ЛЪЫЩIЭЖ

(КIэухыр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 11, 13-хэм итщ.).

ЩеIуэжыр Тхьэ: «Къышыр къысхуэкIуэм,
Сэ естыфынущ псалъэ быдэ,
Си быным ещхьу, семыщхьэкIуэу,
Сыхуэхъуфыну адэм хуэдэ,
СыткIи мамыру сыбгъэдэту,
Естынущ куэду саугъэтыр!»
ИтIанэ, цIыхухэм кърахьэкIыр,
Алыхьым ещIэ и пэжыпIэр,
Бийр къиувауэ ди ужь екIэ,
ИщIыну ди щIыр лъы гъэжапIэ.
Къезэгъкъым дэ дызэфIэнэжу
И гъуэгур бийм хуэтщIыну хуит.
Ди лъахэрщ нобэ псом я щхьэжыр,
Ар тхъумэжыным дыхэвгъэт.
ЗэвгъащIэ, нобэ хуэдэ махуэм
Дэтхэнэ зылIри куэд и уасэщ,
Мыпхуэдэ махуэм къыщонахуэ
Хэт ипэжыпIэкIи зищIысыр.
СылIщ жиIэу зыщхьэрыгъыр пыIэ
ЕIэнущ и псэм, къеIэм и нэм.
ЩымыIэ Хэкум нэхъ нэхъ лъапIэ,
Фызэкъуэувэу зылI и быну,
Бийр ифлIыхьыжмэ езым и пIэм,
Фхуэфащэщ лIыщ къыфхужаIэну.
Тэмэму мыр зыгурыгъаIуэ -
Аслъэнбэчыпщыр зэгупсысыр
Къыпэмылъэщу бийр ди мэIум,
Къулыкъу хуэпщIэныр арщ Шэрджэсым!
- Хъунщ-тIэ, сыкIуэнщ сэ пщым и деж,
Хуитщ илэжьыну зыхуей дыдэр,
Езым зыхуищIыр гукъыдэж,
Сэ, дауэ щытми, си зэхуэдэщ.
Къышыр щIэхъуэпскъым саугъэтым,
ХуэбзафIэу зыгуэр тIэкIу къезытым.
Ялъагъур цIыхухэм сызищIысыр,
Сыт хуэдэу щытми си нэмысыр
Си гугъэщ схуэIыгъыну къекIуу,
НэхъыфI къысфIощIыр пщым деж сыкIуэм.
КъысхужаIэнкIи хъунущ цIыхухэм:
«ИкIащ акъылым Къышырбий!»
Зытезмыгъахуэу пщым и щIыхуэ,
СыкIуэнущ сэ абы и дей.
Сыхъункъым зэи хабзэкъутэ,
СIыгъынщ нэхъыжьхэм я уэсятыр.
КъысхуикIыу щытми емынэр,
Ныбжьэгъуу сыщIыхьэнщ и унэм,
Къыхуегъэзэгъмэ и щIыхьым,
ЖреIэ къыщIещакIуэр си щхьэм!
Къэсауэ щытми си ухыгъэр,
Хэутэн сищIыну иIэ лIыгъэ?
ПцIыр игъэкIуэну хабзэм и щхьэ,
КъыхуегъэкIун абы и щIыхьым?
- Фызэбиями пщымрэ уэрэ,
ПфIэмыщI Аслъэн укъигъэпцIэну!
Пэжщ, къощэкIуащ уэ Аслъэнбэч,
Ауэ мыбыкIэ умыщI шэч -
ХущIегъуэжащ ар ищIэгъахэм,
Псэ къабзэу къихьыжауэ тобэ,
Пхуэхъунущ ныбжьэгъу пэж ар нобэ.
И хэкур псоми я нэхъ лъапIэу
КъызэрилъытэмкIэ шэсыпIэ
Сиувэфынущ, къызэдаIуэ,
БжесIахэр пэжу Тхьэ пхузоIуэ!
ЖьакIэхум жиIэхэм пцIы хэлъу
Къышырым къэмыкIа и гущхьэм,
ЛIыжьым фоупс къыIурылъэлъым
Нэхъыбэр зэхэщIауэ щхъухьу.
- Хъунщ, ди нэхъыжь, сэ къызгуроIуэ,
Абы щхьэкIэ лейуи Тхьэ умыIуэ.
Си натIэм илъу къыспэщылъым
Сэ сыхьэзырщи сыIущIэну,
Тхьэм жиIэмэ, мыгувэу си лъэр
Сэ нэсхусынщ Аслъэн и унэм.
ЗэгъащIэ, сэ сыщымышынэ
Абы хэслъхьэнкIэ хъуным си щхьэр!
- Къыпхухъу тхьэразэ, ди пащтыхьым
Хуэсхьынущ сэ хъыбар гуфIэгъуэр!
Ущыт узыншэу, уи гущIыхьэр
Зыщыгъэгъупщи, гъуэгу нытехьэ!
- Гъуэгу махуэ уэри, лIыжь Iумахуэ!
Ирегъэжьэжри лIыжь пцIыупсыр,
Къышыр мыпхуэдэу йогупсысыр:
- Зыкъришэжу ифI, щытхъупскIэ
СигъэIулэн ищIамэ гугъэу,
Сеплъынкъэ сэри сыкъэмыскIэу,
Пщышхуэм къылъыкъуэкIыну лIыгъэм! -
ПащIэкIэм жагъуэу щIогуфIыкIыр,
Зэрышхыу дзэр зэтрекъузэ,
Къаплъэн, щэкIуэным нэр къыхуикIыу,
Ежьа пфIэщIыну зыкъегъазэ.
Пэплъащ жэуапым ар гупсэхуу,
Щхьэм Iуэхухэр щызэригъэзахуэу.
«СыкIуэнщ, - жи, - си щхьэр мынэхъапэ,
Хуэхъуну щытмэ, ар си лъахэм щхьэпэ».
ИкIи къыщIегъэувэ нэгум:
Бийр къытеуауэ Шэрджэс хэкум,
Зыхуэзэу хъуар зэтригъасхьэу,
Дыгъужь ныбаджэу зихущыхьу,
Езыми кърихауэ джатэр,
Бийм лIэн-къэнэну япэщIэту.

13

- Сыт къезыхуэкIыр а лIыжь кхъахэр? -
Зыгуэрым и гур игъэмыгъуэу,
Ирегъэжьэжри гъунэгъур, -
Къышыр и анэр нэщхъеяуэ,
ЩIоупщIэ, къуэм зыхуигъэзауэ:
- Ар къысхуищIащи пщышхуэм лIыкIуэ,
Аслъэным секIужыну сокIуэ.
- КъыбгурыIуэжрэ жыпIэр, щIалэ?
КхъыIэ, апхуэдэу умыделэ,
ЖыIэзыфIэщ сабий
Зыкъыщыбгъэхъуу уэ уи бийм.
Ар бзаджэщ блэуэ, хьилэшым
ТхьэкIумэкIыхьу узыщIешэ.
Ар хуейкъым зыкIи мамырыгъэ,
Къыпэлъэщакъыми уи лIыгъэм,
И ныбгъуэхьэшыр къегъэIэгъуэ,
Уриубыдэну дыгъужьыгъуэм.
Мыгъуагъэ кIэншэр зи IэрыкIыр
Гузавэ пфIэщIрэ хэкум щхьэкIэ?

Псалъэ дыгъэлхэм нэр къыщапхъуэу,
ДэIуэгъу си жыIэм ухуэмыхъум,
НэхъыфIщ псэр уи IэкIэ хэпхыжым -
КъедаIуэ зы лъэIу пхузиIэжым:
- А Iуэху мыщхьэпэм зыхуэбгъэпсым,
Уэ япэщIыкIэ хэх мы си псэр,
Залымым уекIужа иужькIэ
Сэ псэууэ самылъагъужыным щхьэкIэ.

- Илъэс куэдкIэ зэтеплъхьа уи унэр
Къэпкъутэжыныр тынш, си анэ?
Укъинэжами лъапсэ нэщIым,
Пхуэухуэжынущ ар щIэрыщIэу,
Ауэ зэ пфIэкIуэдамэ напэр,
Бгъуэтыжыххэнукъым и кIапи.
Сэ, хуейми, среух си гъащIэр,
Апхуэдэ хьэлъэ сыщрещIэ!
СфIощIыжыр гъащIи схуэмыфащэу,
Сыпсэумэ, зыми сыщымыщу.
Бийр къеныкъуэкъумэ си куэбжэм,
НэгъуэщI сыт сщIэну къысхуэнэжыр?
Зэуэну пемыжьэфым бийм,
Сыт и мыхьэнэжыр Къышырбийм?
Хэт сытхэр сэ къысхужиIами,
ЗыкъуэзгъэпщкIуэжмэ къуэгъэнапIэм,
Сыт хуэдиз гъащIэ сыпсэуами,
КъэсIэтыфынукъым си напIэр.
НэхъыфIщ сищтэжмэ кхъэ мащэм,
СхужаIэ нэхърэ хуэмыфащэу
Дунейм тетащ а Къышырбий,
ЛIы хуэдэу пемыжьэфу бийм.
Шынэкъэрабгъэ сакъыфIэщIу,
Къысхуагъэфащэмэ IэлъэщIыр.
Псэууэ сыкъинэми ди унэм,
ИтIанэ сыт сщIэжынур, нанэ?

 IX

Аслъэн и пщIантIэ нэбэнэушэр
Пщэдджыжьым дыгъэм щыдэушым
Къыдохьэ зы шу зэкIуж гуэр,
Шэч гуэри къимыхьэжу гум,
Йопсыхри, йоджэ унэIутым,
МыпIащIэу щытщ бжэщхьэIум тету,
КъыщIэкIыхункIэ зыгуэр унэм,
УнэIутитIым Iахри и шыр,
Ягъэзэгъэну бомкIэ яшэр,
Ирагъэблагъэ унэм хьэщIэр,
КъыхуэбзэIэфIу, щхьэщэ ящIу,
Ирашэ хэгъэрейм и пащхьэ.
Абыхэм щхъухь къыхузэхащIэу
Къышырым къэкIыркъым и гущхьэ.
Абдеж, ящыгъыу афэ джанэ,
ЕIэн хьэзырхэу къамэ жаным,
ПсынщIэу къыщIохьэхэри унэм,
Къаухъуреихьыр пщылI зыбжанэм.
Абыхэм къамэр къыщхьэщахьэ,
Хьэзырхэу паупщIыну и щхьэр!
Къышырыр щытщ зы цIутI жимыIэу,
Къэщтауэ къамэми емыIэу,
ПфIэщыну зы къыфIэмыIуэхуу,
Унэкум итщ ар къыр къутахуэу.
ХуэщтэIэщтаблэу къоуэ и гур,
Гукъеуэ нэпсым игъэтхытхыу.
ПщылIхэр зауэлIым тозэрыгуэ,
ЛIы закъуэр быдэу зэкIуэцIапхэ.
Мывэ къутахуэ Къышырбий
Щытщ зэрыщыму, ягъэщIагъуэ
Гузавэ, шынэ е нэщхъей
И нэгум зэрырамылъагъуэр.
Ар щхьэдэплъыхыурэ сэрейм,
ЙодаIуэр цIыхубз гуэр зэрыгъым,
ИкIи къелъагъур Къышырбий -
КъокIуэр Аслъэн, и бий нэрыгъыр.

- Уихуа, дыгъужьыр си къапхъэным,
Сэ зыми зыри щIэзмыгъакIуэ.
Иджыри жылэм сахэпхьэну,
ЯжепIэу сэ сыепцIыжакIуэу,
Е, си ажалыр къэбгъэсыну
Ди Iуэхур щIакIуэ кIапэм хуэкIуэм?!
КъызэпщIэфынур сыт, хьэ щылъху?
Къэпщтэнщ плъэмыкIыу уэ си пщыгъэр!
Къыспэлъэщын мы уафэ щIагъым
КъыщыбгъуэтынкIэ умыгугъэ!
Зыкъэумысыжыт, икъукIэ бзаджэу
Уитшакъэ нобэ ныбгъуэ хьэшым?!
ПщIэздзэнщи мафIэ, мафIэ лыгъэр
Дрихуеинщ нэсыхукIэ дыгъэм,
ЩIым щыщ сщIыжынщ уи мафIэ сахуэр,
Абы укъелмэ, сэ си Iуэхуи!
Къышырыр зимыгъэхьэкъувыкъуу
Къопсалъэ:
«Уэ къысхуэщIэж си зы лъэIу закъуэ,
ИкIи абыкIэ къызэт псалъэ:
ЩумыгъэIуну Шэрджэс хэкум
Уэ нобэ зепхьэ напэншагъэр
Ди хабзэу тхъумэм хуэдэу нэкум,
ЗрытезбгъащIэр уэ хьэдагъэ!
Ди лъэпкъыжь хабзэу ди щIэиныр
Дэ щIэддзыж хъунукъым ди унэм -
Уи бийми, къыхуипхыныр къамэ
Къезэгъкъым, хьэщIэу къыпхуэкIуамэ!
Ажалым сэ сыхуэмыдзыхэ,
Ауэ цIыхугъэ Шэрджэс лъахэм
ЩыземыкIуэжу умыгъэIу, -
Ар щхьэщэ сщIыуэ, сынолъэIу.
Апхуэдэу хъумэ, егупсысыт,
Уи бынми сыт я натIэ хъунур,
Дыхэбдзэжам нэхъыфIт мафIэсым,
ПхужаIэжынукъэ итIанэ?!

Дэ къыддокIуэкIыр нэгъуэщI хабзи,
Лъы ягъэжамэ, лъы ящIэжу,
Уи нэм къеIам уеIэжу и псэм
КъокIуэкIыр цIыхум зэращIэжрэ,
ФIы зылэжьам хуащIэжыр фIыгъуэ,
Гуапагъэр куэдкIэ ягъэбагъуэу.
- ЗэгъащIэ мыр, зищIысым хабзэр
Хуезгъэджэжыну пщылI лIакъуэншэр
Сэ къыстемыхуэ, сэрщ зи шыбзэм
ЩIагъэкIыр хэтми захуэр, къуаншэр.
ТхьэмыщкIэр куэдрэ фымудафэ,
Аслъэнщ а псори зи унафэр!

X

- Къышыр ихуащ ди пщышхуэм и хъым, -
Щызэбграх нэхулъэм къуажэм,
Ар ягъэщIагъуэу, пIащIэ-тхъытхъыу,
ЦIыху цIыкIур мэхъур зэхэзежэ.
ЦIыху зэщIэвар, хьэхэм я къугъыр,
Сабийм я гъуэгыр зэхохьэжыр,
Ауэ къырыщхьэхэм къуршыбгъэм
Къыщалъэтыхь, къэмытIысыжу.
Къуаргъхэм я закъуэщ хьэдэ хуэплъэу,
Жыг тхьэмпэ Iувхэм къапхрыплъыр.
ЯфIэкIуэдауэ я тепыIэр,
Дэтхэнэ зыри хуейщ къищIэну:
«Ар дауэ ухъут, Аслъэн и жыIэм
Къышыр - губзыгъэт едэIуэну?!
Иджы лIыхъужьым сыт къыпэплъэр,
ИщIыну Аслъэнбэч щхьэпылъэ
Куэд щIауэ и лъыр къызыхуэплъыр?
ГуфIэгъуэ батэр и гум щызу
Аслъэным цIыхухэм захуегъазэ:
- Фыкъаплъэт мыдэ, хьэкIэкхъуэкIэр
Сэ си къапхъэным къиубыдакIэщ!
Сыхуейщ тефлъхьэнуи фэ тезырыр -
СапIэимыхьэм арщ хуэфащэр -
ЦIыху къэскIэ чищэ вгъэхьэзыр,
Зы къытеднэнкъым, телъми фищэ!
Алыхьым къищынэмыщIауэ,
НэгъуэщI и жыIэ щIэмытыну
ЗигъэлIыхъужьу тхьэ щиIуакIэ,
Пхъэдакъэжь мафIэр кIэщIэщIауэ,
КъыхуэгъэкIуэн хуейщ хьэ укIыкIэр!
Къызэхуахьэс пхъэ гъурыр куэду,
Iугъуэшхуэм уафэ псор екудэр,
Жьэражьэщ мафIэр, мафIэ бзийр
Уафэгум нэсыхун докIуей.
ЦIыху цIыкIум яфIэгъэщIэгъуэну
Нартыхуу зрагъэлыгъуэнум
Къышырыр, поплъэ тепыIэншэу.
ЛIыхъужь гъэрыр,
Хьэзаб къыпэплъэр псэм зыхищIэу,
Iэдэбу хоплъэ мафIэ гуащIэм,
Псэм щыщIэр зым къримыгъащIэу.
Аслъэн къыIуохьэр ауаныщIу,
КъыжеIэр: - Плъагъурэ, Къышырбий,
Уи деж къэсынущ мафIэ бзийр,
 КъызжеIэт уэ иджы мы зыр,
УкIыкIэм уищIрэ арэзы?
- АтIэ, содэр а щхьэ пылъэкIэр,
Сыарэзыщ ухыгъэ хъуамкIэ,
Хъугъами ар нэхъ шынагъуэж,
Сэ зыми сыхущIемыгъуэж.
Псэм къыщIихьын гуэныхь злэжьакъым,
ЗызгъэпщкIуу щтапIэ сихьэжакъым.
- Къэгъанэ, хъунщ, зумыгъэделэ,
Псалъэ дыгъэлхэм тумыгъалэу,
Iичрам къэпхьыжмэ, уи къуаншагъэр
Згъэгъуну укъызогъэгугъэ!
- КъысхуэкIуэу щытми кIуэдыкIейр,
Щхьэр щызгъэщхъынкъым хьэм и дей!
- УлIэным и пэкIэ инатым
Арат уэрэд дебгъэдэIуатэм!
- ФедаIуэт жиIэм, гъакIуи унэм
КъысхущIегъэхыт шыкIэпшынэр.
КъыщIехыр пшынэр унэIутым,
Иретыр ар лIыхъужь инатым.
Гугъуи дехьыпэу и Iэ пхар
Трегъэзагъэ пшынэ налъэм,
НапщIэ зэхэуфам къыщIэплъу,
ЦIыху гуп къызэхуэсам яхоплъэ,
Яхидзэу нитIкIэ мафIэ лыгъэр:
Къышыр лIыгъэншэу фи мыгугъэ! -
Ираудами фи гур бийм,
Фэрщ гъащIэр щIитыр Къышырбий.
ЗэщIэдиями фи псэр мылу,
Къыдэвыжынщ ар си ажалым!

МэпIэнкI пхъэ гъурыр, мафIэ бзийм
ЕIэтыр Iугъуэ фIыцIэр мэзу
Уафэгуми, хуэмыхьу Iугъуэр,
Пшэм зыхегъапщкIуэ лIым хуэщыгъуэу.
ЦIыху цIыкIур, я нэр тедияуэ,
Йоплъ Къышырбий, умэзэхауэ.
ЛIыхъужьым и Iэр пшынэ налъэм
Ирожэ, нитIыр жыжьэ маплъэ.
Сэх лъагэм адэкIэ цIыхубзым
ГущIыхьэу къыщегъэшыр гъыбзэр.
Къышыр лIыукIхэм щащIым гъэр,
Арат абыкIэ къыщыгъар.
ИщIакъым хэтми ар Къышыр,
Ауэ зыхещIэр гукIи, псэр
КъонэщхъыфIэжри зымащIэу,
И макъыр лъэщу лIым ешэщIыр,
ЩхьэдэIухыжу уафэ гъунэм,
ЕгъэIу пшыналъэр шыкIэпшынэм.
Пшыналъэм еуэм и Iэр пхами,
Уэрэд къришыр и щхьэм хуиту
Уэгум докIуейри, хэту пшэхэм,
ЦIыху цIыкIум уэру къахуоIухыр.

1

«Iужажэм, былымаблэм щхьэкIэщ
КъыщIигъэщIар мы дуней гъащIэр:
Дахуэж цIыху пэжыр хьэрэкъуакIэ,
ЦIыху Iейр щIагъапщкIуэ я кIэ къуащIэм.
Мы щIым тетыхукIэ лIыхъужь нэсым
Тыншыгъуэр ищIэркъым зищIысыр!»

2

«ЛIыхъужьыр хэкум темыхьэлъэ,
Ар лъахэ къамэщ, лъахэ мэIущ.
Къэрабгъэм и кIэ къуащIэм къуэсым
Къуищэнущ хэкур, ептмэ уасэр.
Гуэныхьхэр къытехуащи мину,
ИгъащIэкIэ хуэмыпшыныну,
Зи хэкум епцIыжа шейтIаным
ЦIыхуфIыр хэутэн ищIынущ
Езым къитхъуным щхьэкIэ ахъшэ,
ЩымыIэ мылъку, ар щымэхъашэу.
Дэ лъахэм папщIэ лъыр дгъэжэху,
 Е дещэр дэ, е дыкъещэху.
Дунейм тетынри фIэигъуэу
Хэку зэрисыфыр согъэщIагъуэ!»
 
3

«Адэжьхэм тхузэхалъхьа хабзэрщ
Сэ зэрызгъэкIыр гъащIэр шыбзэу.
Бгырысым зэи лIым и щIыхьыр
Дыщэм и усэу пэримылъхьэ.
Сэ сышэрджэсщ, си шэрджэсыпсэр
Си Шэрджэс лъахэращ зи гъусэр.
Мо бгыжь лъагэхэрщ, мэзыжьхэрщ,
Ахэм щыушэ къуалэбзурщ
Си шыкIэпшынэр зыхуэзур.
Бгырысыр зыщ зыщымыгъуазэр:
Жыхьэнымэм хадзэнур хэт,
Жэнэтым ягъэкIуэнур хэт?»

4

Игъэлъэгъуэну лIыгъэ хуейр
Йохутэ куэдрэ лIыгъэ щIапIэ.
Ажалми къыхуэмыгъэланджэрщ
Шэрджэсыр лIыхъужь нэскIэ зэджэр.
Къэзылъхуа лъэпкъым псэр лъэгущIыхь
ХуэзыщIым кIуэдыркъым и щIыхь!
Абы, щIалъхьэжми и Iэпкълъэпкъыр,
И щапхъэр хуэлэжьэнущ лъэпкъым!
ПцIыупсыр, лъэпкъым епцIыжакIуэр
ИрекIуэдыж и лъабжьэр дэкIуэу!
Блэм блащхъуэжьейщ къришыжынур,
Шыд шыщIэщ шыдым къилъхужынур.
Жызум къыпымыкIэну пыжьым,
Удз дахэу гъагъэркъым ежьужьыр!»

XI

Щызэхуэсауэ Iуву пщIантIэм,
ЙодаIуэ щIалэхэр уэрэдым,
Яхэтщ Аслъэнми и къуитIыр,
Теплъызэу я нэр мо лIы уардэм.
МэпIэнкIыр мафIэр, мафIэ бзийр
ЩхьэщолыдыкIыр цIыху зэхэтым,
Псэхэхри щхьэгум къыщыхуарзэу,
Къышырым и Iэр къыхуеший.
Есар жимыIэу псалъэ лей,
Лейр хуимыгъэгъуу зэи бийм
Шынагъуэу зэуэ хокIиикI:
- ЛIыгъэр фэри фи нэгу щIрекI!
КъыхоIэбыкIри мафIэ гуащIэм,
Къепхъуатэр Аслъэнбэч и бынхэр,
Быдэу щIекъузэри блэгущIэм,
ЗыхегъэпщкIуэж мафIэ емынэм.
Аслъэн къыфIэIуэхуакъым быныр,
ЩIэпхъуакъым ар къригъэлыну,
ИщIакъым пщыр игъэунэхуну,
Къышырым ахэр кърищIэну.
КъокIий Къышырыр, мафIэм здисым:
- Аращ уи лIыгъэр здынэсыр!
ЖиIа къудейуэ Къышырбий,
Ар егъэпщкIужыр мафIэ бзийм.
А сыхьэт дыдэм цIыхубз гуэр
Къахожри мо гуп зэрызехьэм,
МафIэ гуащIэшхуэм хохьэ псынщIэу.
ЦIыхубзми щIонэ а мафIэсыр,
КъацIыхур Демур и щхьэгъусэр,
Алъхъэстым ар и шыпхъу нэхъыщIэрт.
Зеуалэу Iуврэ фIыцIэу Iугъуэр,
Уэгум докIуейри уафэ лъащIэр
Хьэдэмэ гуащIэкIэ егъэнщIыр.
КIэлъоплъыр цIыхухэр ягъэщIагъуэу,
Я пщышхуэр, зы къыфIэмыIуэхуу,
Зэреплъыр щыму хьэдэ сахуэм.

XII

ЕтIуанэ махуэм и пщэдджыжьым
 И хьэдэр къалъэгъуащ фызыжьым.
Дыгъуасэ къэсри бауэбапщэу
КъыхищыпыкIрэ мафIэ яжьэм,
ЩIалэм и къупщхьэхэр кIэ къуащIэм
КIуэцишыхьыжу хэсащ Iугъуэм,
Ауэ къыкъуоури жьыбгъэр гуащIэу,
Щрекъухьыжыр сахуэр губгъуэм.
Илъэгъуа псор гущIэгъуншагъэу,
ЩIыгум щызекIуэр залымыгъэу
Хуэмыхьыжыххэу адкIэ псэм,
Фызыжьым зыхеIужри сэр,
Уахътыр и гъащIэм къыхуегъэсыр.

XIII

Сыт и хъыбарыр Аслъэнбэч?
Игъахъэр сыт? Сыт и псэукIэ?
И пщыгъэм къытримыхьэжу шэч
Зэрыпсэуам хущIегъужакIэ?
Пщышхуэм и Iуэхум теухуауэ
ЦIыхухэм яIуатэр гъэщIэгъуэнщ:
Къыхэмыхуауэ и пщIыхьэпIэм,
Ар узым хиубыдат гъуэлъыпIэм,
И натIэ хъуар и фIэщ хуэмыщIу,
ДыгъапIэ уэсым ещхьу жэщIырт.
ЩIэхъуэпст ажалыр къыщысынум,
ЕлъэIурт тхьэ - къэгъэс нэхъ псынщIэу,
КъыщIихьэрти мафIэ сырымэ,
И псэр ахърэтымкIэ хуэпIащIэрт.
Ишхын къихьамэ унэIутым,
Губжьауэ къэхъурт бауэбапщэ,
Тепщэчыр, кIийуэ, IуигъэкIуэтырт:
«Мыбы блэ бзаджэ щызопщыпщэ!»
Гуэныхьыр тхьэм къыщIимыгъакIуэу,
Акъылым пщыр ирихуагъэнущ.
КъыщIэупщIэну зыгуэр къакIуэм,
ТекIиеу къыщIехужыр унэм:
«ЗбгъэдэкI! Сэ зыми сепцIыжакъым!»
Зыдрахьэхыу псыежэххэм,
Зым зыр къыпищэу макIуэ гъэхэр,
ЦIыху гъащIэм къыщыхъу гуауэ куэдым
Къыхэплъэу дунейр, сыт щыгъуи хуэдэу.

ЗэзыдзэкIар
УЭРЭЗЕЙ Афликщ.

 

ПШАВЕЛЭ Важэ
Поделиться: