Къалэм и теплъэр зэIузэпэщ ящI

«ПсэупIэмрэ къалэхэм я теплъэмрэ» лъэпкъ программэм ипкъ иткIэ зэхалъхьа «Къалэ зэIузэпэщ» урысейпсо къэрал проектым хыхьэу Налшык къалэм и щIыпIищIым я теплъэр ирагъэфIэкIуащ.

Къэбэрдей икIи Осетин уэрамхэм я зэхэкIыпIэм деж уэздыгъэ пкъохэр щыхатIэ, асфальт къилъэлъар трахауэ гъуэгу плиткэ тралъхьэ, гъуэгубгъухэр ягъэбыдэ, мывэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэщIыкIа пкъыгъуэхэмкIэ ягъэщIэращIэ, лъэс лъагъуэхэр яукъуэдий, зекIуэкIэ хабзэхэр къэзыгъэлъагъуэ гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэ.

Гъатхэм утыкур жыгей плъыжь 17-м я къэгъагъэм къигъэдэхэн хуэдэу, Абхъаз утыкум гъущIымрэ бетонымрэ къыхэщIыкIа, жыгхэр зэрыгъэтIысхьа кумбыгъэхэр щагъэуващ. Абы къищынэмыщIауэ, цIыхухэм я нэгу зыщрагъэужь, уэршэрыпIэ яхуэхъу щIыпIэхэр ягъэпсынущ, тетIысхьэпIэхэр нэхъыбэ ящIынущ. ЖэрдэмщIакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, утыку и теплъэр къалэм щыгъ фащэ дахэм и зы тхыпхъэ хъун хуейщ.

Милицэм и лэжьакIуэхэм я цIэкIэ щыIэ жыг хадэри къагъэщIэрэщIэну я мурадщ. Абдеж сабий джэгупIэхэр щагъэувынущ, екIуэлIапIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ нэхъ бгъуэ ящIынущ, Iэгъуэблагъэр къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр хасэнущ, пхъэнкIий идзыпIэ зэхэхахэр щагъэувынущ. А псори зэпэщ хъуа нэужь жыг хадэм и хъуреягъыр мывэкIэ къыхагъэкIынущ.

Къалэ къулыкъущIапIэхэм зэрыжаIэмкIэ, лэжьыгъэхэр псори ягъэнэхуа пIалъэм ирихьэлIэу зэфIэкIынущ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: