Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказУрысей Федерацэм и цIыхухэр 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэ учётым пэщIэдзэу щыгъэувыныр къызэгъэпэщыным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ «Дзэм къулыкъу щащIэну я пщэ дэлъ къалэнымрэ дзэ къулыкъумрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ законым ипкъ иткIэ унафэ сощI:
Урысей Федерацэм и цIыхухэр дзэ учётым гъэувынымкIэ муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я комиссэхэм хэтхэр; Урысей Федерацэм и цIыхухэу 2024 гъэм дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувыну къызытехуэхэм дохутырхэр якIэлъыплъыныр, абыхэм еIэзэныр къызэзыгъэпэщыну медицинэ IуэхущIапIэхэр зыхуэдэр. 2. Урысей Федерацэм и цIыхухэр дзэ учётым гъэувынымкIэ муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я комиссэхэм 2024 гъэм щIышылэм и зым къыщыщIэдзауэ гъатхэпэм и 31-р къэсыху дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувын хуейщ 2007 гъэм къалъхуа цIыхухъухэр, апхуэдэу дзэ учётым щытыну къызытехуэ, ауэ щымыт нэхъыжьхэр. 3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм иубзыхун хуейщ Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувыну къызытехуэхэм я узыншагъэм щыхьэт техъуэ медицинэ тхылъхэр ягъэхьэзырыным медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр къызэрыхашэну хабзэмрэ къыщыхашэну пIалъэхэмрэ. 4. Яхуэгъэлъэгъуэн: ЩIыпIэ самоуправленэм и органхэм, IуэхущIапIэхэм 2007 гъэм къалъхуа цIыхухъухэр, апхуэдэу дзэ учётым щытыну къызытехуэ, ауэ щымыт нэхъыжьхэр дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувын папщIэ и чэзум екIуэлIэнымкIэ Iэмалыр къыхузэрагъэпэщыну; Къэрал Iуэху кIуэцIхэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм, езым и зэфIэкIым къызэритIасэм хуэдэу, щIэгъэкъуэн яхуэхъун хуейщ Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэ учётым пэщIэдзэу ягъэувыным зыпыIузыдзхэр къэлъыхъуэнымкIэ. 5. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Урысей Федерацэм и цIыхухэр дзэ учётым пэщIэдзэу гъэувыным ехьэлIа Iуэхухэр цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ IэнатIэхэм къыщагъэлъэгъуэныр къызэрагъэпэщыну. 6. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м №141-УГ
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|