Телъыджэхэм я дунейр къызэIузых тхылъхэр

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ тхылъитхуу зэхэт зэужь гъэщIэгъуэн къыщыдэкIащ. «Укъыздэтщтэнщ ди гъусэу…» («Возьмем тебя с собой…») зыфIаща къыдэкIыгъуэр теухуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ гъэщIэгъуэнхэм, тхыдэ икIи щIыуэпс мыхьэнэ зиIэ теплъэгъуэхэмрэ фэеплъхэмрэ.

ЖыпIэ хъунущ дунейм къытехьа мы зэужь хьэлэмэтыр Котляров зэщхьэгъусэхэм илъэс Iэджэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и IэтащхьэIулIэж хъуну. Къэбэрдей-Балъкъэрым и дахагъэмрэ и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ, ди къэралым нэмыщI, хамэ щIыналъэхэми щыгъэлъэгъуэным хуэунэтIауэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ зылъэIэса фIыгъуэ псоми траха сурэтхэр, хузэхуахьэса тхыгъэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу щызэгъэуIуащ тхылъитхум.

Иужьрей илъэсипщIым Котляровхэ дахьэх лъахэхутэ лэжьыгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэхэм ящыщу здынэмысауэ зы дурэши къагъэнауэ къыщIэкIынукъым. Зи ужь ит Iуэхур нэсу зэфIэха хъун папщIэ, абыхэм къызэхакIухьа километр мин бжыгъэм къыхэгъэхъуэн хуейщ архив тхылъымпIэу къызэрагъэдзэкIар, тхылъу къахутар, цIыху мин бжыгъэу зэпсэлъар. Ахэр щIэх-щIэхыурэ утыкум къралъхьэрт, къагъуэтахэмкIэ цIыхухэм ядэгуашэрт, ямыщIэ къыхэкIамэ е зыгуэр яIэщIэхуамэ, зэрагъэзэхуэжурэ Iуэху дащIэрт. Котляровхэ къыдагъэкIа лъахэхутэ тхылъхэм, очеркхэм, эссехэм къагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дахагъыр, бгъэдэлъ фIагъыр, ар зыми зэремыщхьыр. Чхеидзе Константин, Бабель Исаак,  Миллер Всеволод, Анисимов Сергей сымэ я къалэмыпэ къыщIэкIа тхылъхэм ди лъахэм нэгъуэщIынэкIэ куэд къригъэплъащ, и цIэр фIы и лъэныкъуэкIэ щIыпIэ жыжьэ куэдым къыщрагъэщIащ. ГъэщIэгъуэнращи, тхылъ къыдэкIыгъуэ къэс Котляровхэ ди щIыналъэм фIащ цIэхэр налкъутналмэсу зэщIопщIыпщIэ, дунейпсо тхыдэмрэ гупсысэмрэ я куэщIым ирагъэтIысхьэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Прометей и лъахэ», «Кавказым и налкъутналмэс», «Телъыджэхэм я хэгъэгу», «Дунейпсо тхыдэм и жыг хадэ» фIэщыгъэ дахащэхэр.

Котляровхэ ялъэгъуамрэ зэхахамрэ лъахэхутэ мыхьэнэ зиIэ тхылъ 70-м ихуащ. Абыхэм ящыщу 17-м «Тхылъ къыдэкIыгъэ нэхъыфI дыдэ» цIэр къыфIащащ. Дигу къэдгъэкIыжынщи, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм тхылъищ хъууэ къыщыщIэкIа, «Къэбэрдей-Балъкъэр: телъыджэлажьэхэмрэ щэхухэмрэ» зи фIэщыгъэ зэужьым «Лъахэхутэ къыдэкIыгъэ нэхъыфI» унэтIыныгъэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и фIыщIэгуапэ тхылъым и етIуанэ нагъыщэр къратащ, «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и шорт-тхылъымпIэм и цIэр къыщраIуащ, нэгъуэщI ехъулIэныгъэ инхэри иIащ.

«Укъыздэтщтэнщ ди гъусэу…» тхылъ пэхуэщIэр, къызэрыхэдгъэщащи, тхылъитхуу зэхэтщ: «Дзэлыкъуэ щIыналъэ. Iуащхьэмахуэ лъапэ и Ищхъэрэ лъэныкъуэр», «Шэрэджыкъуэр, Сукан къуэр, Хулам-Безенги къуэр», «Тызылыкъуэр, Бахъсэн къуэладжэр, Iуащхьэмахуэ лъапэр», «Шэджэмыкъуэр», «Бахъсэн щIыналъэмрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ». Дэтхэнэ зы тхылъми напэкIуэцI 280-рэ дэтщ, тхыгъэ 50 къызэщIеубыдэ, сурэт 250-м щIигъу итщ. ПэхуэщIэр зэрыщыту къапщтэмэ, полиграф Iэмал нэхъыфI дыдэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ: тхылъхэр тхылъымпIэ Iувым къыхэщIыкIащ, я бгъур IуданэкIэ зэрыгъэбыдащ, полиграф лапхъэрэ дыжьын тхыпхъэхэмкIэ гъэдэхащ, уздынэсар кърибгъуэтыжыну тхылъ дэлъхьэ, ляссе жыхуаIэр, дэлъщ, тхылъ къуардэхэм ярылъщ. Тхылъ къэс я бжыгъэкIэ мин хъууэ къыдэкIащ.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс 70 хъуауэ дыщопсэу. Ди гъащIэр мы щIыпIэм щытхьащ. Дэ фIыуэ долъагъу мы Хэкур, дыкъызэрыщалъхуам хуэдэу, дыщыщIалъхьэжыну дыщогугъ, дыхуейщ ужьыфI къэдгъэнэну, цIыхухэм ягу дыкъэщIэкIыжын фIыгъуэ дунейм къытеднэну. ТхузэфIэкIыр арати, дытхащ. Датетхыхьащ мы щIыналъэр зей лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – я тхыдэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, цIыху цIэрыIуэхэм. Илъэс 30-м къриубыдэу тхылъ 1500-рэ къыдэдгъэкIащ. Зы сатыр ттхыкъым гукIэ щIэдмыгъэкIауэ, псэкIэ дымыпсыхьауэ. Дэ къэдгъэнэну дызыхущIэкъу фэеплъым Къэбэрдей-Балъкъэрым худиIа фIылъагъуныгъэм ипэ ищу зыри хэткъым – ар къабзэщ, лъагэщ, фэрыщIагъэ зыри зыхэмылъщ, ди зэфIэкI мащIэхэмкIэ дгъафIэщ. Ину жыдмыIэми, дыгуоуэ уэрамым дыкъыдэмыхьэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым худиIэ лъагъуныгъэр абрагъуэщ, къэубыдыгъуейщ, къэлъытэгъуейщ. Дэтхэнэ зы цIыхуми мы щIыпIэм хуиIэ гурыщIэр зыми ещхькъым – дыдейр арыншэу дызэрымыпсэуфыну гупсысэм къызэщIеубыдэ. Дэ нобэ дыщыIэщ. Мы щIыгум дыщымыхьэщIэу, къакIуэу и дахагъымкIэ зызыгъэнщIу кIуэжахэм дащымыщу зыкъыдолъытэж. Мы тхылъ зэужьымкIэ а диIэ щытыкIэр зыхедгъэщIэну дыхуеящ мы лъахэр зейхэм, абы къыщыхъуахэм, арыншэу нэгъуэщI дуней щымыIэу къэзылъытэхэм. Ди гуращэр къыдэхъулIамэ, ди насыпщ», – жаIэ Котляров зэщхьэгъусэхэм.

Удмуртие Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм и унафэщI Тенсинэ Татьянэ Котляровхэ я зэужьыр щилъагъум жиIащ: «Тхылъыр фIыгъуэшхуэщ. ЖыпIэ хъунущ дыщыпсэу къэралым и хъугъуэфIыгъуэхэм къахэхъуауэ, и акъыл мылъкур бэгъуауэ. ЗыщищI къалэныр армырами, ди пащхьэ къралъхьа, тхылъитху хъу зэужьыр нэгъэсауэ щIэнгъуазэщ. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ къыдагъэкI тхылъхэр зытепсэлъыхь лъахэм и уэрэд кърашым ещхьщ, абы къыхэIукI фIылъагъуныгъэмрэ гурыщIэ къабзэмрэ я пшыналъэм гур апхуэдизкIэ щыз ещIри. Тхылъхэм цIыхум къыхузэIуах дунейм фIэщхъуныгъэ хэмылъмэ, уигури уи псэри щыбгъэтIылъу къыпхуаIуатэм зыдебгъэхьэхыну укъыхурамыджэмэ, абыхэм ятелъ хьэкъыр ягъэзэщIауэ къэплъытэ хъунукъым. Котляровхэ я тхылъхэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ щыпсэу лъэпкъхэм хуащI пщIэр блэIэбыкIыпIэ имыIэу зыхыуагъащIэ, абыхэм я тхыдэм, щэнхабзэм, дуней лъагъукIэм хэлъ гуащIэшхуэм удрагъэхьэх, Кавказым и дуней дахэм и зы къуапэу щыт Къэбэрдей-Балъкъэрым урагъэхъуапсэ. Хьэлэмэтращи, тхылъхэм я гъэщIэрэщIэкIэр а дахагъэм къыдэфэ хуэдэу къыпфIощI, узэджэр апхуэдизкIэ гум нахьэсу, псэм дыхьэу щытщи. Котляровхэ я тхылъхэр ди зэхьэзэхуэм зэрыхэтар дэркIэ пщIэшхуэщ».

Гуапэщ икIи гухэхъуэщ ущалъхуа щIыналъэм апхуэдиз дахэр хуагъэшу зэхэпхыныр. Ди хэкум и цIэр фIыкIэ зыгъэIу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ ехъулIэну, езыхэр зыпэрыт IэнатIэм нэхъри щефIэкIуэну ди гуапэщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: