ГъащIэр зэрыбгъакIуэщ

Кристи Агатэ и цIэр интернетым иптхэмэ, Урысейм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэ гупым теухуа хъыбар къыпхуегъуэт. Аркъудейр щыхьэту пхурокъу нобэ зи гугъу тщIы инджылыз тхакIуэм и цIэр здынэмыIуса къызэрымынамкIэ. Инджылымрэ Шекспир и тхылъхэмрэ уакъыфIэкIмэ, инджылызыбзэкIэ Кристи и тхылъхэм хуэдэу куэдрэ къыдагъэкI щымыIэу жаIэ. 

«Детектив» псалъэм мыхьэнитI иIэщ. Апхуэдэу йоджэ щIэпхъаджагъэ зэхэзыщIыхьа цIыхум и Iуэхур зэхэзыгъэкI хабзэхъумэм. ЕтIуанэ мыхьэнэр литературэм епхащ. Шерлок Холмс, Комиссар Мегрэ, Пуаро Эркюль сымэ ещхьу, щIэпхъаджащIэхэр къэзыгъуэтыф лIыхъужьхэр зыхэт апхуэдэ къэхъукъащIэхэм ятеухуа тхыгъэхэми «детективкIэ» йоджэ. Зыгуэр яукIащ е яукIыну загъэхьэзыр, псалъэм папщIэ. Е зыгуэр къадыгъуащ, ауэ дыгъур хэтми ящIэркъым икIи къахуэубыдыркъым. ЩIэпхъаджагъэр зыIэщIэщIар къагъуэту, ар къызэрыщIагъэщым теухуащ детектив псори. Шерлок Холмс къэзыгупсыса Конан Дойль Артур къэбгъанэмэ, Кристи Агатэ ещхьу а къудамэм щылъэрызехьэ тхакIуэ гъуэтыгъуейщ. 

 Пэжыр жыпIэмэ, детективыр пщIэ зыхуэфащэ литературэ тхыгъэу куэдым къалъытэркъым. Уеблэмэ езы Кристи Агатэ жиIэрт: «Боэн Элизабет, Спарк Мюриэл е Грин Грэм сымэ ещхьу сытхэфу щытамэ, сигу хэхъуэу уафэм нэс сыдэлъеинт, ауэ сэ ар зэрысхузэфIэмыкIынур сощIэри, запэсщIыжынуи сигу къэкIыххэркъым».

Убэлэрыгъыу, мисс Марпл, Пуаро Эркюль, капитан Гастингс сымэ къытрагъазэурэ къызыхыхьэж Кристи и детектив романхэмрэ Iуэтэжхэмрэ зыр адрейм ещхьу къыпфIэщIынкIи хъунущ. Апхуэдэ тхыгъэу 60, иныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, 80-м щIигъу, къызэрыгуэкI роману 6, пьесэу 16, Iуэтэж тхылъу 19 къызэринэкIащ илъэс 85-кIэ псэуа инджылыз тхакIуэм. Я нэхъыбэр бзи 100-м щIигъукIэ зэрызэрадзэкIар хэплъхьэжмэ, адыгэ литературэр инджылызхэм ейм къызэрыкIэрыхум и инагъыр нэгум къыпхущIэгъэхьэнущ.

Кристи Агатэ и цIэр къыщIитIуапхъэ щхьэусыгъуэхэм хохьэ абы и щхьэгъусэ Маллоуэн Макс археологу зэрыщытари. Ди къежьапIэр зэтпх Тырку Анадолэм щекIуэкIа щIытIыу къэлъыхъуэныгъэхэм япэу иужь ихьа къэхутакIуэхэм язщ Маллоуэн. Зэщхьэгъусэхэр щызэрыцIыхуари Месопотамиерщ. ГушыIэ зыхэлъ Кристи Агатэ и псалъэ шэрыуэ кърахьэкI: «Археолог щхьэгъусэ уиIэн хуэдэ щыIэкъым. Уи ныбжьым зы илъэс къыхэхъуэху, абы кIуэ пэтми нэхъ лъапIэжу укъыщохъу». Ур къалэм раскопкэ щригъэкIуэкIыу щыIэт Маллоуэн Макс, Кристи Агатэ абы зыплъыхьакIуэ щыкIуам. Илъэс 45-рэ зэгъусэу къагъэщIащ зи акъыл зэтехуа зэщхьэгъусэхэм. Езыми ищIэн игъуэтрэ пэт, Кристи и лIым лэжьыгъэкIэ дэIэпыкъуу щытащ, уеблэмэ нэгъуэщIыбзэхэр зригъащIэрт, ар нэхъыфIыжу къехъулIэн папщIэ. Тхыдэм теухуа тхылъ куэд зэрыщIиджыкIари щIыпIэ куэдым зэрыщыIари и IэдакъэщIэкIхэм къыхощ. 

          «Бэлътоку хэдыкIыным куэдкIэ къыщхьэщыкIыу къысфIэщIакъым сэ тхылъ зэхэлъхьэныр, - жиIэрт Кристи Агатэ. – Хэлъэт зиIэ дэтхэнэ цIыхуми дэзыхьэх лъэныкъуэм щыхузэфIэкIынущ а сэ тхылъ напэм къыщызгъэхъуар.  Узыхэзагъэр къэбгъуэту, абы уи фIэщу убгъэдэтмэ, зэчийр зумыхьэлIэфын лъэныкъуэ щыIэкъым». 

Агатэ и дыщ унэцIэр Миллерт. Унагъуэ ихьа нэужь къищта Кристи унэцIэмкIэ хъыджэбзыр тхакIуэ цIэрыIуэ хъуакIэт, и япэ щхьэгъусэр «дызэбгъэдэгъэкIыж» жиIэу къыщыувам. Ар зи щхьэм дэуея Агатэ зигъэкIуэдщ, хьэщIэщ гуэрым нэгъуэщI цIэкIэ зыщригъэтхри, махуэ пщыкIузкIэ закъригъэгъуэтакъым. А хъыбарыр къыщIэтхьыр цIыхубзым и пщIэм кIэрыдгъэхун папщIэкъым. ЦIыхур цIэрыIуэ зыщI Iэзагъыр езы гъащIэм къызэрыхэкIым, абы куэд зэригъэвым, гугъуехьым и псэр къызэрыпхихым зэрелъытар мыбдежми наIуэ къызэрыщыхъурщ. «Сурэт нэмыгъэса» романым Кристи щытепсэлъыхьыжащ а махуэхэр зэригъэкIуам.  ЩIалэ мин 11-м тхакIуэр къалъыхъуэну утыку къызэрихьам и закъуэ урокъу Агатэ абы щыгъуэми «Кристи» унэцIэмкIэ цIэрыIуэ хъуну хунэсауэ зэрыщытар къэпщIэн папщIэ. 

ЩIэныгъэм пщIэ щиIэ унагъуэм щыщти, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм щIэдэIуныр Агатэ и анэм къыбгъэдэкIащ. Езым тхэн щIидзэн ипэкIэ, и шыпхъу нэхъыжьыр тхакIуэ хъуакIэт.  «Зэгуэр пыхусыху сыхъуарэ сытезыгъэун сымыгъуэтыжу сыздэщысым, си анэм чэнджэщ къызитащ: «Щхьэ Iуэтэж гуэр зэхыумылъхьэрэ». Апхуэдэущ тхэн зэрыщIидзар. Ар къызэрехъулIэр илъагъури, хъыджэбзым псэуху къалэмыр игъэтIылъыжакъым.

 Пасэрей инджылыз унагъуэхэм щекIуэкI псэукIэр зыгуэркIэ адыгэхэм иджыри яхъумэ хабзэхэм ещхьщ. Агатэ и IэпщIэлъапщIагъыр япэ иригъэщырт, инджылыз хъыджэбз псоми ещхьу. Ауэ и адэр дунейм ехыжа нэужь, зыхэпсэукIын мылъкур къемэщIэкIырти, хъыджэбзым аптекэм лэжьэн щыщIидзащ. Тыкуэн псоми ещхьу, зэм цIыхухэр къакIуэу, зэм и закъуэу щIэсу апхуэдэти, аптекэрщ абы тхэныр хьэл щыхуэхъуар.  

 БлэкIа зэманым и литературэм къыщымынэу, Кристи Агатэ и IэдакъэщIэкIхэр ди лъэхъэнэми щIэщыгъуэу къэнэным куэд хилъхьащ абы ипхъу Розалиндэ. Абы и жэрдэмкIэщ «Пуаро. Агата Кристи» фильмхэр трахын зэрыщIадзар. Суше Дэвид хуэдэу Iэзэу Пуаро-детективым и ролыр зыгъэзэщIа зыри щыIагъэнкъым. Бельгием къикIыу Инджылызым къэIэпхъуа хуэдэу зи образыр зэхалъхьа Пуаро акцентышхуэ иIэу псалъэрт, куэдым яфIэдыхьэшхэнт. Ауэ езым и щхьэкуцIым и «налъэ гъуабжэ цIыкIухэр» игъэлажьэурэ къимыщIэ щэху къэнэжатэкъым. «Илъэс 25-кIэ селэжьащ Пуаро и ролым, - игу къигъэкIыжырт Суше. - Iуэху сщIыри, Бельгием щыщхэм я акцентым зезгъэсащ. ТхакIуэм и роман псори щIэзджыкIащ». Суше и закъуэщ Пуаро уи дыхьэшхын къигъакIуэу, ауэ езыр мыдыхьэшхэну къэзыгъэлъэгъуэфар.  Дызэрыт зэманым Кристи Агатэ и щIэиныр зэрехьэ абы и пхъурылъху Притчард Мэтью.

        ДетективхэмкIэ утыкум ита щхьэкIэ, Кристи Агатэ нэгъуэщI псевдонимхэр къищтэурэ, психологиер зи лъабжьэ романхэри итхырт. Анэмрэ пхъумрэ, адэмрэ къуэмрэ, унагъуэм щекIуэкI, цIыхухэр хуиту зытемыпсэлъыхьыф гурыщIэхэм я щхьэ щытреч а романхэм Кристи. Апхуэдэхэм тхакIуэм якIэщIитхэрт «Уестмакотт Мэри» цIэр. И детективхэри бзэ тыншкIэ тха щхьэкIэ, губзыгъагъэрэ Iущыгъэрэ хэпхъауэ апхуэдэщ. 

        «Мы гъащIэ дахащэу апхуэдиз лъагъуныгъэ щызыхэсщIар къызэрызэптам щхьэкIэ фIыщIэ пхузощI, ди Тхьэ!» - а псалъэхэмкIэ иухащ Кристи Агатэ и IэкIэ итхыжа и гъащIэ гъуэгур. 

1956 гъэм Кристи Агатэ къыхуагъэфэщащ Британ империем и орденыр, 1971 гъэм литературэм щыхузэфIэкIахэм папщIэ «дама-командор» цIэ лъапIэр къыфIащащ. 1968 гъэм а пщIэ дыдэр къылъысащ «рыцарь-командор» зыфIаща, Агатэ и щхьэгъусэ Маллоуэн Макс. 2011 гъэм «Британ империем и орденым и командор» цIэ лъапIэр фIащащ илъэс 25-кIэ Пуаро и ролыр зыгъэзэщIа актёр Суше Дэвид.

                                                                          ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться:

Читать также: