Къэрал мыхьэнэ зиIэ илъэсыщIэ пшыхь

ИлъэсыщIэ таурыхъхэм ещхь зы пшыхь дахэ дыгъэгъазэм и кIэм щекIуэкIащ Москва и Гос­тинэ дворым. Жылагъуэ, къэ­рал лэжьакIуэ, псапащIэ, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм ­папщIэ» орденым и II, III нагъы­щэхэр зыхуагъэфэща, Адыгэ Республикэм и президенту щы­та Щэумэн Хьэзрэт Мэжид и ­къуэм къызэригъэпэщри, Дунейпсо кремль псапащIэ кадет балыр таурыхъым хуэдэу ирагъэкIуэкIащ. 2016 гъэ лъандэрэ а пшыхьым текIуадэ псори и мылъкум къыхихыу къызэрегъэпэщ Щэумэным. Мызыгъуэгум абы хэтащ къэралипщIым къикIа ныбжьыщIэ мин 1,5-рэ.

- ГъащIэм щынэхъыщхьэ ды­дэр гуапагъэращ. ЦIыхухэм гу къабзэкIэ фабгъэдэт, пщIэ яхуэфщI, - жиIащ Щэумэным пшыхьыр къыщызэIуихым. - Ныбжьэгъугъэр псом япэ ивгъэщ. Абы лъабжьэ хуэхъур лъэпкъ зэгурыIуэныгъэрщ, на­сып щIэкъу­нырщ, мамырыгъэ къызэгъэ­пэ­щынырщ, зэIу­зэ­пэ­щыныгъэм хуэ­пэбгъэнырщ. Си гугъэщ а псори япэ ивгъэщу фыпсэуну. Нобэрей пшыхьым гъунапкъэ иIэкъым, гъащIэм и бжэ псори фхузэIухащи, фызэ­рыцIыхуну, зэ­къуэтыныгъэм и IэфIыр зы­хэф­щIэну, зы бын­унагъуэшхуэм хуэдэу фызэхэтыну сыхуейщ. Урысей къэралы­гъуэм и зыу­жьыныгъэр дяпэкIэ зэлъытауэ щытынур, иджыри къэс зригъэхъулIахэр зыгъэбэ­гъуэфынур фэ­ращ. Фэращ Урысейм лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэу иIэр.
Урысейм и щIыналъэ 84-м ­къикIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зыщыщ хэгъэгухэмрэ щеджэ еджапIэхэмрэ жаIэурэ зэры­цIы­хуащ. Ахэр кадет IуэхущIапIэ, суворовскэ, нахимовскэ учили­щэхэм, кадет класс зыхэт курыт еджапIэхэм, хэкупсэ, дзэ-спорт щIалэгъуалэ клубхэм, сабий социальнэ IуэхущIапIэхэм, къызэ­рыгуэкI курыт школ 427-м щIэс ныбжьыщIэхэрт.
Адрейхэр къикIат Белоруссием, Боливием, Замбием, Катарым, Къыргъызым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Сирием, Сьерра-Леоне, Узбекистаным, Шри-Ланкэ. ПщIэ хуащIу балым кърагъэблэгъат дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, Урысеймрэ Совет Союзымрэ я ЛIыхъужьхэр, ди ныбжьэгъу къэралхэм я лIыкIуэхэр. ХьэщIэхэм Щэумэным и гъусэу яхэсащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м я цIыхубэ тхакIуэ, Урысейм Лэ­жьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ.
Иджырей гуфIэгъуэ зэхыхьэм Щэумэным иригъэблагъэри хэтащ «Мейкъуапэ пшэплъхэр» ­къафэмкIэ сабий ансамблыр. Адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэ къуданхэмрэ пщащэ зэ­кIужхэмрэ ягъэдэхащ зэхы­хьэр, куэдми яфIэтелъыджэу сурэтхэр зытрагъэхащ адыгэ фащэ зы­щыгъ ныбжьыщIэхэм я гъусэу. Апхуэдэу щIалэгъуалэр вальс къызыдэфа адыгэ уэрэд дахэ жиIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Апэнэс Астемыр.
Балым и мыхьэнэм и инагъыр къигъэлъагъуэрт УФ-м и Президент Путин Владимир къызэ­хуэсахэм фIэхъус псалъэ зэра­хуригъэхьам. «Гъэ къэс екIуэкI мыпхуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр къалащхьэми къэрал псоми я жылагъуэ гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд Iуэху хъуащ», - щыжеIэ Президентым зэрыза­къы­хуи­гъазэм. Абы къызэрыхэщамкIэ, балыр кадет зэкъуэшыныгъэм епха хабзэ дахэхэр зы­хъумэщ, щIалэгъуалэр нэхъ зэгъунэгъу зэхуэзыщIщ, хэкупсагъэ лъапIэныгъэхэр гъэбыдэщ. Ахэращ ди къэралым и хъугъуэ­фIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ­лъабжьэ яхуэхъур.
«Дунейпсо кремль псапащIэ кадет бал» Iуэхум и унафэщI ­Кирпичниковэ Юлие зэрыжиIамкIэ, абы къыщыунэхуну зэныбжьэгъугъэм лъэпкъ хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ я лъабжьэу щы­тынущ, дуней псом щагъэлъапIэ цIыхугъэр я гъуазэу екIуэкIы­-нущ. Бзылъхугъэм къызэрыхигъэщамкIэ, пшыхьыр дзэ Iуэху ­хэхар зэрыдаIыгъ зы Iэмалу ягъэп­сащ. «Къедгъэблэгъа ныбжьыщIэ куэдым я Iыхьлыхэр СВО-м щыIэщ, дэ дыхуейт ахэр дгъэгушхуэну», - жиIащ Кирпичниковэм.
Зэхыхьэм кърихьэлIахэми хьэ­щIэхэми фIэхъус псалъэ къыхурагъэхьащ федеральнэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэм, къулыкъущIэхэм, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я посолхэм.
Зи гугъу тщIы зэхыхьэ дахэр 2016 гъэ лъандэрэ Москва ­щокIуэкI. Ар къызэгъэпэ­щы­нымкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу УФ-м и ­Президентым и Адми­нистрацэр, Хамэ къэрал Iуэху­хэмкIэ, Зы­хъумэжы­ны­гъэм­кIэ министерствэхэр, нэ­гъуэщI ­къулыкъущIапIэхэр, ­Урысейм щылажьэ Жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэр.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: