Мэкъумэш IуэхущIапIэхэм яфI хэлъу2024 гъэм Урысей Федерацэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм зегъэужьыным ехьэлIа унафэ иджыблагъэ къищтащ УФ-м и Правительствэм. Абы къызэрыхэщымкIэ, дызыхыхьа илъэсым къриубыдэу фермер IуэхущIапIэхэм субсидие ахъшэу сом меларди 8 хуаутIыпщынущ. 2023 гъэм апхуэдэ Iуэхугъуэхэм хухахыу субсидие ахъшэу ятар сом меларди 6-м щIигъущ. Абы нэмыщI, «Агростартап» зыфIаща грантыр къэзыхьхэм нэхъ мащIэ дыдэу ират ахъшэр сом мелуан 1,5-рэ хъунущ. А ахъшэр нэхъапэм зытрагъэкIуадэ хъуну щыта Iуэхугъуэхэми къыщIагъуащ иджы. ДяпэкIэ мамкъут лIэужьыгъуэхэр хасэну, Iэщ къащэхуну, мэракIуэ зэмылIэужьыгъуэхэр уней IуэхущIапIэхэм я деж къыщащэхуну хуитыныгъэ ягъуэтащ. «Гугъэ диIэщ къэтщта унафэм и фIыгъэ ди хьэрычэтыщIэхэм екIыну - куэдым езыхэм я лэжьыгъэ IэнатIэхэр къызэрагъэпэщыжыну, я псэукIэр ирагъэфIэкIуэну, фIагъ лъагэ зиIэ ерыскъыхэкIхэмкIэ ди цIыхухэр къызэрагъэпэщыну», - къыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|