Адэм и гурыгъу

ФIы дыдэу зэрылъагъу зэныбжьэгъуитI щыIэт. Хьэбалэ зыпхъу нэхъ иIэтэкъым, Гъур зы щIалэ закъуэт иIэр. 
Илъэсхэр блокIри, хъыджэбз цIыкIур пщащэ, щIалэ цIыкIури щауэ мэхъу. АдитIым ар я жагъуэнт? Я адэхэм ядэплъейри, я бынхэри «зы тхьэмпэм тошхыкI» жыхуаIэм хуэдэу, фIы дыдэу зэрылъэгъуат. 
ПIалъэ ягъэуври, я бынхэр зэрагъашэ. Нысашэм и дауэдапщэхэр докIри, ныбжьыщIитIым зэдэпсэун щIадзэ…
Зэман дэкIауэ Гъур Хьэбалэ деж къэкIуауэ зэпсалъэу щысхэт. Хьэбалэ и ныбжьэгъум зыхуегъазэри: 
- Уэ-э, си ныбжьэгъужь! Ди бынхэр зэрызэрыгъуэтрэ зы гурыгъу гуэрым сыхэтщи, ар зэхэхун хуейт. АбыкIэ укъыздэIэпыкъун? – жеIэри, къоупщI. 
- Си Iэзэгъуэрэ къарурэ хэлъмэ, абы сыт шэч къыщIытепхьэжын хуейр? 
- Си гурыгъур мыращи, къэдаIуэ: уэ уощIэ сэ фэ, зэщхьэгъуситIми уи щIалэми, сызэрыфхущытыр. Ауэ щыхъукIэ, дэ драмыIэж хъумэ, си хъыджэбзым уи щIалэр унагъуэ ищIыфынумэ, и ныбжьэгъу яхигъэгъуэщэфынумэ, згъэунэхуамэ сфIэфIт. Дауэ уеплърэ абы?
- Ар хэткIи зэранкъым, нысэ цIыкIур псэзэпылъхьэпIэ иумыдзэмэ!
- Хьэуэ, нэрыбгэ хъунур къэпцIыхун щхьэкIэ, ар псэзэпылъхьэпIэ щIынэбгъэсыни щыIэкъым. УкIуэжмэ, уи щIалэр къэгъэIущи, мы бжесIэнухэр егъэгъэзащIэ: япэ жэщым кърекIуэлIэж жэщыбгым, нысэм игъахъэм деплъынщ; етIуанэ жэщым и ныбжьэгъу гуп и гъусэу, гувэпауэ кърекIуэлIэжи, гупыр нысэм игъэхьэщIэн хуейуэ ирегъэув, абыи зыгуэр къытхуиIуэтэнщ; ещанэ жэщыр уэлбанэ дыдэу къыхрырехи, а и гуп дыдэр и гъусэу жэщ ныкъуэм блэкIауэ кърекIуэлIэж, аргуэру ирегъэхьэщIэ, езы щIалэхэр щымысхьу унэ лъэгур ирыратIыкI, ирыраутыкI, абыи къимыгъачэмэ, итIанэ си хъыджэбзыр унагъуэ нэрыбгэ хъуну дыщыгугъынщ. ДызэгурыIуа абыкIэ?
- ДызэгурыIуащ, згъэзэщIэнщ! - педзыж Гъури. 
Гъур мэкIуэжри, и ныбжьэгъум пщэрылъ къыхуищIауэ хъуар и щIалэм иреIуэтылIэ, ауэ быдэу жреIэ нысэм зыкIи гурыщхъуэ иримыгъэщIыну. ЩIалэри и адэм къыхуигъэувар игъэзэщIэну иужь йохьэ.
Жэщыр хэкIуэтэпауэ къыщысыжым сыт илъагъур? Нысэр къожьэри щысщ, зызэфIимыхыжауэ, жьэгум щыфIэдза шыуаным илъ ерыскъыр мыупщIыIужын папщIэ, мафIэри зэхимыгъэкIыу иIыгъщ. И щхьэгъусэр къызэрыщIыхьэжу къыщолъэт, и щIакIуэр къыIех, Iэщэу зыпщIэхихар пылъапIэм педзэ, хъыдан гъущэкIэ илъэщIурэ, тас-къубгъан къещтэри зрегъэтхьэщI, и дамэм еупцIэкIа напэIэлъэщIымкIэ зрегъэлъэщIыжри, жьэгу мафIэм и гъунэгъуу Iэнэр къыхуегъэув, ерыскъы хуабэкIэ узэдауэ егъашхэ. 
И щхьэгъусэр шхэху уанэш упщIыIужам деж макIуэри, зи ныбэпххэр щIалэм къигъэлэлагъэххэ уанэр къытрехыж, щIагъщIэлъхэр уанэм къыщIэхарэ зырызу иредз, зэрыгъущыным хуэдэу, шыр шэщым щIешэж, ишхын щIэлъыххэти, шхуэр трелъэфри, хуиту щIеутIыпщхьэ. 
АпщIондэху жьэгум пэригъэува псыр къохуабэри, щIалэм и лъакъуэхэр хуетхьэщI, пIэр едзыжри егъэгъуэлъыж. ЗдэщыIакIи игъэхъакIи зы псалъэкIэ и Iуэху хилъхьэркъым, «езым игъуэу илъагъумэ – къызжиIэнщ!» - зыхужеIэжри. Ари зэти зэфIокI.
НэгъуэщI жэщ гуэрым щIалэр гупыфI и гъусэу къокIуэлIэж, адакъэ Iуэгъуэхэм нэблэгъауэ. АрщхьэкIэ нысэм ари уэим ищIакъым. Ерыскъы хьэзыру иIэр «цыхъу теуду» яхутригъэувэри, щIалэм хьэщIэ ныш иригъэукIащ. Къуэнымэ-бжьынымэр къыхихыу, къудейуэ пшхыну Iэпэшыпс хъарзынэ лым дэщIыгъуу Iэнэ хъуэпсэгъуэ къуахуигъэуври, махъсымэр и хьэзырыххэти, гупыр фэ тету къигъэхьэщIащ, нэху щыхукIэ. Нэху щыщми, и нэбдзыпэ зэрызэтримылъхьауэ и Iуэху иужь ихьэжащ, къэунэхуа махуэщIэм къыхуихьа гурыфIыгъуэм хэту. 
Ещанэ жэщым уридэкIуеину уэшх къешхыу, уафэри къызэгуэчыным хуэдэу гъуагъуэу, щыблэри зэкIэлъыпыту уэуэ, зызылIэж жьыбгъэм и макъым мыгъуэлъыжауэ едаIуэ нысэм къытеуэжащ и щхьэгъусэр, и ныбжьэгъу гупыр аргуэрыжьу и гъусэу. ЩIакIуэ къомым къапыж псым унэ лъэгур зэригъэфри къримыдзэу, гуфIэпсыжу:
- А-а, си псэр зышхынхэ! Мо мафIэм и гъунэгъуу фыкъакIуэ! – жиIэурэ бзэрабзэу япежьэри, къригъэблэгъэжащ, мыпхуэдэ уэлбанэм псэууэ гупыр къызэрыхэкIыжам щыгуфIыкIыпэу. ЗарегъэтхьэщI-зарегъэлъэщIри, фо махъсымэ пIащIэ изу зэрыт кхъуэщын такъырыфI къахутрегъэувэ, ерыскъы хьэзыр и куэдти, Iэнэр къахуеузэд. 
ФIыуэ къэмэжэлIахэм загъэнщIыжщ, фо махъсымэ пIащIэри тIэкIу къапкърохьэри, джэгу ящIмэ яфIэфI мэхъу. Ар нысэм щраIуэкIым:
- Уэлбанэ жэщыр зэшыгъуэщ, дыгъужьрэ пэт зегъэпщкIу, зыздэвгъэпщкIуари фи унэщ! – жиIэщ, и пшынэр къищтэри, унэ лъэгум щыщ умылъагъужу я вакъэ псыфрэ ятIэ защIэхэмкIэ ираутыкIыу, щIалэхэм «хъунщ!» - жаIэху, езыри пшынэ яхуеуэу, гупыр игъэджэгуащ. 
Нэху щыщым, ящыщ зыр тыкуэным ягъакIуэри, тыгъэ лъапIэхэр къыхурагъэхь. Ахэр апхуэдиз гуапагъэр къызыбгъэдэкIа нысэм иритурэ, я нэхъыжьыIуэм мыр къыжреIэр:
- Уэ-э, ди шыпхъуфI! Уэ-э, ди шыпхъу дыщэ! Дыщэр уи гум къощэщ, ерыскъым я нэхъыфIыр уи IэрыкIщ! Уэ дэлъху зыри уиIатэкъыми, еплъ иджы уи цIыхугъэм, уи гуапагъэ гъунэншэмрэ шыIэныгъэшхуэу пхэлъымрэ дэлъху къыпхуищIа къомым! Насыпым, зэпэщым, псом хуэмыдэжу - узыншагъэм Тхьэм фыщимыгъащIэкIэ! Унагъуэ укъызэрыхьар лъэпкъ мащIэщи, Тхьэм птригъэбагъуэ!
- Уа, си дэлъхухэу гъащIэ кIыхь зритынхэ! Фэ пщIэрэ щIыхьу фхуэсщIыфыращ сэри си уасэр. Сыфхуэщхьэхмэ, а зи унэ сыщIэс фи гъусэм дауэрэ сыIуплъэжыну, ар унагъуэ сщIыну къысщыгугъыу и гъащIэр къыщызихьэлIакIэ! Узыншагъэ Тхьэм къывит!
Апхуэдэ акъыл зэтесрэ гъэсэныгъэ дахэрэ зиIэ нысэм и хъыбарыфIыр псынщIэ дыдэу зэхэзыхыжа Хьэбалэ (пщащэм и адэр) Гъур (щIалэм и адэм) деж къокIуэри, мыр къыжреIэ:
- Мис иджы уэри сэри долIэ жыдмыIэми хъунущ, си ныбжьэгъужь! Ди сабийхэр зэхуэфащэ дыдэу зэрихьэлIащ, цIыхугъэрэ щыпкъагъэкIэрэ узыщыгугъ хъун унагъуэ къагъэщIащи, Тхьэм гу зэщригъахуэ, жьы зэдищI!
ЖызыIэжар Хьэбэз къуажэм (Къэрэшей-Шэрджэс) дэса Амирокъуэ Владимирщ, 1994 гъэм. (ГъэкIэщIауэ).
 

 

ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться:

Читать также: