Лъэпкъ хабзэр – утыкум

Адыгэ Республикэм и къэрал филармонием и концерт зэгухьэныгъэм япэу щагъэлъэгъуащ ЦIыхубэ къафэхэмкIэ «Налмэс» къэрал академическэ ансамблым и «Адыгэ цIыхубэ хьэгъуэлIыгъуэ» спектаклыр.
ЦIыхуи 100-м щIигъу зэуэ хэлэжьыхьащ абы: тхыдэджхэр, мультипликаторхэр, музыкантхэр, къэфакIуэхэр, художникхэр, бзэщIэныгъэлIхэр, нэгъуэщIхэри. Режиссёрыр «Налмэс» ансамблым и художественнэ унафэщI икIи балетмейстер нэхъыщхьэ Хэджей Аслъэнщ.
- Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм ехьэлIа пасэрей хабзэ дахэхэр - ди щIэблэм едгъэлъагъуну дыщIэхъуэпсырт, - жеIэ Аслъэн. – Зым и дежкIи щэхукъым ди адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и хабзэм щымыщ куэд нобэ къызэрыхагъэхьар. Хабзэм тет хьэгъуэлIыгъуэ ирагъэкIуэкIыным цIыхухэм мылъкушхуэ трагъэкIуадэми, ар нэхъ гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу, гукъинэжу, уасэкIи егъэзырабгъуу къыпхузэгъэпэщынущ.
Спектаклым теплъэгъуэу пщIы къызэщIеубыдэ, дэтхэнэми хабзэ зытIу хыхьэу. Iуэхур щауэмрэ нысащIэмрэ щызэрыцIыхум щрагъажьэри, хьэгъуэлIыгъуэ инкIэ еух.
Ди пасэрей лъэпкъ хабзэ дахэм, щэнхабзэм, къафэхэм зыхэзыгъэгъуэзэну гупыж зыщIхэм я дежкIэ лэжьыгъэр щхьэпэщ. Дызытехьэ ИлъэсыщIэм «Адыгэ цIыхубэ хьэгъуэлIыгъуэ» лэжьыгъэр Урысейм и утыку нэхъыфIхэм икIи нэхъ инхэм щагъэлъэгъуэну я мурадщ.
Зи фащэкIи, зыIыгъыкIэкIи, утыку итыкIэкIи дагъуэншэу зыкъэзыгъэлъагъуэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэм и дахагъэр гъунэгъу щIыналъэхэми хамэ къэралхэми нахьэсащ. Ансамблым и дэтхэнэ къафэ лIэужьыгъуэми лъэпкъым и хабзэ, щэнхабзэ, IуэрыIуатэ хъугъуэфIыгъуэхэр хыболъагъуэ. Апхуэдэщ илъэс пщIы бжыгъэкIэрэ гупым иригъэфIакIуэу игъэзащIэ лъапэрисэ, ислъэмей, удж къафэхэр. Къафэм и бзэмкIэ къагъэлъагъуэ лъэпкъым и щыIэкIэмрэ хабзэ дахэхэмрэ.
ЦIыхубэ къафэхэм я дахагъэмрэ лъапIагъэмрэ зымыгъэкIуэду илъэс 85-рэ хъуауэ утыку ит, ди лъэпкъ къафэхэмкIэ адыгэр дуней псом къезыгъэцIыхуа ансамблым цIыхухэмрэ къэралхэмрэ зэпещIэ.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: