ЕджапIэр нэхъ ин ящIащ

Тхьэмахуэ кIуам КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Прохладнэ къалэм. Республикэ унафэщIым зригъэлъэгъуащ Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ 8-нэ школым гуащIыхьа, сабий 560-рэ зыщIэхуэ ухуэныгъэщIэр.
2021 гъэм и дыгъэгъазэм Iэтащхьэр Прохладнэ щыщыIам школым щылажьэхэр къелъэIуат еджапIэр нэхъ ин ящIыну.
Иджы къыгуащIыхьа унэр «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу ящIащ, абдеж щыта школыжьыр 1960 гъэхэм яухуат. Иджы курыт еджапIэм и корпуситIри зэщхь дахэу ягъэпсащ.
УнэщIэм актовэ пэш, шхапIэ, лабораторэ, спорт пэш, кабинетхэр хэтщ. Абы щыщ дэтхэнэри зыхуей псомкIи зэщIэузэдащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: