Гъуазджэщ, щIэныгъэщ, спортщ

Шахматхэр къытехъукIащ VI лIэщIыгъуэм щыIа «чатуранга» пасэрей индие джэгукIэм. СанскриткIэ абы «дзэ лIэужьыгъуэу плIы» жиIэу къокI, лъэсыдзэр, шууейр, пылхэр, шыгухэр хиубыдэу. Шахматым деж ахэр къыщыгъэлъэгъуащ мыпхуэдэу: лъэс, шы, пыл, ладья. Чатурангэм джэгу хъурт цIыхуиплI. VII лIэщIыгъуэм джэгукIэр Къэжэрым нэсащ, «шатранджкIэ» еджэу. Къэжэрыбзэращ «шахмат» фIэщыгъэри къызытехъукIыжар. Шахмат джэгухэм «шах» жаIэрт, пащтыхь кърагъэкIыу, «шах мат» жаIэрт, «пащтыхьыр IукIащ» жыхуаIэу. IX-X лIэщIыгъуэхэм джэгукIэр Европэм нэсащ. Шахматым и хабзэхэр нэсу щагъэбелджылар XIX лIэщIыгъуэрщ. Хужь-фIыцIэ зэпэплIимэхэр зиIэ шахмат доскар 1090 гъэм къэунэхуауэ щытащ. 1886 гъэм шахматымкIэ дунейпсо чемпионат япэ дыдэу екIуэкIащ. Шахмат джэгукIэм щызэхэухуэнащ щIэныгъи, гъуазджи, спорти. 
Венгрием щыщ IэпщIэлъапщIэ Кемпелен фон Вольфган 1770 гъэм шахмат автомат къигупсысащ. Машинэр цIыху балигъ хуэдизынут, къыдэгъэжхэр иIэт. Механическэ Iэм шахмат фигурэхэр зэригъакIуэурэ шахматджэгу лъэщу къалъытэхэр хигъащIэрт. Зэман дэкIауэ хэIущIыIу зэрыхъужамкIэ, шахмат автоматым и кIуэцIым итт шахматджэгу, механизм гугъухэр зэригъакIуэу. 
Шахматджэгум и кIуэгъуищ нэужьым адэкIэ дэтхэнэ джэгуакIуэми къигъэсэбэпыфыну Iэмалу мелуанибгъум нэс щыIэщ. Американ математик цIэрыIуэм шахматым и партие къытезымыгъэзэжхэм я нэхъ мащIэр къибжри, Шеннон и бжыгъэр къыщIигъэщащ. А бжыгъэм къокI къэбгъэсэбэп хъуну партиехэм я куэдагъыр атомхэм я бжыгъэм щхьэдэхыу. Атомхэр 1079-рэ хъууэ къабжмэ, шахмат партиехэм я бжыгъэр - 10120-рэ мэхъу. Нэхъ кIыхь дыдэу щыIэфынкIэ хъуну шахмат партиер кIуэгъуэ 5 949-рэ мэхъу.
Голландием щыщ сурэтыщI Рубингтал Ипе шахматымрэ боксымрэ зэхэту гушыIэ тхылъ гуэрым къыщилъэгъуа нэужь, шахбокс джэгукIэм и зэхэублакIуэ хъуащ. Шахбоксым шахмат раундхэмрэ боксымрэ щызэблахъу. ДжэгукIэр щIэтщ «Зэхьэзэхуэхэр рингым щокIуэкI, зауэхэр – доскам!» къыхуеджэныгъэм. Шахбокс джэгукIэм нэхъри цIыху куэд дихьэх мэхъу, ар шахбоксымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэтщ. 
Шахматым щыщ «ферзь» (е пащтыхь гуащэ) фигурэм зэман-зэманкIэрэ зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ. Нэхъапэм ар клеткэ зэфэгъухэм иту зэ фIэкIа бакъуэ хъуртэкъым. ИужькIэ тIэу бакъуэ хъуащ, къыкIэлъыкIуэуи, шыр зэрагъэкIуатэм хуэдэу бгъэкIуатэ хъуащ. Иджы ар сыт хуэдэ щIыкIэуи зокIуэ, шахматым и фигурэ нэхъ лъэщ дыдэ хъуащ. 
Япэ дыдэу хьэршымрэ щIылъэмрэ я шахмат зэхьэзэхуэ екIуэкIащ 1970 гъэм и бадзэуэгъуэм. Ар къызэригъэпэщащ «Союз- 9» экипажым. 
 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: