Къэбэрдей жэщтеуэм иуэрэдымрэ хъыбарымрэ

Жэщтеуэмэ, уэр, и хъыбар пэжыр, аредэ, вжесIэнщ.
Ежьу: Уойра, уоу-рира!
Ежьу: Уойра, уо-нау рирэ, уоу-рирари!

Къэбэрдеймэ, уэр, фи жэщтеуэжьыр, аредэ, лIыгъэжьщ.
А махуэм, уэр, ди Къэбэрдейри, аредэ, шуужьщ.
 – Дунеижьым дэ щытлъэгъуа хабзэр, аредэ, диIэжкъым.
«Хъункъым» жари, уэр, ди Къэбэрдейри, аредэ, мэхасэ.
Мыр, зэхуосри, уэр, бжьыщхьэ гуэрэнти, аредэ, мэув.
Къэбэрдейри, уэр, Жанхъуэтыпщым, аредэ, федэIукъым.
 – Фи IэмыщIэмэ, уэр, къимытIысхьэнум, аредэ, фыщIокъу.
Къэралыжьым, уэр, фэ феныкъуэкъункIэ, аредэ, фымащIэщ.
 – Дунеижьым, уэр, дэ щыдгъэщIэжынум, аредэ, дыхулIэ!
Напэ диIэу дэ дызэрылIэнур, аредэ, нэхъыфIщ.
А махуэм, мыр, ди Къэбэрдейри, аредэ, мэгубжь.
 – Дэ ди мэлыр, мыр, Къуреижь губгъуэм, аредэ, къыщыхъурт.
Дэ ди шыбзым, уэр, Сэтей щхьэпцIанэр, аредэ, я хъупIэт.
Мыр, ди нобэмэ, уэр, Жьэпкъыжь унапIэкIэ, аредэ, дохъуэж.
«Хъункъым» жари, мыр, ди Къэбэрдейри, аредэ, мэшэс.
ЗэщIошасэри, мыр, Къетыкъуей тIуащIэмэ, аредэ, ныдохьэ,
Зэрохьэхри, мыр, Къуреижь губгъуэм, аредэ, щогъуэлъ.
Зауапэри, уэр, Къурей къалэжьмэ, аредэ, щаублэ.
ЗауэкIэр, уэр, ШупщыIэ къалэмэ, аредэ, нахус.
Къэрэхьэлъкъымэ, уэр, я пащIэкIитIри, аредэ, къуацэгут.
А махуэмэ, уэр, я IэбжьыбитIри, аредэ, я пщалъэт.
Мыр, дзэхушэри, уэр, къаIурылъэлъурэ, аредэ, мэзауэ.
Дэ ди дзапэр, уэр, бжьырыбжьий хабзэти, аредэ, мэджэгу,
Мыр, ди дзакIэр, уэр, надэджэгуххэурэ, аредэ, нафIокIуэ.
Мыр, нэхущымэ, уэр, лыгъае мафIэр, аредэ, къытщIоблэ.
Инэралым, уэр, и табын щэхур, аредэ, къыкъуешыр.
Шырэ-лIырэ, уэр, зэмыщхьэпэжу, аредэ, зэпехур.
Пщы ябгэр, уэр, инэрал пакъэм, аредэ, хуохъущIэр.
«Пащтыхьыжьым дэ дыкъигъэщIакъым» жери, аредэ, мэдалъэ.
«Сэ си къанщ», жысIэу, уэр, ар зэрыщымыт, аредэ, жысIэнкъым.
Мыр, топышхуэри, уэр, и пщыIэ бжэIум, аредэ, щагъауэ,
Зэуэгъуэми, уэр, и цей джэхушхуэр, аредэ, и афэт.
ХьэпцIащхъуэм, уэр, и джэдыкIафэр, аредэ, и фочт.
Дыщэчмэ, уэр, къыхалъэфыгъэри, аредэ, и гъуазэт.
Фоч гъуазэми, уэр, щIэмыпсэхужурэ, аредэ, мэзауэ.
Офицеру, уэр, цеишхуэ кIэщIри, аредэ, хегъащIэ.
Фоч кIэщIу, мыр, Iэщэ лейри, аредэ, къыдехыр.
И пэ къихуэр, мыр, табыныжьыгум, аредэ, щыфIебз.
Уэр, зи ныбжьыми, мыр мазибл и зауэми, аредэ, хэмыкI.
Мыр езыри, уэр, хэтхэ ящыщ, аредэ, жыпIэмэ,
А ней, Къетыкъуэ и къуэкIэ Хьэмырзэ ЛIы КIэщIщ.

«Къэбэрдей жэщтеуэм и уэрэд» щIыжаIар къэбэрдейхэр жэщу пащтыхьыдзэм и быдапIэм, Марьинскэм, теуати аращ. Абы щыгъуэ къэбэрдейхэм ирагъэкIуэкIа зауэр урыс пащтыхьым Кавказыр къыщизэум адыгэхэм ирагъэкIуэкIа зауэм щыщ зы Iыхьэщ. «Къэбэрдей жэщтеуэ зауэр» къызыхэкIар тэмэму жытIэн щхьэкIэ, адэ ижь зэманым къыщыщIэдзауэ Iуэхур зэрекIуэкIар къыжыIэжын хуейщ.
Кавказыр яубыдын щхьэкIэ, Тыркур, Къэжэрыр, Урысейр зэныкъуэкъуурэ, Къэбэрдейм и IэмыщIэ илъа щIыхэр пащтыхьыдзэм яубыду, быдапIэ тращIыхьурэ къэкIуатэурэ щIымахуэм я Iэщхэр щаIыгъын хъупIэ ямыIэжу пащтыхьыжьым иубыдащ. Азоврэ Къызларрэ зэпищIэу а тIум я кум урысыдзэм къращIыхьа быдапIэ къомым – Ставропольскэ, Георгиевскэ, Андреевскэ, Павловскэ, Марьинскэ, Мэздэгу быдапIэхэм яубыдащ Къэбэрдейм игъащIэ псом я шыбзхэмрэ я мэлхэмрэ щаIыгъыу щыта я хъупIэхэр. Абы хыхьэрт Хьэмырзэ ЛIы КIэщI и адэшхуэ Къетыкъуэ и хъупIэ Къетыкъуей тIуащIэр. Къэбэрдей пщы-уэркъхэм я былымыр щаIыгъыжын ямыIэу я Iэхэр Урысейм ипхырт, къригъэкIуэтурэ къурш жьэпкъым кърихулIат. «Дунеижьым щытлъэгъуа хабзэр диIэжкъым, дэ ди мэлыр Къуреижь губгъуэм къыщыхъурт, дэ ди шыбзым Сэтей щхьэпцIанэр я хъупIэт, ди нобэм жьэпкъыжь унапIэкIэ дохъуэж, дунеижьым щыдгъэщIэжынум дыхулIэ, жари, ди Къэбэрдейр мэгубжь» щIыжиIэр аращ уэрэдым.
КъардэнгъущI Зырамыку зэритхыжымкIэ, и адэшхуэ Къетыкъуэ и хъупIэу щыта Къетыкъуей тIуащIэр къатрихыжыну Къетыкъуэ и къуэрылъху Аслъэнбэч и къуэ Хьэмырзэ ЛIы КIэщI Къэбэрдейри Псыжь адэкIэ щыпсэу шэрджэсхэри, беслъэнейхэри, кIэмыргуейхэри къызэщIигъавэри, «бжыщхьэ гуэрэнти», дзэшхуэу зэхэуващ.
А зэманым Къэбэрдейм пщы уэлийуэ щытар Тэтэрхъан и къуэ Жанхъуэтыпщырт. Ар пщы губзыгъэт, гупсысэ зиIэт, япэкIэ плъэуэ къэхъунур зылъагъу къэрал зехьакIуэти, абы жиIащ: «Щывгъэт, фи IэмыщIэм къимытIысхьэнум фыщIокъу, къэралым феныкъуэкъункIэ фымащIэщ». АрщхьэкIэ, зи нэм лъыр къытелъэдауэ зыри зымылъагъуж Хьэмырзэ ЛIы КIэщIрэ ХьэтIохъущокъуэ Мысострэ, я джатапэмрэ я лIыгъэмрэ фIэкIыу, адэкIэ плъэфакъым. «Пащтыхьыжьым дэ дыкъигъэщIакъым, дунеижьым щыдгъэщIэжынум дыхулIэ, напэ диIэу дызэрылIэнур нэхъыфIщ» жари, I779 гъэм и гъатхэм адыгэдзэу яугъуеяр Балъкъ зэпрашри, Марьинскэ быдапIэм километриблкIэ пэгъунэгъуу игъуэлъыкIащ, Марьинскэ быдапIэр икIэщIыпIэкIэ Iуахын хуейуэ ягъэуври. АрщхьэкIэ, пащтыхьым и инэралхэм я пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым а быдапIэр Iуахыну. Махуэм, жэщ пщIондэ, пэплъащ быдапIэр Iуахыным. Щымыхъум, жэщ зэрыхъуу, теуэри Марьинскэ быдапIэм хьэбэсабэр къыхуагъэкIуащ. АрщхьэкIэ, уэрэдыр зыусам ар зауэм и щIэдзапIэу къилъытакъым. Уэрэдым зэрыжиIэмкIэ, зауапэр Къурей къалэжьым щаублэ – ар Святой Павел быдапIэр арат, зауэкIэр ШупщыIэ къалэм нахус – ар Черноярск быдапIэр арт.
Андреевскэ быдапIэм дэса ермэлы гуэрым адыгэхэм Iулъхьэ иратри, я лъэныкъуэ къащIащ. Адыгэдзэр быдапIэм и гъунэгъу зэрыхъуу, быдапIэм дэт члисэм мафIэ щIидзэну унафэ хуащIащ. Ермэлым а унафэр игъэзэщIащ. «Я члисэм Iугъуае бзаджэр едгъэхщ» щIыжиIэр аращ уэрэдым.
ЖыIэн хуейщ а зауэр мазиблкIэ зэрекIуэкIар. I779 гъэм и гъатхэм щIадзар бжьыхьэ хъуху екIуэкIащ. «Зи ныбжьым мазибл и зауэм хэмыкI» щIыжиIар аращ уэрэдым, зи гугъу ищIыр Хьэмырзэ ЛIы КIэщIщ.
Зауэм щыщIадзагъащIэм къаIэрыхьауэ щыта ехъулIэныгъэм я нэр къыщхьэрипхъуауэ, «дэ ди дзапэр бжьырыбжьий хабзэти мэджэгу, дэ ди дзакIэр ядэджэгуххэурэ нафIокIуэ» жаIэурэ, нэгъуэщI зыми емыгупсысу гушхуауэ здэзауэм, инэралым и табын щэхур къыкъуишри, шырэ лIырэ зэмыщхьэпэжу адыгэдзэр зэпихури къызэтриукIащ. Адыгэдзэм и нэхъыбэр къэрэхьэлъкът, лъэсыдзэт. «Къэрэхьэлъкъым я пащIэкIитIыр къуацэгут, дзэхушэр къаIурылъэлъурэ мэзауэ» жеIэ уэрэдым. Шэч хэлъкъым, шуудзэу абы хэта пщыхэми уэркъхэми лIыгъэ мылъытэр зэрахьэу зэрызэуар. Ауэ адыгэдзэм, сыт хуэдизу лIыгъэшхуэ яхэлъу зэуами, зауэ Iуэхум хуагъэса пащтыхьыдзэм пэлъэщыну Iэмал иIэтэкъым. Я лIыгъэм щыгугъ щхьэкIэ, адыгэдзэ тIэкIур Урысейм и дзэ гъэсам пэлъэщынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Зауэр зэхэзыша Хьэмырзэ ЛIы КIэщIрэ ХьэтIохъущокъуэ Мысострэ абы егупсысакъым, Жанхъуэтыпщым къажриIар я фIэщ хъуакъым.
Аслъэнбэч и къуэ Хьэмырзэ ЛIы КIэщI лIыгъэ мылъытэр игъэлъагъуэу мазиблкIэ а зауэм хэтащ, къаукIыху. Хьэмырзэ яукIа нэужь, псэууэ къэна адыгэ шуудзэр къыщIэпхъуэжри, къэрэхьэлъкъ лъэсыдзэр къызэтрагъэукIащ.
Нало Заур зэритхыжамкIэ, уэрэдыр зыусар Къэбэрдейм щыщ Тау и къуэ Лъэпщыкъуэщ. Ар зыусар хэту щытми, а зауэр зи нэгу щIэкIа, Iуэхум фIыуэ щыгъуазэ лIы губзыгъэт. Уэрэдым къыщигъэлъэгъуащ адыгэпщхэм я лIыгъэм и гъусэу я щыуагъэри, зауэр къызыхэкIари, зэхэзышари, зэрекIуэкIа щIыкIэри. «Жэщтеуэ уэрэдыр» Къэбэрдейм и тхыдэр къызэIуэтэж уэрэдхэм ящыщщ. А зауэм къэбэрдейхэм я мызакъуэу, адыгэ лъэпкъ куэд хэтащ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ нэмыщI, къэрэхьэлъкъхэри хэтащ, нэхъ зауэ кIыхь дыдэуи щытащ.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: