Кхъухь гъэщIэгъуэн

Дунейпсо цIыхубэм илъэсыщIэр зымыгъэмахуэшхуэ лъэпкъи абы гулъытэ егъэлея хуэзыщIи яхэтщ. Сыт хуэдэ зэмани гъэщIэгъуэнщ гъэм и къэщIэрэщIэжыгъуэм гугъэщIэхэр езыпх цIыхухэм я лъэпкъ хьэлхэм укIэлъыплъыну. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ илъэсыщIэм деж Японием къесылIэ «Насыпырыхь кхъухьым» и Iуэху зыIутыр зыгурыдгъэIуэну иужь дихьащ нобэ.

 «Илъэсыр щиуха махуэм си гъащIэр иухым хуэдэт, дыгъуасэ щезгъэжьэжам. Ауэ нобэ къызогъэблагъэ илъэсыщIэм и япэ дыгъэр», - а псалъэухаитIым иригъэхуащ япон усакIуэ Фудзиварэ Тосинари мы махуэхэм псоми дигу илъыр. КъухьэпIэм и дуней тетыкIэр дэнэкIи зэрынэсауэ, я лъэпкъым и закъуэ къыдекIуэкI хабзэхэр яхъумэжыным зэи хуэгулъытэншэкъым японхэр. Абыхэм язщ Се Гацу фIэщыгъэ зиIэ илъэсыщIэр мы къэралым зэрыщагъэлъапIэр.
Гъэхэм я зэблэхъугъуэм мыхьэнэ нэхъ зрат махуэу японхэми хаубыдыкIыр дыгъэгъазэм и 31-рщ. А унафэр къэралым къыщащтауэ щытащ Мэйдзи революцэ жыхуаIэм иужькIэ, 1873 гъэм. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм дыгъэгъазэм и 28-м щIедзэри, щIышылэм и 4 пщIондэ йокIуэкI. «Дыщэ тхьэмахуэкIэ» зэджэ а махуэ зыбжанэм уней IуэхущIапIэхэм я нэхъыбэр гъэбыдащи, цIыхухэм хуей-хуэмейми унагъуэм зэман нэхъыбэ щрахьэкI.
ИлъэсыщIэм укъабзэлъабзэу упежьэныр хабзэхэм язщ. Армырами зэхьэзэхуэхэм екIуалIэхэм гу лъатакIэщ Японием къикIахэм хуэдэу зи кIэрыхубжьэрыху гумызагъэу Iузыхыж куэд зэрыщымыIэр. ЩIыхуэ птемылъу илъэсыщIэм утехьэнми мыхьэнэшхуэ ират. Зызыхуэзыгъэгусэхэр зэкIужыныр, щIызэдауэ гуэрхэр ягъэзэкIуэжыныр, сытми, гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ илъэсыщIэм утехьэныр фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхущ мы лъэпкъым дежкIэ.
Дыгъэгъазэм и 31-м японхэм псы хущхъуэ гъэхуэба унагъуэм ис псоми зыдагъэжэх чэзууэрэ. Абы иужькIэ я лъэпкъ фащэу щыт кимонохэр щатIагъэ. Сабийхэр зэрыхъукIэ щыгъын хужьыфэкIэ хуэпэн хуейщ. ЦIыхубзхэм я бостейхэр щхъуэкIэплъыкIэщ, харэги жыхуаIэ щэкI хуабэм къыхэщIыкIауэ. ИлъэсыщIэр къимыхьэпэ щIыкIэ Тхьэ уелъэIуныр, тобэ къэпхьыжыныр, узыщIэгупсысыжыныр хабзэу къокIуэкI.
Нобэ нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьыну дызыхуейр иджыри къэс зи хъыбар зэхэдмыха «Такарабунэ» жыхуаIэ кхъухь телъыджэрщ. А цIэр зезыхьэр хъугъуэфIыгъуэ куэд зэрылъ «насыпырыхь кхъухьщ», нэхъыбэм зэрыжаIэмкIэ, и къежьэгъуэм прунжрэ губгъуэ джэшрэ изу щытауэ. Ауэ аркъудейркъым ар гъэщIэгъуэн зыщIыр. ИлъэсыщIэр къыщихьэкIэ, а кхъухьым мелыIычибл е щихъибл ису къахыхьэу къафIощI японхэм, дэтхэнэ зыми тыгъэ щхьэхуэ къахуздихьу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дэтхэнэ зыри насыпу къэплъытэфыну, ехъулIэныгъэшхуэу блы. Сыт хуэдэу пIэрэ ахэр? Шэч хэлъкъым, японхэми, дунейм тет адрей лъэпкъхэми ещхьу, цIыхур зыщыгуфIыкI псори зэрагъэлъапIэм. Япэ насыпыр – захуагъэ пхэлъу ухъуныр. ЕтIуанэр – узыхэпсэукIын мылъку уиIэныр. Ещанэр - фIы уи гум илъ зэпыту упсэуныр. ЕплIанэр – псэ хьэлэлу ущытыныр. Етхуанэр - пщIэ уиIэныр. Еханэр – гъащIэ кIыхь ухъуныр. Ебланэр – уи цIыхущхьэр зэи мыпудыныр. Дэтхэнэ зыми укъытеувыIэурэ щхьэхуэу утепсэлъыхьыфынущ, ауэ нэхъыщхьэр а кхъухьым илъ хъугъуэфIыгъуэхэм ухэмыкIыжынырщ.
ИлъэсыщIэ жэщхэм «Такарабунэ» кхъухьым уепщIыхьыныр насып къызэрыппэплъэм и щыхьэту къалъытэ. Уеблэмэ, а насып къыздэзыхь лIыкIуиблым я зым уи уэрамым ущрихьэлIэнкIи хъунущ. ГъэщIэгъуэнщ насып кхъухьым ис лIыкIуэхэм мыхьэнэ зэмыщхь зэрыратыр, дэтхэнэ зыри гъащIэр IэфI зыщI Iэмалу пхужыIэну. НэгъуэщI зы мыхьэнэ къэгъэлъэгъуэкIэмкIэ, пцIы умыупсу, пэж фIэкIа жумыIэу узыщI лIыкIуэр зыщ. ГъащIэм къыщыплъысамкIэ арэзы узыщIыр етIуанэщ. ЦIыху Iущ е къарууфIэ ухъуныр ещанэмрэ еплIанэмрэ я пщэ дэлъщ. Ауэ а псори цIыхуфIкIэ дызэджэм и нэщэнэу зэрыщытырщ мыхьэнэ зиIэр.
ТеплъэкIэ мы кхъухьыр кхъуафэжьей кIыхьым ещхьущ къызэрагъэлъагъуэр. Нэхъ мыбэлэрыгъхэм апхуэдэ гуэр я унэ щIыхьэпIэм деж ягъэув, ехъулIэныгъэр зэи япэIэщIэ мыхъун хуэдэу. Зызэман Япониер Китайм и унафэм щIэтащ, уеблэмэ я щэнхабзэр зэрызекIуэр китаибзэ защIэт. Мы кхъухьым и хъыбарри къыщежьэр а лъэхъэнэ жыжьэрщ, хуэгъэфэщауэ XV лIэщIыгъуэм. И мыхьэнэкIэ «такарабунэ» псалъэм къикIыр «цIыху Iущхэр зэрыс кхъухьщ». Пэж дыдэу, апхуэдэ кхъухь а зэман жыжьэм Китайм къикIри, Японием къэкIуауэ щытауэ хъыбар щыIэщ. КъинэмыщIауэ, лъабжьэшхуэ зиIэ япон щэнхабзэм хэт хъыбарыжьхэм зыдрагъэкIуу, насып кхъухьым иса щихъ къэс тхьэелъэIупIэ щхьэхуэ хуэзыщIаи щыIэщ, аращи, щхьэж зыхуэныкъуэ хьэлым е ехъулIэныгъэм елъытауэ, абы зэман нэхъыбэ щегъакIуэ. Уриплъэну щIэщыгъуэщ абыхэм я цIэхэми. ЗыгуэркIэ ахэр ещхьщ нарт эпосым хэт Тхьэгъэлэдж, Амыщ сымэ. Псалъэм папщIэ, Эбису жыхуаIэ мелыIычыр бдзэжьеящэхэм я телъхьэщ, хым техьахэр къихъумэу. Дайкоку мылъкум щIэхъуэпс мэкъумэшыщIэхэр фIыуэ елъагъу. Бисямонтэн зауэлIхэм я телъхьэщ, Iэщэ пщIэхьэлъу фIэкIа къагъэлъагъуэркъым. Бэнтэн жыхуаIэ гуащэр зыгуэркIэ Афродитэ ещхьщ, лъагъуныгъэм, щIэныгъэм, гъуазджэм епхащ.
Зы нэплъэгъуэ закъуэкIэ зызыхуэдгъэза мы хабзэхэр, дауи, нобэрей зэманым нэгъэсауэ яхъумэж къыщIэкIынкъым, итIани, дунейм тет псори илъэсыщIэм фIы гуэркIэ щогугъ. Аращи, ди щIэджыкIакIуэ псори щхьэж и гугъэм теIэбэну ди гуапэщ.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: