрымыхъуар» мыгувэу наIуэ къэхъуащ – ахэр Iыхьэлейм икIауэ зэщIэбэгъуащ, растворхэм къахиху азотымрэ углеродымрэ я «Iус» нэхъыщхьэу къыщIэкIри. Арати, зэрыбэуэн щамыгъуэтыжым, псэ зыIуту хыжьэм хэсахэр зэтелIащ икIи Эскамби зэрыщыту бдзэжьеикхъэ хъуауэ щытащ. 
 

 

ТАБЫХЪУ Хьэзрит.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ