ЦIыхубэ макъамэм и махуэшхуэ

         ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щекIуэкIащ цIыхубэ макъамэхэмкIэ  II лъэпкъыбэ фестивалыр.

         Фестивалыр къыщызэIуахым ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым музыкэм и тхыдэмрэ теориемкIэ и кафедрэм и унафэщI,  гъуазджэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат КIумыхъу Людмилэ къыхигъэщащ макъамэм и махуэшхуэ хъуа фестивалым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы цIыхушхуэ зэрызэхуишэсар. Пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ абы зыкъыщызыгъэлъэгъуахэмрэ ар ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ яIэну.

         КъБР-м и Парламентым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ жиIащ хабзэ дахэ хъуауэ лъэпкъыбэ фестивалым зэрызрагъэужьыр, илъэс пщIы бжыгъэ дэкIмэ ар тхыдэм щыщ Iыхьэ зэрыхъунур, кIуэ пэтми фестивалым зэрызрагъэубгъунур, дуней псом щыщ артист цIэрыIуэхэр къызэрырашэлIэнур. Апхуэдэу щIигъужащ цIыху гъащIэм макъамэм увыпIэфI зэрыщиубыдыр, абы и лъэныкъуэкIэ мыпхуэдэ институт дызэриIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я дежкIэ насыпышхуэу къызэрилъытэр, абы щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтахэмрэ иджыпсту щеджэхэмрэ республикэм и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуащIыр. 

         - Мыпхуэдэ фестивалхэм я мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. ФIыщIэ яхуэфащэщ зэфIэкI зиIэ музыкант ныбжьыщIэхэм зезыгъэужь я егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ, - жиIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и Методикэ центрым художественнэ егъэджэныгъэмкIэ и унафэщI Бэрбэч Беслъэн. - ДяпэкIи фи ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ хэвгъахъуэ, ныбжьыщIэхэ!

         КIумыхъу Людмилэ жиIащ 2005 гъэм ирагъэжьа фестивалым тхыдэ дахэ къызэрыдекIуэкIыр. ЯпэщIыкIэ ар щIыналъэ зэхыхьэу, иужькIэ Кавказ Ищхъэрэм и хэгъуэгухэм я фестивалу щытащ. Иджы, илъэс етIуанэ хъуауэ ар лъэпкъыбэ зэхуэсщ. 

         - Астрэхъан къикIыну хьэщIэхэм, «Скиф» квартетым, Москва щыщ гитарист цIэрыIуэ Мурин Дмитрий, Мэхъэчкъалэ щыщ, ди институтыр къэзыуха Бекеров Рашид и «Etno Band» гупым дапоплъэ, - жиIащ КIумыхъу Людмилэ. - Ди пшыхьыр игъэдэхащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат, пшынауэ Шишкин Юрий.

         Фестивалыр махуитIкIэ зэхэтащ. Абы хыхьэу концертхэр, макъамэ Iэмэпсымэхэм (баян, аккордеон, гитарэ, домрэ) еуэнымкIэ мастер-классхэр ятащ. Зэхыхьэм къыхэжаныкIахэмрэ абы щытекIуахэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

 

Поделиться: