«Хэку»

Зы усыгъэ дуней дыщыхоплъэ Къаныкъуэ Заринэ и «Хэку» усэ тхылъым. Усэ тхылъым и пэщIэдзэщ Нало Заур Къаныкъуэм и усыгъэм теухуауэ итхауэ щыта «Псэрыусэ» тхыгъэр. «Заринэ и псэр адыгэ пшынэм ещхьщ, дэтхэнэ пшынэ Iэпэм еIусэми, зэIусам и макъыр къэIуу – зы Iэпэм уэрэд къегъэIу, адрейм – уэс, къыкIэлъыкIуэм театрыр къегъэуш, адэкIэ Iэбэмэ – кIэзетыр къегъэпсалъэ, аргуэру Iэбэмэ – журналыр егъэгупсысэ… Адрей Iэпэхэми щхьэж и макъ яIэжщ. И кIэщIыращи, псэр къулеймэ, Iэм и зэфIэкIри мэбагъуэ» - дыкъыщоджэ Налом и тхыгъэм. КъыкIэлъыкIуэу Къаныкъуэ Заринэ езым къегъэнахуэ усыгъэм зэрыхущытыр, и усэм и къэкIуэкIэр, ар псэкIэ къыщIрихьэкIыр, зыгъэгупсысэр. «Усыгъэр – ЩIым и бэуэкIэщ, Уахэм и макъщ. Иджыпсту мыбдеж сыщыIэщ, абы сыхэтщ, абы сыщыщщ» - Заринэ и мыпхуэдэ псалъэхэм ухуагъэхьэзыр тхылъым узыхишэну дунейм, усакIуэм къитIэпIа мыпхуэдэ гупсысэхэм кърикIуэну сатырхэр сыт хуэдэу пIэрэ жыхуэпIэу. Уоджэри, псалъэм и къарур къыбгуроIуэ, щIыуэпсым и IэфIыр зыхыбощIэ, лъэпкъым и гурыгъузыр къыпхохьэ…
Усэхэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшащ: «Лъапсэ», «Щэху», «ПщIыхь», «Къуэпс», «ЩIэгъэбыдэ». Япэ Iыхьэм хэтщ «Жейр сщхьэщокIри, пщIыхьым сыщIеуфэж» усэр. Нанэ и теплъэмкIэ, жимыIэфхэмкIэ, къигузэвхэмкIэ, къыхудэмышейхэмкIэ бзэм теухуа гукъеуэ еIуатэ усакIуэм.
Нанэ пшынэ бзэншэ зэтрегъэж,
Пащхьэм йокIри, зэуэ къоувэж.
Нанэ пшынэ бзэншэр зэтреш,
Гум дэмыхуэ бампIэр къысфIыдеш, - жи.
Нанэ пшынэм къригъэкIынIауэ щIеныкъуэкъур, и псэр щIэгузавэр, щIытемыпыIэр жеIэ усакIуэм:
СощIэ схэщIыр –лъэпкъыр бзэншэ мэхъу.
Пшынэр зэрыбзагуэр игу къеуэми, пшынауэ-нанэр фIэпсэкIуэдми, усакIуэм и гум гугъэ быдэ илъщ, игу хэзыгъэщIыр пщIыхь шынагъуэу къыщIэкIыжынырщ зыхуихьыр:
Нэху сыкъокIри, си пIэм соувэж,
Псэ схэтыхукIэ пщIыхьыр хъункъым пэж.
ИстамбылакIуэ гъуэгумрэ хы ФIыцIэмрэ адыгэ усыгъэм щызэгъусэщ. Къаныкъуэм «уэ Истамбыл укъокI» зыфIища усэми ар щыIупщIщ. Хэхэсым и гукъеуэрщ, и гукъанэщ икIи и губжьщ хыр зыщIэдэIур, ар зэрыхэбэукIри зригъэщхьыр истамбыл гъуэгум тетам и бэуэкIэрщ. Усэм къыхощ адыгэпсэр адыгэгум зэрыпыщIар, хэхэс адыгэпсэр ХэкумкIэ къызэрыгъэзар:
Зи псэ къэзыхь зэпыт, зи лъэ изылъхьэ вакъэ,
Уэ Истамбыл укъокI…
«Дэ тхыдэр дджыкъым – езым деджыж» усэм щыжеIэ аддэ жыжьэ къэдгъэна тфIэщI блэкIар ди япэкIи зэрыщыIэр, дызэрыIущIэнур, ттеухуа куэд абы зэрелъытар.
Тхыдэм, мес, хьэсэу дэ дыхесэж,
ЩIыгулъыр ттелъу, къытхэту псэжь.
Гущэхэр нэщIу хьэсэм бгъурытщ,
Хьэсэ гущIыIум бахъэр щхьэщытщ, - жеIэ.
«Лъапсэ» Iыхьэм дыкъызыщеджэ усэхэм адэжь щIыналъэр, анэдэлъхубзэр, тхыдэр, лъэпкъ шыфэлIыфэр къахощ. УсакIуэм и нэкIэ дэ дызыкIэлъегъэплъыж, дызэрегъэплъэкI, дегъэгупсысэ. Усэхэм уагъэгуауэщхьэуэ, уагъэпIейтей е уи гур фIы ящI, псэр ягъэпсэху. ЗыхыбощIэ дэтхэнэ усэми, зы хъуаскIэ цIыкIу хуэдиз фIэкI нэхъ мыхъуми, гугъэм и къарур зэрыщIилъхьэр. УсакIуэм и гур иухыжыркъым лъэпкъым теухуауэ.
Адыгэбзэри? Ар бзэхакъым.
Хамэ хъуакъым… Мо уэгум щIэлъщ.
Псы ежэхми щыгъупщакъым,
ПщIыхь бзэхыжым щIагъыбзэу щIэлъщ.
Адыгэбзэр сызыгъэIущу,
Сызыгъэпсэу сызыгъэхъужщ.
… Зыми зыри къысхуремыщIэ –
Бзэм къысхуищIэмкIэ сыарэзыщ, - щыжеIэ «Адыгэбзэри? Ар бзэхакъым».
«Щэху» Iыхьэм хэт усэхэм цIыхупсэм щыпIейтей гурыщIэхэр, гум и зыщIыкIэр, гупсысэм гухэлъ къызэрыхэжабзэр, тIур щIыуэпсым зэрызэришалIэр, куэд… куэд къаIуатэ. УсакIуэм щIымахуэр «и шылэ хъару зрешэкIыф», «и вагъуэхэр дыжьын щIыIущхьэщ», «и гур хьэндрабгъуэ минщ», «шыгъушыпсыпIэми» хожееф.
ГъэщIэгъуэну Заринэ и гухэлъ усэхэм лIыгъэ хыболъагъуэ. Моуэ, гухэлъ и Iэдэжмэ, цIыхум сытри лъэкIыну къыпщохъу.
Си гур хьэндрабгъуэ минщ,
ЗэбгрылъэтыкIрэ дунейр щIагъанэу.
СыщIэзыгъанэ гухэлъыр
Дамэ къуэлэнхэм
Зэбграхри яIуатэ! – мис абы и зы щапхъэ. Гухэлъым дунейр нафIэгуфIэ, щхъуэкIэплъыкIэ, хуит, нэхутхьэху ещI.
ГъащIэм и зэхэлъыкIэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм цIыхур зэрыхэувэр, кIэухымрэ щIэдзапIэмрэ зэрызэпыувэжым щытотхыхь, Iеймрэ фIымрэ пцIымрэ пэжымрэ щызэхегъэкI «Къуэпс» Iыхьэм. Мыбдеж щызэщIожьыуэ гъэм и зэманхэри. Дэтхэнэми усакIуэм гурыфIыгъуэ щелъагъу, дэтхэнэми езым зэригъэщхь гуэр къыщелъагъу.
ФIырэ Iейрэ, гуфIэгъуэрэ гуауэрэ, нэхурэ кIыфIрэ, пэжрэ пцIырэ, уэфIрэ уэлбанэрэ зэрызэкIэлъыкIуэр усэбзэкIэ къеIуатэ Къаныкъуэм. Девгъэплъыт зы усэ…
Уаери уэгъури щIыфэм пхрокI,
Хэт гущэхэпхэщ, хэти кхъэдэкIщ.
КIыфIымрэ нэхумрэ IэплIэ зэрах,
Хэти ещIэж – зэрыпсэур мы зэращ.
Абы щыгъуэми, щхьэж и пэжи, и тыншыгъуи иIэжщ:
Мащэ къэзытIыр мащэ йохуэж,
Щхьэж къегупсысри хесэ и пэж.
ИкIэм-икIэжми гъащIэм щынэхъыщхьэу къонэ зы:
Сыти фIэщи, сыти тещIэж,
ЦIыхуу укъалъхум – цIыхуу уэ лIэж.
«Къуэпс» Iыхьэм хигъэхьа усэхэм къахощ щIалэгъуэмрэ жьыхъугъуэмрэ я зэблэкIыгъуэр («ЩIалэгъуэр щхьэхьу, жьы хъугъуэр – щэхуу»), махуэмрэ жэщымрэ къарикIуэхэр («Махуэр пщIыхьу зыхьэж архъуанэм», «Махуэм махуэ къелъхури, вагъуэу гъэр йожыж», «МыкIуэмыжэ жэщыр щыхьэт нэпцI къысщохъу»), пщIыхьхэм я къэкIуэкIэр («ПщIыхьхэм зашыхьауэ цы Iуданэ топу щхьэнтэ щIагъым щIэлъщ»).
«ЩIэгъэбыдэ» зыфIища Iыхьэм къыщокIуэ гъащIэм къигъэув упщIэ куэдым езым къахуигъуэт жэуап хуэдэу гъэпса сатырхэр.
Зи лIа я пащхьэ напэ хужь
Изыхьэжыфырщ зиIэр лъахэ, - щыжеIэ «Адыгэ сынхэр хокIуэдэж» усэм.
 «Хэку» тхылъым щызэхуэхьэса усэхэм щIыуэпси, гухэлъи, къуэшыгъи, лъэпкъ Iуэхуи, гъащIэ гупсыси щызэщIожьыуэ. Псом хуэмыдэу зыкъыхагъэщу къысщохъу хэкум, анэдэлъхубзэм, лъэпкъым хуигъэпсахэм. Абыхэм щыболъагъу цIыхур Хэку зэрыхъуфри, бзэр лъым хэту лъынтхуэм зэрыщызекIуэри, хамэщIым щыIэ адыгэр адыгэщIым пыщIа хъуэпсапIэкIэ зэрыпсэуфри. Тхылъым хуищIа фIэщыгъэр купщIэм хуэфэщэн хъуащ. Дуней псоми, уэгуми, щIылъэми щызэрыкI гупсысэхэр Хэкум и куэщI къыщызэщIекъуэж.
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: