Къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэр

ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуагъэфэща къэрал дамыгъэхэр яритыжащ республикэм исхэм ящыщу зыпэрыт IэнатIэмрэ жылагъуэ гъащIэмрэ къыхэжаныкIа цIыху 42-м.
- Хабзэ зэрыхъуауэ, ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу догъэлъапIэ зи ехъулIэныгъэкIэ, зэфIэкIрэ Iуэху зехьэкIэ дахэкIэ жылагъуэм къыхэща, Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэща цIыху жыджэрхэр, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. – 2023 гъэр тыншу щымытами, тхыдэм уриплъэжмэ, зэман гугъухэр нэхъапэIуэкIэ къызэрызэднэкIам хуэдэу, иджырей Iуэху мыщхьэпэхэми дыпхыкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху гуащIафIэхэм я къарур зэрызэщIагъэуIуам фIыгъэкIэ, республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр хъума хъуащ. Экономикэм и унэтIыныгъэхэр къапщтэмэ, псом хуэмыдэу промышленнэ, агропромышленнэ IуэхущIапIэхэм нэхъ заужьащ. Гъавэ бэв къезыхьэлIэжа мэкъумэшыщIэхэм я ехъулIэныгъэхэр узэрыгушхуэнщ. Апхуэдэу республикэр япэ итщ къэралым пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэрэ щыгъэкIынымрэ къыщехьэлIэжынымкIэ. ЩIыналъэм зыужьыныгъэфIхэр къегъэлъагъуэ псэупIэ унэ, гъуэгу ухуэныгъэхэмкIэ, ахэр зыхуей хуэгъэзэжынымкIэ, туристхэр къешэлIэнымкIэ. А псом и фIыгъэкIэ республикэ бюджетым хэхъуащ, социальнэ Iуэху зэIумыбзхэр зэфIэхынымкIэ, бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэм хэгъэхъуэнымкIэ щхьэпэу.
КIуэкIуэ Казбек къытеувыIащ УФ-м и Президент Путин Владимир республикэм щагъэзэщIэну къыхилъхьа лъэпкъ проектхэм я фIыгъэкIэ, щIэныгъэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэр зэраухуамрэ къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжамрэ, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыIэ псэукIэр нэхъри зэIузэпэщ зэращIам. А ехъулIэныгъэхэм жылагъуэм, зэхыхьэм ирагъэблэгъахэм я къарурэ гуащIэрэ зэрыхэлъыр къыхигъэщащ. Апхуэдэхэщ промышленностымрэ мэкъумэш хозяйствэмрэ, ухуэныгъэм, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, спортым, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, дин IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, журналистхэр.
КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ яхуищIащ жэуаплыныгъэ пылъу зи IэнатIэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ пэрыт лэжьакIуэ емызэшхэм, псом хуэмыдэу лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэхэм. Республикэр зэрыгушхуэ лIыхъужьхэм ТекIуэныгъэ къахьу икIэщIыпIэкIэ къагъэзэжыну зэрыпэплъэр къыхигъэща нэужь, КIуэкIуэм щIигъужащ экономикэр, цIыхухэм я псэукIэм и фIагъыр егъэфIэкIуэным, унагъуэхэр, анагъэмрэ сабиигъуэмрэ, ветеранхэмрэ жьы хъуахэмрэ, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дэIыгъыным 2024 гъэм зэрыпащэнур.
- Мы зэхыхьэ гуапэм хэтхэр фызэкъуегъэувэ фызыпэрыт IэнатIэм фызэрыхуэпэжымрэ абы ехъулIэныгъэфIхэр къызэрыщыфхьамрэ. ЩIыналъэмрэ къэралымрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуэфщIыр уасэншэщ! СигукIи си псэкIи сынывохъуэхъу дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыфхуагъэфэщамкIэ! Дызытехьэ ИлъэсыщIэми узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, зэфIэкI лъагэхэр фиIэну! – жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
КIуэкIуэ Казбек и гуапэу яритыжащ медальхэр, орденхэр, щIыхьыцIэхэмрэ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ зыхуагъэфэщахэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: