ЩIыхуэ тыжыкIэ

Iуэтэж

(Ещанэ Iыхьэ)

Ябжщ, къабжщ, шым ишхынри, гугъу зэрыдехьынри хагъэкIыжри, Хъуэжэ дыщэ сом щибгъу къратри, зэкъуэшитIым пщIэгъуалэжьыр ирашэжьащ. ПщIантIэм щыдэкIыжым ахэр Хъуэжэ къигъэувыIэри, дыщэ тумэн щIыхуэу телъыр яритыжащ.

– ФIыкIэ фышх, – жиIащ абы, – ирикъункIэ сывгъэIыгъащ. – Фи щIыхуэ стелъыжкъым, пэжкъэ?

– Пэжщ, Хъуэжэ, узыншэу ущыт.

– Гъуэгу махуэ. ХуэнщIей куэд евмыгъэшх пщIэгъуалэм, абы кIэтIийр екудэ, – якIэлъыкIиящ Хъуэжэ зэкъуэшитIым.

ЗэкъуэшитIым апхуэдэу жаIа щхьэкIэ, Хъуэжэ фIыуэ ищIэрт абыхэм къызэрытрагъэзэжынур. ЩIалитIыр уэркъ лъэпкъыу мылъку я куэду, я щэр къавэ пэтми, нэпсейхэт, сом щхьэкIэ гъуэгурыкIуэр къахъунщIэн тIэу еплъынутэкъым. А псори зэпилъытри, Хъуэжэ а махуэ дыдэм и уни и лъапси ищэжащ, здэкIуэри здэжэри зы цIыхум яжримыIэу, и щхьэгъусэр зыщIигъури, екъури ежьэжащ. Дунейр инщ, лъыхъуэ ухуеиху.

ЗэкъуэшитIым шыжьыр бом щIапхэри, жэщ псор пщIыхьыншэу ягъэкIуащ, зэ шэджагъуэр къэсу дыщэ сомыр къыкIэрыхуу тлъэгъуащэрэт, жаIэу. Мазэ, мазитI, тхьэм ещIэ абы зэману дэкIар, мо тIум пщIэгъуалэжьым къыкIэрыхур зэIащIэу, сытми, шыжьыр къытехуэри лIащ. Дыщэ сом дэнэ къэна, гъуаплъэ щаижь къыкIэрымыхуу.

– ВжетIакъэ, – ауан къащI нысащIитIым, – фыпыкI мы Хъуэжэ, фи напэр тримых щIыкIэ, жытIэри? Догуэ, дауэт шым дыщэ сом къызэрыкIэрывгъэхунур? Хьеуаным и мыхабзэ къевгъэублэну арат? Арамэ, дыщэ ахъшэкIэ вгъэшхэн хуеящ. Фхуэфащэпсщ фэ Хъуэжэ къывищIар, и хьэлэлщ ахъшэу фIихари.

ЩIалитIым я напэр мэс, мэукIытэри уэрамым къыдыхьэжыркъым, ауэ зэгуэпым я гущхьэр зэгуеуд, ялъ ящIэжыну я дзэр Хъуэжэ хузэрагъэшх. Хъуэжэ зиIэту жылэр зэрибгынари зэхахащи, тепыIэжыркъым, дуней псор щIащыкIами, къамыгъуэтауэ мыпсэхуну мурад ящIри, зы жэщ гуэрым тIури докIуэсыкI. МащIэрэ къакIухьа, куэдрэ къакIухьа, яшхэри ешауэ, езыхэри гъуэмылэншэ хъуауэ зы къуажэ пхыдза гуэрым Хъуэжэ зэрыщыпсэур къыжраIащ. ЩIалитIыр а жылэм щыдыхьэм, Хъуэжэ къилъэгъуащ. Iуэхур зэрызэIыхьар къыщищIэм, хадэ кIуэцIкIэрэ губгъуэм кIуащ, къуажэм я пщым мэл игъэхъуу здэщыIэм. Къуажэм и пщыр нэпсей, цIыху ябгэ гуэрти, зы цIыху хуэкIуэртэкъым и мэлыр игъэхъуну, езым игъэхъужу губгъуэм итт.

НтIэ, Хъуэжэ пщым йолъэIу:

– КхъыIэ, зи щIыхьыр лъагэ, зы Iуэхутхьэбзэ къысхуэщIэ, псалъэ узот уи мэлыр пщIэншэу зы илъэскIэ пхуэзгъэхъуну.

– АбыкIэ сыарэзыщ, ауэ сыт Iуэхутхьэбзэр зытеухуар?

– Мыхьэнэншэщ. Мы си щыгъыныр уэ щытIагъи ди деж кIуэ. ХьэщIитIыр сыткIэ къоупщIми, «пщэдей си къуэшыр къэсынущи, абы псори къыздишэнущ», – жыIэ. Пщэдей, пэж дыдэу, си къуэшымрэ сэрэ дыныдыхьэжынщ, щолэхъуищым я IумпIэр тIыгъыу.

– Щолэхъуищи?! – къилыдыкIащ пщым и нэр.

– Уарэзы?

– Абы фIэкIа хэмылъмэ, сарэзыщ, – гуфIащ къуажэм я пщыр.

Асыхьэтыпэм Хъуэжэ пщым и щыгъынымкIэ зихуапэри, мэл хъушэм пэрыуващ, пщыми Хъуэжэ и щыгъынымкIэ зихуапэри, къуажэмкIэ иунэтIащ, и мэлыхъуэ хъуам и хьэщIэхэр къригъэблэгъэну. Сыхьэти щIэсаи, сыхьэтитIи щIэтаи пщыр Хъуэжэ и унэ, пшапэри зэхэуаи. Жасыхэм деж пщIантIэм шууитI къыдыхьащ. Пщыр щIэжри, шхуэмылакIэмрэ лъэрыгъымрэ иIыгъыу лIитIыр къригъэпсыхащ. Мо тIур щIым къызэрысу, пщыр я зэхуаку даубыдэри, я къамэхэр и пщэм пэщIагъэкъуащ:

– Куэдщ, Хъуэжэ, къыдэтыж ди ахъшэр!

– Пщэдей си къуэшыр къэсынущи, абы псори къыздишэнущ, – зэкIэлъигъэпIащIэу жеIэ пщым.

– Хэт и къуэш? Сыт къыздишэнури?

– Си къуэш... Щолэхъуищ, – къамэ пэ папцIэр лым зэрыхыхьэр зыхещIэ пщым.

– A-а, а къыдэпщауэ щыта щолэхъум хуэдэ? – ауан къищI я гугъэу нэхъри мэгубжь зэкъуэшитIыр.

– НтIэ... Хьэуэ... Уа, фызыхуейр сыт? Сэ сы-Хъуэжэкъым, къуажэм срапщщ! – къэгузэващ яукIынкIэ пщыр.

– Уэ къуажэм урапщмэ, сэ сы-Мухьэмэд бегъымбарщ, – жиIащ къуэш нэхъыжьым, – уи псэр хэсхынуи сыкъэкIуащ!

Пщым зэуэ зричри пщIантIэм дэжащ. ЗэкъуэшитIыр абы и ужь иуващ. Пщыр къуажэм дэжри, мо жэщ кIыфIым имылъагъуу, бгыжьэ лъагэм ехуэхри псы Iэлым и «жьэ ущIам» жьэдэхуащ. Ар абы къыхэзыхыжыфын къару щыIэтэкъым.

– И гуэныхь тхьэм къыхуигъэгъу, – жиIащ къуэш нэхъыжьым. –Дунейм ехыжам Iей хужаIэркъым.

– Жэнэтыр увыIэпIэ тхьэм хуищI, – диIыгъащ нэхъыщIэми. – Сыт иджы тщIэнур?

– Дгъэзэжынщи, Хъуэжэ тхьэмыщкIэм и унэ нэху дыкъыщекIынщ, пщэдджыжь и мылъкур зэщIэткъуэнщи, дыкIуэжынщ.

Пщэдджыжьым жьыуэ къубгъан къыщIихыу къыщIэкIа къуэш нэхъыщIэм псы изу иIыгъ къубгъаныр IэщIэхури, жэрыгъэкIэ унэм щIэлъэдэжащ.

– Плъэт мо куэбжэмкIэ, – къигъэушащ абы и къуэш нэхъыжьыр.

– Сыт къэхъуар? – къыгурыIуэркъым зыри модрейм.

– Хъуэжэ... Алыхьыр уи фIэщ щIэхъункIэ куэдщ а зыр. Мэл хъушэм ипэ иту къыдохьэж.

– Щыгъэт иджы, – къыщылъэтащ нэхъыжьыр, – ар псым итхьэлащ.

Щхьэгъубжэм Iулъадэмэ – пэжт. Хъуэжэ мэл хъушэ абрагъуэм ипэ иту, «хъуретI» жиIэу, къыдыхьэжырт. ЗэкъуэшитIым псынщIэу захуапэри щIэжащ.

– Мыр сыт, Хъуэжэ? Дэнэ укъикIыжа? – йоупщI зэкъуэшхэр.

– Мис а сыздэфхуам. Абы зы мэл къом щыIэщ, абы зы мэл къом щыIэщи, я дэ ди тхьэу дипщ, ныжэбэ фIэкIа сыхущIегъуэжакъым фэ фызэрызимыгъусэм. Мыпхуэдэу щы къэтхуатэкъэ фызигъусам.

– Апхуэдэу куэд щыIэ, Хъуэжэ? – я гурыIупсыр Iурож мо уэркъ щылъхуитIым, нэпсеигъэр къатекIуэу.

– ФыщIэмыупщIэ. Вагъуэм и пэбжщ.

– Дэнэ и деж, Хъуэжэ?

– Мис а сызыхэвгъэлъа дыдэм деж.

– Дэ докIуэ, Хъуэжэ,  – зрачащ зэкъуэшхэм.

– ФепIэщIэкI, – жиIащ Хъуэжэи, – къулъшыкъушхуэхэм деж мэлхэр псафэ ихуну жиIащ мэлыхъуэм.

Хъуэжэ якIэлъыплъу зэкъуэшитIыр бгыпэм нэсри, я щхьэр ищIагъыу псым хэлъащ. Абдеж псым щыхэлъауэ къыхэкIыжыфа щыIэтэкъым. Арат къуажэм япщми къыщыщIар.

Хъуэжэ мылъку хуейтэкъым, къратами зрихьэфынутэкъым. А махуэ дыдэм къуажэм тхьэмыщкIэу дэсыр зэхуишэсри, мэл хъушэр яхуигуэшащ. «Фэращ мы псори къэзылэжьар, пщым фтриха щхьэкIэ», – яжриIащ. Ар нэпсейхэм теплъэ хъуртэкъым, нэпсеягъым кърикIуэр фIыуэ ищIэрти.

 Ало ЛутIэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: